Мыщэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Мышъэ къызыхэкӀар)
Мыщэ
Мыщэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: Хьэсурэтхэ
Лъэпкъ: Мыщэхэр
Латин цӀэр
Ursidae G. Fischer, 1817
И щӀыпӀэр
сурэт
Лъэпкъ зэщымыщхэр
здэпсом я шӀыпӀэхэр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Мыщэ (лат-бз.: Ursidae, ур-бз: Медведь) — шъакӀуэ-псэушъхьа, шэрыпӀхэм ящыщ. Мышъэхэм шхынкӀэ зэхэдз яшъкъым, фӀыуэ йорсхэ, жыгхэм, бгъуэнхэм допшеихэ, псынкӀыу мэжэфхэ, макӀыу зокӀуэфхэ, тотыфхэ лъэкъуитӀкӀэ. КӀапэ кӀэкӀы яӀа, яцыр Ӏув, кӀыхь, фӀыуэ мэхэр къыкӀахьа икӀи макъхэр зэхах. ЩышъакӀуэхэр бджэхьашъхьам иэ пщэджыжьым. Нэхъыбэм цӀыхум яхуэсакъу щыт, ауэ цӀыхухэм здахуесам иде ятеуэнкӀи мэхъу, апхуэдэхэм янэхъыбэр мышъэ хужьымрэ гризлымрэ.

Сурэтыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адрей шъакӀуэ- псоушъхьахэм ялъытамэ мышъэхэр нэхъ зэхьчу щытхэ я сурэтымкӀэ, я инагъымкӀэ. Мышъэхэр шӀым щыпсоу шъакӀуэ-псоушъхьахэм я нэхъ ин. Мышъэ хужьхэм и аплъэпӀкъым икӀыхагъыр м. 3 мэхъу, ихьалъагъыр 725-1 000 кг. носыр, нэхъ цӀыкӀухэм ящыщыр малай мышъэхэра, я аплъэпӀкъым икӀыхагъыр м. 1-1,5, ихьалъагъыр 70 кг. носыр.

Я цыр Ӏуву, кӀыхьу, вэлацу щыт я нэхъыбэхэм, малай мышъэхэм яр кӀэкӀыу, мы Ӏуву ятет. Цым ифэр, мы къуэлэну, псоуэ къуафӀцӀэм къыщыкӀэдзауэ хужьымнэгъунэ, пандэ иным щымыхъукӀэ, абы ицыр къуэлэн, фӀыцэ-хужьу зэхэлъ. Я бгъэхэм иэ я нэхэм ихъуреягъыхэми хужьу цыр щытуи мэхъу. Адрей я ныкъуэхэм я цым ифэр гъэм елъытауэ зэрехъуэкӀыр и кӀыхьагъымрэкӀэ иӀувагъымрэкӀэ.

АплъэпӀкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мышъу хъуам я аплъэпӀкъыр хуэгъэзыхауэ, шъэджашъу щыт, куэдым джабэ лъагэ яӀу.

Я лъакъуэхэр къэрууфӀэ, лъэхъуамбэ тхурытху ятет, абыхэм лъэбжъанэ кӀыхьхэр яӀу. Я лъэбжъанэхэр мышцхэм яӀыгъу щыт, абы шъхьакӀэ жыгхэми допшеифхэ, шӀыри ятӀыр, къаубыдахэри зэпӀкъыратхъыф. Гризлы мышъэм илъэбжъанэхэм икӀыхагъыр 15 см. носыр, ар шӀыр итӀыным шъхьакӀэ фӀыуэ къыхосэбэп ауэ жыгхэм дригъэпшеифкъым. Мышъэхэр щызекӀуэкӀэ я лъакъуэхэр ялъэфу макӀуэ, лъэгум трагъэуву лъапэр.

Я кӀапэр кӀэкӀыу щыт, цым къыхэмыщу.

Шъхьар ин, я нэхэр цӀыкӀу.

Пшъэр гъуму кӀэкӀ

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мышъэхэр шӀыпӀу хъуам щопсохэ Австралиэ, Антарктидэ, Африкэм джоуэ щымыхъукӀэ. Япэреуэ здисахэр: Еуропэми, Азиэми (Арави хы тӀыгуныкъэм щымыхъукӀэ); Ишъхъэрэ Америкэм Мехикэ икум нэгъунэ; Ипшъэ Америкэм икъушъхьахэм. Еуропэм инэхъэбэм, Ишъхъэрэ Африкэм, Ишъхъэрэ Америкэм, Японым мышъэхэм я нэхъыбэр кӀуэда. Абы лажьэ зиӀар цӀыхум и Ӏэшъагъэра

Зэрыпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мышъэхэм я нэхъыбэр губгъуэ-мэзхэм иэ къушъхьа-мэзхэм щопсохэ, макӀыу къушъхьа-мэзыншэхэм. Яныкъуэхэм псым игъунэгъу щыпсоун я хабзэ: псыхъуэхэм, хы Ӏуфэхэм. Мышъэ хужьыр Арктикэм щопсоу Мыл океаным нэгъунэ.

ШхынымкӀэ зэхэдз яшъкъым, ауэ, зы ныкъуэм къэкӀыгъэхэр нъэ кӀасу къыхах адрехэм лы нэхъ къыхах. ЛъэпӀкъу хъуами я шхыным къэкӀыгъэхэр, хьапӀацӀэ, хьамблу, фо, бжъэжъей джоуэ хэт. Я шхыныр гъэм елъыта.