Jump to content

Архентинэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Республикэ Архентинэ
исп-бз. República Argentina
Дэмыгъэ Архентинэм
Архентинэм и нып Архентинэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 37°11′00″ ю. ш. 67°22′00″ з. д. / 37.183333° ю. ш. 67.366667° з. д. (G)

Гоуидзэр: «En Unión y Libertad («Зэгуэтынымрэ хуитыныгъэмрэ»)»
Къэрал уэрэд: «Oid, Mortales» 
Хуитыныгъэм и махуэ 1816 мэкъуауэгъуэм и 9 (зхэкӀар Исбухьэнм)
Нэхъышъхьэбзэхэр Исбухьэныбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Буэнос Аирэс
Къалэ нэхъ инхэр Буэнос Аирэс, Кордова, Росарио
ӀэнатӀэ хабзэр Президент республикэ
Президент
Вице президент
Кристина Киршнер
Хулио Кобос
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
8-нэ дунем
2 766 890 км²
1,1%
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

40, 134, 425 цӀыху (33-нэ)
15 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$572, 668 млрд[1]  (23-нэ)
$14 408 [1]
Сомыр (Валутэр) Архентинэм и песо
Интернет-доменхэр .ar
Телефон кодыр +54
Зэманыгъуэхэр -3

Архенти́нэ (исп-бз. Argentina) и цӀэдыдэр псоуэ — Республикэ Архентинэ (исп-бз. República Argentina) — етӀуанэ (Бразилым яуж) и инагъымкӀэ, ещанэ (Бразилымрэ Колумбиэмрэ яуж) джылу дэсымкӀэ къэрал Ипшъэ Америкэм хэту. Къалэнэхъышъхьэр Буэнос Аирэс.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Архентинэм и хэкумэтхыр

Архентинэм Ипшъэ Америкэм ипшъэ-къуэкӀыпӀэм и лъэныкъу хъуар еубыд джыпӀэ хъуну. Архентинэм и кӀыхьэгъыр ишъхъэрэм щыкӀэдзауэ ипшъэм нэгъунэ 3, 800 км хуэдиз мэхъур, къуэхьэпӀэм щыкӀэдзауэ къуэкӀыпӀэм нэс 1, 400 км хуэдиз.

И гъунапкъэхэр зэрыкӀуэр: ипшъэмрэ къуэхьэпӀэмрэ - Чилим Ӏохьэ, ишъхъэрэм - Боливиэмрэ Парагуаимрэ, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмрэ къуэкӀыпӀэмрэ - Бразилымрэ Уругуаимрэ. Ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ гъунапкъу хъур Архентинэм Атлантик океаныра, ЧилимкӀэ и гъунапкъэ ирикӀу хъур къуэхьэпӀэмрэ ипшъэ-къуэхьэпӀэмрэ Андхэра хъур. Къэралым и инагъыр 2,780,400 км² мэхъур.

Архентинэ псыгъуэкӀыхьу макӀуэр ишъхъэрэм щыкӀидзу ипшъэмкӀэ, и шӀыпӀэр бэуэ зэшъхьэщыкӀыу щыту. ШӀыпӀэ зэшъхьэщыкӀыгъуэкӀэ къэралыр лъэныкъуитӀу гэча хъуну: губгъуэ лъэныкъуэ - ишъхъэрэмрэ къуэкӀуэкӀыпӀэмрэ, къуэкӀэбгыкӀэ лъэныкъуэ - ипшъэмрэ къуэхьэпӀэмрэ. Къэралым и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэ гъунапкъэпсомкӀэ Андхэр ирокӀуэ, ШӀыгум и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэгъум и къушъхьэ нэхъ инхэра. Я курытыпӀэм дежь Андхэм я нэхъ лъэгагъэдыдэм носхэр, абдежьым Ипшъэ Америкэм и Ӏуашъхьэ нэхъ лъагэдыдэхэр хэтхэ: Аконкагуа (6, 960 м), Тупунгато (6, 800 м), Мэрсэдарио (6, 770 м).

