Jump to content

Къаукъаз

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Къафкъаз къызыхэкӀар)

КъаукъазЕуропэмрэ Азиэмрэ я гъунапкъэм тету, Хы ФӀыцӀэм, Хы МыутӀэм, Хы Каспийм я зэхуакум дэту. Къаукъаз къушъхьахэм хэт (Къаукъазышхуэм) абы къыбгъэдэлъ шӀыпӀэхэри иубыду: Ишъхъэрэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Ипшъэ Къаукъаз (КъаукъазкӀыб).

Ишъхъэрэ Къаукъазыр Урысейм хеубыдэ, Курджым икъуэ зытӀущым щымыхъукӀэ.

Ипшъэ Къаукъазыр Азэрбиджаныр, Апхъазыр, Ермэлыp, Ипшъэ Осетиэр, Курджыр джоуэ хеубыдэ.

Нэхъ лъагэ пӀэр — м 5 642 ( Ӏуащхьэмахуэ )

Азэрбиджан ( Нахичеван куей) Апхъаз
Хъырцей ( Аджариэ) Къушъхьа-Карабах республикэ
Ермэлые
Ипшъэ Осетиэ

Урысейм хиубыдыр:

Адыгэ Республикэ Къэбэрдей-Балъкъэр
Дагъыстэн республикэ Къэрэшей-Шэрджэс
Ингуш республикэ Шэшэн республикэ
Ишъхъэрэ Осетиэ республикэ Ставропол къэрал
Краснодар къэрал

Къаукъазым шӀыуэ иубыдыр мин 440 км², абы шӀыпӀэ хэтхэр: Ишъхърэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Къаукъазышхуэ, КъаукъазкӀыб губгъуэхэр (Курамрэ Араксымрэ я псыхъуэхэр, Колхидэмрэ джоуэ), Къаукъаз ЦӀыкӀур, Джавахет-Ермэл бгыхэр (я ишъхърэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр).

Ишъхърэ Къаукъазым и пашъхьэм Ставропол бгыхэр ит (Нэхъ илъагапӀэр Ӏуашъхьа Стрижамент, м 831 хъууэ) Псыжъ-Хы МыутӀэ губгъуэмрэ Тэрч-Гум губгъуэхэмрэ зэхигъэкӀыу. Ишъхъэрэ Къаукъазым Тэрчымрэ Сунжэмрэ я зэхуакум тэрч-джабэхэмрэ сунжэ-джабэхэмрэ дэлъ я зэхуакум Алханчурт къуэр ирикӀу.

Къаукъазышхуэм и къушъхьэ зэхэтыкӀэр мэгуэч КъуэхьапӀэмкӀэ, хомурэ Тэман хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ дэкӀуэурэ Ӏуащхьэмахуэ нэсыху (инэхъ лъагапӀэр — м 5 642). Ӏуашъхьэшхуэ КурытхэмкӀэ (Ӏуащхьэмахуэрэ Къэзбэч Ӏуащхьэрэ я зэхуакум), КъуэкӀыпӀэмкӀэ Къэзбэч Ӏуащхьэ идежь къыщыкӀэдзауэ Апшерон хы тӀыгуныкъуэм нэс ехын кӀидзу. лъэныкъуэр Ӏуашъхьахэм зэву ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэмрэ къуэхьапӀэ лъэныкъуэхэмрэ бгъуэуэ макӀуэхэ. Къаукъазышхуэм и Ӏуашъхьэхэм Ишъхъэрэ Къаукъазымрэ Къаукъаз кӀыбымрэ зэхагъэкӀыр я гъунапкъу ирикӀуу.

Къаукъаз лъэпкъхэр гуп щыуэ мэгуэчхэ:

  • Къаукъазыбзэ лъэпкъхэр: абазэхэр, апхъазхэр, авэрхэр, агулхэр, адыгэхэр, арчинхэр, андийхэр, ахваххэр, багулалхэр, бежтинхэр, ботлыхэр, будуххэр, гинуххэр, годоберинхэр, гунзибхэр, даргинхэр, дидойхэр, ингушхэр, каратинхэр, крызыхэр, курджы-джуртхэр, курджыхэр, лэкъхэр, лезгинхэр, мычгышхэр, рутулхэр, табасаранхэр, тиндийхэр, удинхэр, хваршинхэр, хиналугхэр, цахурхэр, чамалалхэр джоуэ, пэмыкӀхэри.
  • туркубзэ лъэпкъхэр: азэрбиджанхэр, балъкъэрхэр, къэрэшейхэр, къумукъухэр, нэгъуэйхэр, тырку-месххэр.
  • къажэрыбзэ (ираныбзэ) лъэпкъхэр: къушъхьа джуртхэр, курдхэр, осетинхэр, талышхэр, тытхэр.
  • пэмыкӀ индоеуропей лъэпкъхэр: ермэлыхэр, алыджхэр, урысхэр.