Былътырыку
Былътырыку | ||||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
Lynx lynx Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||||
|
Былътырыку, елэн (лат-бз.: Lynx lynx, ур-бз.: Рысь) — шэрыпI псэущхьэшхщ, джэдухэм щыщщ.
Iэплъэпкъ[гъэтэрэзын | edit source]
Еуразий елэныр, адрей елэнхэм нэхърэ нэхъ инщ, и кIыхьагъыр см. 80 - 130, и лъэгагъыр см. 70. Елэныхъухэм я хьэлъагъыр кг. 18 - 30, елэныбзхэр нэхъыбэм кг. 18,1 мэхъухэр. Япкъыр елэн псоми нэхъ кIэщIыу, къэрууфIыу зэфIэтщ. Лъакъуэхэр инщ - лъапэ бгъуэуэ, цыбэу (щIымахуэм уэсым кIуэцIыримгъэху зекIуэфу), итхьэкIумэхэм кхъуакIэ кIыхьхэр тетщ. КIапэр кIэщIщ.
Я фэр куэду зэщхьэщокI, здэпсэу лъэныкъуэм елъытауэ - гъуэплъым къыщыщIэдзауэ псыфэм нэгъунэ, куэду иэ мащIэу я щIыбым, лъакъуэхэм, гъунэхэм и къуэлэнагъыр. Ныбафэм цы тетхэр нэхъ кIыхьу, нэхъ щабэщ, ищIыфэм хуэдэу Iувкъым, хужьу, фIыцIэри нэхъ мащIэу хэпхъауэ. Ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыпсохэм яфэр нэхъ плъыжьщ, цыр нэхъ кIэщIщ, лъапэхэр нэхъ цIыкIущ.
Елэным и лъэкъуапIэр джэду псом хуэдэщ, IабжьанапIэ къимыгъанэу. ЩызекIуэкIэ и кIэбдз лъакъуэр япэрейм къигъэна лъэкъуапIэм иригъэувэурэ ещыр. Елэн зытIущ кIуэмэ - яуж итхэр хуэзэу япэрейм къигъэна лъэкъаупIэхэм езыхэм я лъапэхэр ирагъэувэурэ макIуэхэ.
Здэпсохэр[гъэтэрэзын | edit source]
Елэнхэр джэду лъэпкъу хъуам нэхъ иищхъэрэ-щIыпIэ щыпсоухэм ящыщ. Япэрей лъэхъэнэхэм Еуропэ псом дэнэ деи щыпсоуащ, XX лъэхъэнэхэм Еуропэ Курытымрэ, Еуропэ КъуэхьэпIэмрэ цIыху щакIуэным къелакъым. Иджыпсту узыншэу а лъэныкъуэхэм зэфIагъэувэжхэ.
Зэрыпсохэр[гъэтэрэзын | edit source]
Елэным псей, уэздыгъей мэзIувхэр нэхъ кIасэу къыхех псэуну ауэ мэзкъуихэми, къущхьэхъуми щыпсэуфынущ. Жыгхэм фIыуэ допщейр икIи псым йос.
Ишхын ирикъу щытмэ и щIыпIэм икIкъым, имыгъуэтмэ куэшын щIедзэ. Жэщ-махуэм км. 30 фIакIыфыр. Ишхыным и нэхъыбэр тхьэкIумэкIыхь Iамэ, мэзджэдхэм ящыщ, дзыгъуэхэм, мащIэу къэкIыгъэшх-шэрыпIхэм (Мэзбжэнхэм, щыхьхэм... ), абы пэмыкIыу унагъуэ хьэхэм-джэдухэм щатеуи мэхъу, мэзым бажэхэм уашхэхэм. Бажэхэр щыхузэфIэкIым гущIэгъуншу еукI, зыкIи хуэмыныкъуу щытми.
ЩакIуэн щежьэр пщыхьэщхьэщ. Гъуащу куэдым зэрагугъэм хуэду щыткъым елэныр: жыгым къепкIэу иубыду зэщакIуэр, нэхъыбэу егъэхъур зигъэпщкIуурэ, кIэсыкIукIыу яужкIэ лъеурэ (зы пкIэгъуэм м. 4 ибгъуагъу) тоуэ. Зытеуэ псэущхьэм м. 60 - 80 хуэдиз яужь итыфыну, иужькIэ и къэрур мэкIуэд.
Псэущхьэ сакъыу щыт щхьэкIэ елэныр цIыхум Iейуэ ящышынэкъым. МэзIэрысэхэм, жыгхадэхэм, мэз ихахэм щыхыхьэ мэхъу, шхын щимыгъуэтым къуажэхэм, къалэхэм дыхьэуи мэхъу.
Зэрзэпыхьахэр[гъэтэрэзын | edit source]
Елэнхэм зэпыхьэн щыщIадзэр мазаем - гъатхэпэхэм елъэн псэущхьэ щэхухэр абы щыгъуэ ину кIиин, гоун щIадзэ зэрылъыхъу.
Елэныбзыр махуэ 63 - 70 псэф. Къилъхур нэхъыбэм 2 - 3 шыру; гъуэуэ къыхиххэр жыг кIуриям илъабжьэ, кумб, бгъуэнщIагъ. Шырхэр хъури бзыри зэхэту япIхэ. Япэрей зэпыхьэгъуэр къэмыс щыкIэ быныр анэ-адэм ядэщIыгъуу мэщакIуэхэ. ЩызэфIэувэхэр мазэ 21 бзыхэр, мазэ 33 хъухэр. Къагъащэр илъэс 15 - 20.