Къэралым ишъхъэрэ лъэныкъуэм губгъуэ Гран Чако хэлъ, и нэхъыбэм губгъу щыту ауэ мэздэгухэмкӀэ зэкӀэкӀауэ лъэныкъуэ гуэрэхэри псыпцӀу щытху. Гран Чаком и ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ Пампахэр хэлъ, губгъуэжъ, и нэхъыбэкӀэ субтропик лъэныкъуэгъым хэту. Пампахэм къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ Паранамрэ Уругуаимрэ я месопотамиэр хэлъ, и нэхъыбэкӀэ ар губгъу щыт, и ишъхъэрэ лъэныкъуэр лавэм къыхэкӀа платоуэ щыт бразил бгыхэм щыщу, курытыгъуэ лъэныкъуэр пхияуэ, псыпцӀу щыт, ипшъэр бгы кучийасхэр джоуэ хэт. Къэралым и ишъхъэрэ лъэныкъуэм Патагониа хэлъ, а хэкум гъунапкъэ хъэрзыну иӀэкъым, шӀыпӀэр нэхъыбэм тхьэмышкӀу щыт, жьыбгъэкӀэ бэуэ.

Архентинэр климэтищым хеубыдэ: тропикым, субтропикым, курытым джоуэ.

Псы нэхъ кӀыхьу къэралым ежэххэр: Рио Саладо (2, 355 км), Парана (1, 630 км), Колорадо (1, 140 км), Уругуай (1, 170 км).

Колумб ипэ зэманыгъуэ тхыдэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Ӏэхэм я бгъуэнкӀаг, Рио Пинтурас, провинциэ Санта Крусым

Гупшысыгъуэ щыӀэмкӀэ иджырей Архентинэм япэрей цӀыхухэр здихьэхэтэр Патагониам и ипшъэдыдэ лъэныкъуэрат, абым иджырей Чилим къикӀаху къэкӀуахэт.

Нэхъ япэреуэ, нэхъ жъыдыду цӀыху Ӏэшъагъэхэр къыздагъуэтахэр Пиедра Мусэо Санта Крус провинциэм дежь, я ныбджыр 11 мин гъ. ди лъэгъэнэхэм я пэм.

Илъэс мин 9 ди лъэхъэнэхэм я пэм Ипшъэ Америкэм и Пампахэм цӀыхухэр итӀысхьэн кӀадза, иджырей Архентинэм и ишъхъэрэ-къуэкӀапӀэ лъэныкъуэм цӀыхухэр щихьахэр илъэс мин 7 хуэдизым дежь ди лъ. я п.

Архентинэм иса аборигенхэр гупитӀу зэхэкӀхэт: зыр - шъакӀуэгъуэкӀэ псохэтэр, Патагониэм, Пампам, Чаком щыпсоуахэ; адрейхэр - мэкъумэшым елэжьу псохэтэр, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм иджырей къэралым дежь Куйомрэ Сиерра де Кордовамрэ яужми месопотамиэм итӀысхьахэ.

А лъэпкъэгъухэм я лэжьыгъэхэра къызхэкӀахэр - пэтрэжьаныр, кӀэнтрофыр, маниокар абым пэмыкӀыу, дунем матер изыхьахэр а лъэпкъэгъухэра.

Еуропейхэм я зэманыгъуэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

1535 гъэм Педро де Мендосар зекӀуэм и тхьэмаду шъхьэщыту гупышхуэ дэкӀыгъу шы бэуи яӀу быдапӀэ Санта Мария де Буен Айрэ халъхьэ, иджырей Архентинэм и къалэ нэхъышъхьэ хъуар.

1776 гъэм пэштыхьейгуэт Рио де ла Плата яшъыр, абым хэхьахэр: Парагуай, Архентинэ, Уругуай, Боливиэм и лъэныкъуэ гуэрэхэр, пэштыхьейгуэтым и къалэ нэхъышъхьу хъуар Буэнос Айрес.

