Jump to content

Абэшыр и ӀэхъупӀэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Абэчыр и ӀэхъупӀэ
Абэшыр и ӀэхъупӀэ
урбз. Абишира-Ахуба
Сурэт

Координатхэр: 43°35′51″ с. ш. 41°10′26″ в. д. / 43.5975° с. ш. 41.173889° в. д. (G)

ЗдэщыӀэр: Урысей
Къущхьэ зыхэтыр: Къаукъаз
КӀыхьэгъыр: км 30 фӀокӀ
Ӏуащхьэ нэхъ лъагэр: РыкӀыпс м
Лъэгагъэр: 3214 м

Абэчы́р и Ӏэхъу́пӀэИщхьэрэ-КъуэхьэпӀэ Къаукъазым хэт тхы, Къэрэшей-Чэрджэс республикэм, Лэбэшхуэрэ Инджыджышхуэрэ я псыхъуэ зэхуакухэм, Къэукъаз къуршхэм я пашъхьэм ирокӀуэ, Архъыз къуэм къыхигъэкӀыу.

Абэчыр и ӀэхъупӀэ тхым и шыгур хуэзаху ирокӀуэ Ӏуашъхьэхэмрэ бгъуэнхэмрэ ину къыхэмыщу. И нэхъыбаӀуэм лъэгапӀэхэр метрэ 3000 нэсурэ ирокӀуэ. И ипшъэ лъэныкъуэр ешэкӀауэ Архъыз къуэладжэм хуэгъэзауэ макӀуэ и бгъухэр арану къеху, къэкӀыгъу нэхъыбэкӀэ удзу, мылэщхэр макӀыу телъу. И ишъхъэрэ лъэныкъуэм и теплъэр пэмыкӀыу щыт — къейхэр метрэ 200-300 хуэдизу къоххэр, я зэхуакухэр гуэшэшауэ, абыхэм псы къыхэжыпӀэхэр яӀу: Уэрп, Чилик, Агурэ, КӀэфыр джоуэ, шхьэхэм мылыщэ бжыгъэхэр, хыкъум жгъей бжыгъэхэр иӀэ. Хьэйуар гъэмахуэкупсми 0 °C нэс йохыр.

ТеплъэкӀэ тхышъхьэр заху ирокӀуэ, Ӏуашъхьэхэр ину къыхэмыщу. Лъэгагъыр нэхъыбэм метрэ минищым фӀэкӀыу макӀуэ. ДэкӀыпӀэхэр Ӏуашъхьэ зэхуакухэм кууэ хэхьэхэкъым, метрэ минитӀым нэхъ лъахъчэ яхэмыту щыт.

Агурэрэ РыкӀыпсрэ я зэхуакум тхым и дэкӀыпэ нэхъ лъахъчэдыдэр дэлъ, и курыкупсым хуэзу, дэкӀыпӀэм и цӀэр Мылгуэлъ и лъэгагъыр метрэ 2800. Ӏуашъхьэм бгыгъунэӀухьитӀ иӀэ — Агурэ бгыгъунэӀухьрэ ШыкӀулътыр бгыгъунэӀухьрэ а тӀум я зэхуакум Агурэ хыкъумхэр дэлъ.

Ижъ ижъыжь лъандэрэ Уэрпрэ Чафыррэ я псыхъуэхэм цӀыхухэр дэст. Тхым и зы къуэм быдапӀэжъ блын лъэныкъуэхэр къыдэнауэ иӀэ, лъэхъэнэ курытхэм я зэманыгъуэм щыщу, абым пӀэмыкӀыу псэунэ бжыгъи щыӀэ, дэмыгъэхэр я тету, я теплъэкӀэ Краснодар къэралымрэ Адыгэ республикэмрэ щыӀэ псэунэхэм ямыхьчу.

