Бжьо

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бжьо
Бжьо
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: ГъэнышкӀухэ
Лъэпкъ: Шъыхьхэ
Лъэпкъыгъуэ: Бжьохэ
ЛӀэужъыгъуэ: Бжьо
Латин цӀэр
Dama dama Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Бжьо (лат-бз.: Dama dama, ур-бз.: Лань) — къэкӀыгъэшх псэушъхьа, шэрыпӀ, щыхь лъэпкъым ящыщу. Адрейхэм нэхъ зэрамыхьчыр бжъакъуэ бгъуэшхуэхэмрэ фэ уэгумрэ.

Аплъэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бжьор мэзбджэным нэхърэ нэхъ иныфӀу щытщ, ауэ шъыхьым нэхърэ нэхъ цӀыкӀу икӀи нэхъ псынкӀэ. Еуропэм щыпсохэм я кӀыфэм икӀыхьагъыр см. 130 - 175 мэхъу, кӀапэ см. 20 хъууэ пыту, илъэгагъыр см. 80 - 105 мэхъур, хьалъагъыр кг. 65 - 110 хъухэм, кг. 45 - 70 бзыхэм. Месопотамым щыщ бжъо хъухэр (Dama mesopotamica) ялъэгагъымкӀэ метритӀым носхэр. Бжъом иаплъэпкъыр нэхъ лыпцӀу щыт шъыхьым ем нэхърэ, ипшъэмрэ илъакъуэхэмри нэхъ кӀэкӀыу щыту. Месопотам бжъом хуэмыду ибжъакъуэхэр белышъхьам ехьчу къытекӀэфыну.

Ифэр гъэ екӀуэкӀым елъытауэ зэрехъуэкӀыр. Гъэмахуэм кӀыбышъхьамрэ кӀапэмрэ плъыжь-гъуабджу щыт, хужь хэпхъауэ; ныбафэ лъэныкъуэмрэ лакъуэхэмрэ нэхъ нэху щытхэ. ШӀымахуэм шъхьар, пшъэр, тхьакӀумэхэр джоуэ гъуабджэ-кӀыф мэхъухэр, кӀыбыр, ибгъухэр фӀыцӀэм носыр, ныбафэмрэ лъакъуэхэмрэ псыфэ мэхъу. Куэду иэ фӀыцӀабзэху иэ хужьыбзэуи къохъухэр.

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Пэсырей лъэхъэнэхэм финикийхэмрэ абыхэм яуж иту римхэмрэ Ишъхъэрэ Африкэмрэ, Азиэ ЦӀыкӀумрэ ирачурэ хы курытым бгъэдэлъ еуропэ къэралхэм ирачэт (Алыджым, Урымым, Исбухьэнм). Лъэхъэнэ курытхэм бжъор Инджылызым ирачэ, абы пэмыкӀыу Даниэм ирачэри абы икӀыу Еуропэ Курытым носыр. ЯужкӀэ ирачэ Ишъхъэрэ Америкэм, Аустралиэм, Зелэнд КӀэм, Ипшъэ Африкэм, Японым, абыхэм шъхьахуиту иджыпсту щопсоу.

Зэрыпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бжъом ипсэукӀэмкӀэ шъыхьым ехьч, ауэ абы хуэду псэупӀэ къыхэхынымкӀэ зэхэдз ишъкъым, нэхъыбу здыхэсхэр уэздыгъей мэзхэм иэ мэзкъуийхэм. ИкӀи шъыхьым хуэду гумаху, сакъу щыткъым ауэ ипсынкӀагъымрэ, джэнагъымрэкӀэ къыкӀэрыхукъым. Бжъор ишхыным къэкӀыгъэ фӀэкӀа хэткъым: удз, жыг тхьампэ. ЗэзэмызэкӀэ пхъафэр къыкӀэратхъурэ яшхыр, ауэ шъыхьхэм хуэду жыгхэм зэран яхуэхъухэкъым. Щызэпыхьахэр фокӀадэм къыщыкӀэдзауэ щакӀуэгъуэм нэгъунэ. Абы щыгъуэм бжъохъухэр ину гоун кӀадзэ, бзыхэр ираджу, я шӀыпӀэхэм пӀалъэ яӀар ягъэлъагъу. Хъу нэхъ къэрууфӀэхэм я пӀалъэр зэрагъэлъагъуэр шӀыр мыкууэ кыратӀыкӀыу, игъуалъхьу, абы илъу гоун, бзыхэр ираджу. Бзыхэм гуп цӀыкӀурэ заӀыгъхэ, хъу нэхъ къэрыуфӀэхэм я шӀыпӀэхэм лъыхъу. Шъыхьыхъухэм ялъытауэ бжъом зы гупышху зэхихуэхэкъы бзыхэр, яужкӀэ ежьэжьхэми зэран яхуэмыхъу еутӀыпщхэ.

Мэкъуауэгъуэм икум къыщыкӀэдзауэ бадзэуэгъуэм икӀэм нэс, тхьамахуэ 32 псэфа нэуж бзыхэр гупым яхэкӀыурэ чыр къалъху, зы макӀыу тӀу къилъху мэхъу. МэзиплӀ хуэдизкӀэ бжъо чырыр быдзычэм кӀофыр. ЩызэфӀэувэхэр илъэситӀ илъэсищым идежь. Къагъэшъыр илъэс 30 хуэдиз.

КъалъхуагъакӀэхэр куэду бажьэм, мэзкхъуэхэм, къуалэхэм ятокуадэхэ.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]