1816 гъэм Тукуманым провинциэ зытӀущым я тхьэмадэхэр зэхуэсахэ. 9 бадзэуэгъуэм унафэ къыдагъэкӀ Исбухьэнм къыхэкӀху Рио де ла Плата и Провинциэ Зэгуэтхэр джоуэ къэрал хъуху.

1819 гъэм джылэ зауэ къыхокӀ тхьэмадэгъуэхэм я зэпыубыдыкӀэм, за лъэныкъуэмкӀэ республикэ системэр трагъувэным пылъхэт адрейкӀэ федерал системэм хуэйхэт.

1820 гъэм зауэр еухыр. Ауэ реформэ зыхуэныкъуахэр тӀым щыгъуи зэфӀэмгъэкӀауэ къэнахэ, илъэсипшъ яужкӀэ екӀуэкӀахэм къэралыр анархиэм хэта, абым хуэкӀуари 1825-1827 гъэхэм Бразилым зауэ иригъэжьатэр Уругуаим шӀыпӀэр иубыдыным пылъауэ, ауэ и къэру къихьакъым, зауэ нэужым Уругуаир къэрал хуит хъуа.

1833 гъэм Британиэшхуэм Малвин хы тӀыгухэр оккупациэ ешъыр.

1879-1880 гъэхэм дзэзэчэ Хулио Рокам Пшахъуалъэ Зауэ ирегъэкӀуэкӀыр, индейхэм я нэхъыбэр здыхэкӀуадэм, абымкӀэ шӀыпӀэ мэкъумэшым елэжьыным фӀыуэ тегъэпсыхьам пхырыкӀыпӀэ хуит ешъыр. 1880 гъэм яужкӀэ кӀуа илъэс пшъитхум Архентинэм фӀыуэ зыкъиӀэта экономикэмрэ социалымрэкӀэ. ХХ лъэхъэнэм ипэм дежь Архентинэр дунейпсом и къэрал нэхъ къуэлейхэм ящыщ хъуа.

Социал уныншагъэр хэкӀуэдэн къэралым щыкӀидзар 1930 гъэхэм кӀэдзауэ, зауэ зэхъуэкӀыгъуэ къэхъуа яуж. 1946 гъэм Архентинэм и президенту хахыр Хуан Перон. И шъхьэгъусэ Эвита дэкӀыгъу, джылэм фӀыуэ къалъагъутэр, реформэ бжыгъэ иригъэкӀуэкӀа къэралым, диным хэӀэба яуж и реформэхэр Католик Чылисэр пэува президентым. 1955 гъэм Перон и ӀэнатӀэгъуэр трахуа.

1973 гъэм дзэ ӀэнатӀэгъуэ бжыгъэ зызэрэхъуэкӀа яуж Пероныр ӀэнатӀэм Ӏухьэжьа ауэ 1974 гъэм дунем ехыжьа, и етӀуанэ шъхьэгъусэ Исабелыр ӀэнатӀэм Ӏуту къигъэнауэ. Исабел тетыхукӀэрэ марксист револуционерхэм терроризм ирагъэжьа. яужым зауэ зэхъуэкӀыныгъэ къэралым къызхэкӀам 1976 гъэм. абым яуж дзэзэчэ бжыгъэм я ӀэнатӀэгъуэ зэрахъуэкӀауэ яужыреуэ Леополдо Галтиери генералыр тохьэр. 1982 гъэм къэралым и экономикэ кризисым хэкӀыным шъхьэкӀэ Леополдым унафэ етыр архентынэдзэр Малвин хы тӀыгухэм ихьэну, Британиэшхуэм оккупациэ ишъахэтэр 1833 гъэм щыкӀэдзауэ. Мазищ текӀауэ архентинэдзэр Британиэшхуэм зэгуеудри Леополдыр ӀэнатӀэгъуэр къегъанэр. 1983 гъэм демократ хэхыгъуэ ирагъэкӀуэкӀыр къэралым, Раул Алфонси (Радикал джылэ зэгуэтыгъуэм щыщыр) президент мэхъур. 1989 гъэм къэралым и тхьэмадэ хъур Карлос Саул Менем, ари демократыгъэкӀэ хахауэ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Архентинэ и джылэр

2001 гъэм зэригъэлъагъуамкӀэ къэралым джылу дэсар 36, 260,130[2] цӀыху, 2009 гъэм и бадзэуэгъуэм 40, 134, 425 цӀыху.

