Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр
Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр урбз. Союз Советских Социалистических Республик социалe федератив къэрал | |||||||||
| |||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| |||||||||
Гоуидзэ «Къэралу хъуам я пролетарийхэр, фызэгухьэ!» | |||||||||
Къэрал уэрэд Совет Зэгуэтхэм и къэрал уэрэд | |||||||||
РССЗ-м и шӀыпӀэтхыпхъэ 1945 гъэм еуэ. | |||||||||
Къалэнэхъышъхьэ | Мэзкуу | ||||||||
Къалэ нэхъ инхэр | Мэзкуу, Ленинград, Киеу, Ташкент, Баку, Харкоу, Минск, Горкэ, Новосибирск, Свердловск | ||||||||
Бзэ(хэр) | урысыбзэ (де-факто)[1] | ||||||||
Ахъчэ зекӀуар | совет рубл | ||||||||
И шӀыпӀэр | 22 402 200 км²[2] | ||||||||
Джылэр | 293 047 571 цӀыху.[3] | ||||||||
ӀэнатӀэм и хабзэр | совет республика | ||||||||
Фактическу къэрал тхьэмадэр | |||||||||
- 1922—1924 | Владимир Ленин | ||||||||
- 1924—1953 | Иосиф Сталин | ||||||||
- 1953—1964 | Никита Хрущёв | ||||||||
- 1964—1982 | Леонид Брежнев | ||||||||
- 1982—1984 | Юрий Андропов | ||||||||
- 1984—1985 | Константин Черненко | ||||||||
- 1985—1991 | Михаил Горбачёв | ||||||||
|
Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр (Совет Зэгуэтхэр, РССЗ, урбз. Союз Советских Социалистических Республик, Советский Союз, СССР) — социал къэрал, Урысей империэу щытам и шӀыпӀэ нэхъыбэм къыхэкӀауэ 1922 гъэм щыкӀэдзауэ 1991 нэгъунэ, къэралышхуитӀым я зы (АШЗ-м дэкӀыгъу). Къалэ нэхъышъхьу щытар Мэзкуу.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мазае революциэм яуж 1917 гъэм пэштыхьыгъэр Урысей империэм хэкӀуэда, ӀэнатӀэр зыубыдахэр буржуаз-демократ КӀэх ӀэнатӀашъхьэ, Дунейпсо зауэм къыхэмыкӀа техьэ яуж. А гъэ дыдэм и жэпуэгъуэм Урысейм Жэпуэгъуэ револуциэ къохъур, ӀэнатӀэм инхэр Ӏохьэ Владимир Ленин я шъхьэщыту. Къэралым Джылэ зауэ кӀедзэ, 1922 гъэм нэгъунэ екӀуэкӀа, текӀуахэр а зауэм инхэра.
1922 дыгъэгъазэм и 30 РСФС Урысейм, РСС Урысыхум, РСС Хуэхуэлейм, РСФС КъаукъазщӀыбыгъуэр джоуэ зэгуэтыныгъэ тхылъ кӀатхэ, Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэу зэхыхьу.
1924 гъэм, Владимир Ленин дунем ехыжьа яуж къэралым и нэхъышъхьу увыр Иосиф Сталин. РССЗ-м «кӀэ эконом политикэ» (КӀЭП) ирагъэкӀуэкӀ, щэхуэн лэжьыгъэм и пӀалъэр зыубыдыфу щыта, ауэ 1930-хэм КӀЭП-ыр хомхомурэ колликтивизациэ къэрукӀэ иригъэкӀуэкӀын кӀедзэ абым пэмыкӀыуи индустирализациэ.
1937 гъэм репрессиэ куэду йокӀуэкӀ Сталиным пэщытхэм шъхьэкӀэ, апщыгъуэм Дзэ Плъыжьым и командир бжыгъэ хэкӀуэдауэ щыта.
1939 гъэм, Молотов-Риббентропп секрет тхылъ пактымкӀэ РССЗ-м Лэхьыйм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр еубыд - Урысыхумрэ Хуэхуэлеймрэ я къуэхьэпӀэ лъэныкъуэхэр. 1939-1940 гъэхэм совет-финн зауэ, текӀуар абым РССЗ-ра, Карелейм и ныкъуэр апщыгъуэми еубыд. 1940 гъэм РССЗ-м балтикэ къэрал - Латвиэ, Литоу, Эстониэ джоуэ еубыд, абым пэмыкӀыу Румыным хэта Бессарабейри еубыд.
