Къуажэ жылагъуэ
Jump to navigation
Jump to search
Къуажэ жылагъуэ — Урысей Федерациэм и зы муниципал къэхъугъэ тип. Абы хеубыдэ е зы къуажэ, е къуажэ гуп зы административ щIыпIэ зэхагъэхьахэр. Апхуэдэ къэхъугъэхэм я къуажэ унафэщI езыхэм къыхахыж яIэщ, илъэс хэхакIэ къыхаххэу. Къуажэ тIысыпIэхэр муниципал къедзыгъуэхэм хохьэхэр.
Урысей статым 2012 гъэм и пэщIэдзапIэм къызэрибжамкIэ, Урысейм къуажэ тIысыпIэу 18 883 иIащ[1].
Къуажэ тIысыпIэ къажэ зытIущ зэхиубыдэхэм, зы къуажэ нэхъыщхьэ яIэщ, а къуажэ я къуажэ тIысыпIэм и унафэщI унэхэр дэту. Къуажэ тIысыпIэ къуажэ куэд зыххьэхэм я гъунэхэр къыхагъэщ, къуажэ абы хэтхэр зэрызэпхам, я пэжыжагъхэм елътауэ.
Къуажэ тIысыпIэм дэс цIыхухэм я бжыгъэхэр зы бжанэм щыщIэдзауэ 15-20 миным щIигъухэм нэс нэсынкIэ хэлъщ.
Гулъытэгъуэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Урысейм и муниципал къэхъугъэхэр |
|
---|---|
Къуажэ тIысыпIэ • Къалэ тIысыпIэ • Муниципал къедзыгъуэ • Къалэ куей • Къалэм и къалэкIуэцI щIыпIэ федерал мыхьэнэ зиIэ |