Индей лъэпкъ мы куэду къэралым исахэтэр Исбухьэнм и колонил ӀэнатӀэгъуэм хэкӀуэдахэ XVI лъэхъэнэхэм, яужми Пампамрэ Патагониэмрэ я шӀыпӀэхэр щаубыдым XIX лъэхъэнэм и кӀэм нэс.

Иджырей архентинхэм я лъэпкъыр щызэфӀэувар XIX-XX лъэхъэнэхэм, еуропэм щыщ иммигрант бжыгъэхэм къахэкӀахэм. 85 % архентин джылэм щыщыр еуропей расам щыщхэ, индейхэр (нэхъыбэм еуропейхэм хэгъуэщыхьаху) зэрыхъухэр 4, 5 %. Архентинэр зи шӀыналъу щыта лъэпкъхэм (мапуче, колия, тоба, матако) я бжыгъэр джыпсту зэрыхъур 0, 5 % къуэде.

Иммигрантхэм я лъэпкъхэр счыгъуи куэд хъут ауэ я нэхъыбэр эспанхэмрэ урымхэмрэ, бэуэ абыхэм пэмыкӀыуи фрэнджхэр, джэрмэнхэр, инджылызхэр джоуэ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Архентинэ и экономикэр

Архентинэр индустриал аграриэ къэралу щыт. ВКӀуП зы цӀыхум техуэр щэхуэн зэфӀэкӀыгъуэмкӀэ мин 14, 2 АШЗ-м и доллару.

1990 гъэхэм щыкӀэдзауэ къэралым приватизациэм и политикэ куэду ирагъэкӀуэкӀ, хамэ инвистициэхэр къэралым къирагъэхьэным шъхьэкӀэ. Фатэгыну къыкӀихыр къэралым и хуэныкъуэгъу хъуамкӀэ ирокъур, Латин Америкэм и къэралхэм еплӀану щит фатэгыну къикӀихымкӀэ, абым пэмыкӀыу Архентинэр дунем и япэрей къэралыпшъ Уран зиӀэхэм ящыщ, къэралыр цӀэрыӀу щыт нуклеар энергетикэмкӀэ и шъныгъэ лэжьыгъэ лъэшхэмкӀэ.

Архентинэм и мэкъумэш лэжьыгъэм гулъытэгъу щытыр адрей къэрал Латин Америкэм хуэлъытамэ езым и хуэныкъуэгъу къыхихым фӀэкӀыу экстпорт ирегъэкӀуэкӀ пэмыкӀ къэралхэм (икӀи мэкъумэшым хэтыр 1% къэдей лэжьакӀуэхэм). Ӏэш зечэнымрэ мэкъумэшымрэ экспортым къыхахым и 50 % хелъхьэ.

Администрациэ гуэчыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Салта.

Архентинэр республикэ федеративу щыт, провинциэ 23 зэхэкӀыу (исп-бз. provincia), зы федерал куеи хэту (исп-бз. ciudad autónoma) Буэнос Айрэс провинциэ къэс езым и конституциэ иӀэ, абым теухуауэ ӀэнатӀэгъуэр шъхьэщыту.