Мэзхэм бэуэ упэкӀэхуэ хъуну уэрп псыхъуэм — бесленей, чафыр псыхъуэм — мысылбей къуэджэжъхэм, зауэ нэужэм къалежьахэм. Адыгэ лъакъу лъэныкъуэм исахэр беслъэней лъэкъуэлъэш Тхьэстокъуэхэ, абазэ лъакъуэ мысылбейхэм я лъакъуэлъэш унагъуэцӀу — Сыдхэ, Еджыбокъуэхэ.[1]. А къуаджэжъхэм я зэманыгъу псыхъуэм къэзакъ стэницэхэри дашъыхьа — Преграднэ, Стороживой. Яужырем ипэмыджыжьу къэзакъ быдапӀэм и блынхэр къэнауэ щыт.[2]

Файл:Kafar.jpg
АӀуейгъурц Чафыр хыкъум и мыпэджыжьу

Тхым мэз куэду къыщыкӀыу щыткъым ауэ къушъхьэхъукӀэ бэгъуа. Удз лӀэужъыгъэ бжыгъэхэр къыщокӀыр, абыхэм ящыщ: бэрэтӀинэ, тхьэрыкъуэфдэгу, гъуэжьудз, аӀуейгъурц, губгъуэджэдгын, пэлъауэ, кърухугу пэмыкӀхэр. МэкъумэшыкӀэмкӀэ былымзехуэнымкӀэ тхым мыхьэнэшхуэ зэрехьэ — къуаджэ Инджыдж и къуэладжэм дэтхэм гъэмахуэм былымхэр къушъхьэхъу дахур, мэкъу йоуэ, Ӏэзэгъуэ удзхэр къырахыр. 1934 гъэм щыкӀэдзауэ 1954 нэгъунэ тхыр Адыгэ аутоном къедзыгъуэм и ипшъэ гъунапкъу щытт, абы къыщыкӀэдзауэ къуаджэ-къуаджу тхым и шӀыпӀэр хэгуэшыхьа.

Мэз къыщыкӀхэм жыг кӀэтхэр: бжей, уэздыгъей, нартей, пхъэхуей, кӀэщей. Мэзхэм я нэхъыбэр пӀалъэншу ирахыр 90-гъэхэм щыкӀэдзауэ. Абэчыр и ӀэхъупӀэмрэ Лабэ и псыхъуэмрэ мэзхэм и нэхъыфӀу кӀэт жыгхэр, нэхъ индыдэхэр ирах илъэс бжыгъэ кӀуам, къэралым и ӀэнатӀэгъуэми абым теухуауэ пари иришъэкъым.[3]

Файл:Rupicapra rupicapra(cauc.).jpg
ЦӀакхъуэхэр

Тхым и бгъухэмрэ и пашъхьэхэмрэ къэкӀ мэзхэм XX лъэхъэнэм и пэм псэущхьэхэр бэуэ щыпсоуа, абыхэм ящыщ: домбей, щомыщ, дыгъужъ, бжьо, былътырыку, щыхь, мышъэ, бажьэ, дзыдзэ, мэзджэду, уашхэ, мэзыкхъуэ, мэзджэд. Куршхэм, аранэхэм: щыхь, шыкӀулътыр, цӀакхъуэ, мысырджэд.[4][1] XXI лъэхъэнэм и пэм къебжэкӀа псэущхьэхэм я нэхъыбэр къэнэжьакъым, макӀыу: дыгъужъхэр, мэзыкхъуэхэр, щыхьхэр, былътырыкухэр мэзхэм къыкӀэна, къуршхэм шыкӀулътырхэр, цӀакхъуэхэр, мысырджэдхэр джоуэ, яужырехэм я бжыгъэр макӀэдыду щыт, кӀуэдыным нэсауэ.[5]

  1. 1.0 1.1 С. Хатко. Бесленей — мост Черкесии. Теплъэхэр нап. 380-397. Мыекъуапэ. 2009 гъ. (урыс.)
  2. Budetinteresno.info. Чафыр-Уэрп. Абэчыр и ӀэхъупӀэ. (урыс.)
  3. Урысей газет. МэзгъэфӀэным ебакъу. Экономикэ къэӀэтыгъуэр думей зэхэтыкӀэм зэрхэуэр(урыс.)
  4. Победоносцев. Черкесия. Хэкумэтх тепсэлъыхьыгъуэ. Нап. 12. Мэзкуу. 1940 гъ.(урыс.)
  5. Дунейпсом и хъумапӀэхэр. Къаукъаз мэзгъэфӀэныр.(урыс.)

Last edited 6 years ago by YiFeiBot