Провинциэр Къалашъхьэр Джылу
дэсыр(2010 гъ.)[3]
ШӀыпӀэр
(км²)
ВКӀуП зы цӀыхум къытехуэр[4]
(2008)
ШӀыпӀэтхыпхъэр
1 Къалэ Буенос Айрэс[5] 2.891.082 202 23.309
2 Буэнос Айрэс
провинциэ
Ла Плата 15.594.428 307.571 7.310
3 Катамарка Сан Фернандо
де Катамарка
367.820 102.602 6.009
4 Чако Resistencia 1.053.466 99.633 2.015
5 Чубут Раусон 506.668 224.686 15.422
6 Кордоба Кордоба 3.304.825 165.321 6.477
7 Корриентес Корриентес 993.338 88.199 4.001
8 Энтре Риос Парана 1.236.300 78.781 5.682
9 Формоса Формоса 527.895 72.066 2.879
10 Жужуй Сан Салвадор
де Жужуй
672.260 53.219 3.755
11 Ла Пампа Санта Роса 316.940 143.440 5.987
12 Ла Риоха Ла Риоха 331.847 89.680 4.162
13 Мендоса Мендоса 1.741.610 148.827 9.079
14 Мисионес Посадас 1.097.829 29.801 3.751
15 Неукен Неукен 550.344 94.078 26.273
16 Рио Негро Виедма 633.374 203.013 8.247
17 Салта Салта 1.215.207 155.488 4.220
18 Сан Хуан Сан Хуан 680.427 89.651 5.642
19 Сан Луис Сан Луис 431.588 76.748 5.580
20 Санта Крус Рио Гайегос 272.524 243.943 30.496
21 Санта Фе Санта Фе 3.200.736 133.007 8.423
22 Сантиаго дел Эстеро Сантиаго дел Эстеро 896.461 136.351 3.003
23 Тиерра дел Фуэго Ушуаиа 126.190 21.478 20.682
24 Тукуман Сан Мигел
де Тукуман
1.448.200 22.524 3.937
Архентинэ 40.091.359 2.780.400 8.269

Архентинэр лъэпкъэгъу Лъз-м, ДВФ-м, АКъЛъ-м я хэт.

1853 гъэм и КонституциэмкӀэ къэралым ӀэнатӀэгъуэм мэгуэчыр: хабзэгъэзанкӀэмкӀэ, хабзэдэгъэкӀымкӀэ, мэхьчэмэмкӀэ джоуэ, а гуэчыгъуэр къэралыгъуэпсомкӀи куейхэмикӀи йокӀуэкӀыр.

Къэралым и тхьэмадэр - президент, илъэсищкӀэ хахыр. Тхьэмадэхэм я хасэм и нэхъышъхьэр - премиер министыр. Нэхъышъхьу къэралым хабзэдэгъэкӀымкӀэ щытыр Лъэпкъэгъу конгрессыра, абым хэтыр - Сенат (72 цӀыху хэту) Тхьэмадэ зэхуэс (257 цӀыху хэту). Сенатым и тхьэмадэр вицепрезиденту щыт.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Архентинэ и дзэр

Архентинэ и дзэр зэрыгуэчыр - зекӀуэдзэ, хыдзэ, уэгузауэдзэ джоуэ.

  1. 1.0 1.1 Argentina, International Monetary Fund. 2009-10-01 (индж.)
  2. Proyecciones provinciales de población por sexo y grupos de edad 2001-2015 (эсп.)
  3. 2010 гъэм и джылэбжыгъэ. КъыхэкӀар: ТхылъкӀэ псори зэхэдзауэ (эсп.)
  4. Abeceb дэӀэпыкъуэгъум игъэхьэзыра къэӀохугъуэ, 2008 гъм и фокӀадэмкӀэ, уасэтынымрэ, къэхьынымрэ, къыкэгъэкынымрэ (лъэпкъ провинциэхэм), уасэ щыӀэхэмкӀэ. Хъыбару хъуар.
  5. Къалэ Буэнос Айрэсыр провинциу щыткъым, конституциэм къызэриӀохумкӀэ и пӀалъэр Аутоном къалэ, провинциэм хуэду къэлъытэгъу.