1941 бадзэуэгъуэм и 22 Джэрмэн нацист дзэм и къытеуэнымкӀэ Къэралыгъуэ зауэшхуэр кӀедзэ. Джэрманыдзэр псынкӀыу хэкӀт къэралым Мэзкуу бгъэдыхьу, ауэ къагъэувэӀа хъуа. Сталинград зауэмрэ Курск зауэмрэ яуж совет дзэхэр текӀуэн кӀадза, къуэхьэпӀэмкӀэ хэкӀху. 1945 нэкъыгъэм и 9 Къэралыгъуэ зауэшхуэр иуха РССЗ-р текӀуауэ. 1945 и шышъхьэӀум РССЗ-р зауэм хохьэ Японым пэувауэ.
Къэралыгъуэ зауэшхуэм цӀыху бжыгъэ зымыӀэ, мылъку бжыгъэ зымыӀэ хэкӀуэда РССЗ-м. Зауэ нэужым къэралым и зэфӀэувэгъэжьыным пыхьа ису хъуар.
1953 гъэм и гъатхэпэм Сталин дунем йохыжь, ӀэнатӀэ убыдыным шъхьэкӀэ ныкъуэкъуэгъу екӀуэкӀам яуж къэралым и тхьэмаду Никита Хрущов тохьэ. Абы и ӀэнатӀэкӀэ 1956 гъэм XX СЗКП-м иригъэжьа компаниэ «Сталин култым и къэгъэшъэнымрэ» репрессиэ лъэпкъ яшъахэри реабилитациэ ишъыжьа.
1964 гъэм ӀэнатӀэм Ӏухьэр Леонид Брежнев. Брежнев щытета зэманым траӀуар «Стагнациэ лъэхъэнэ». Брежнев дунем ехыжьа яуж къэралым и тхьэмаду Юрий Андропов тохьэ мыкуэду тет а пӀэм (1982-1984) яуж Константин Черненко (1984-1985).
1985 гъэм КЦ СЗКП-м и тхьэмаду техьэр Михаил Горбачов. РССЗ-м «перестройка» (реструктуризациэ) къожьэ.
1991 гъэм дыгъэгъазэм и 25, Беловежиэ мэзым президентхэм Урысейм (Борис Елцин), Урысыхум (Станислав Шушкевич), Хуэхуэлейм (Леонид Кучма) зэгуэтыныгъэ тхылъыр дэнонсиациэ яшъри РССЗ абымкӀэ еух и гъашъэр.
Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]РССЗ-м и тхыдэм контитуциищ иӀа - 1924, 1936, 1977 гъэхэм тхауэ.
1977 гъэм и конституциэмкӀэ, къэралым и ӀэнатӀэр джылэм еуэ къиӀуатэт.
Советхэм я къэрал зэхэтыкӀэм къидэтэкъым ӀэнатӀэ гуэчыныр. ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр (РССЗ-м и Нэхъышъхьэ Хасэ) хабзэгъэзанкӀэмрэ мэхьчэмэ ӀэнатӀэмрэ яшъхьэщытт.
ФоктымкӀэ, къэралым и ӀэнатӀэр зыӀэкӀэлътэр Совет Зэгуэтхэм я Коммунист Партиэм (СЗКП).
Къэралым и ӀэнатӀэ нэхъышъхьэ лэжьыгъу щытар джылэ депутатхэм я Зэхуэс, илъэсищкӀэ хахтэр. Джылэ депутат Зэхуэсыр хэзыхтэр Нэхъышъхьэ Хасэ.
ХабзэгъэзанкӀэ Ӏэнатэр министр 40 зэхэтт.
Къыгуэтхэмрэ автоном республикэхэмрэ езыхэм я партиэ лэжьыгъэхэр яӀэт.
1990-1991 гъэхэм пӀэ Призедент РССЗ джоуэ щыӀа.
АдминистрациэкӀэ гуэшыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Совет Зэгуэтхэм я шӀыпӀэр республикэ совет социалхэм (РСС) яуэ гуэшауэ щытт. Я бжыгъэм зэрихъуэк ыу щытт 4 къыщыкӀэдзауэ (1924 гъэм, щыхалъхьэм) 16 нэгъунэ (1940 гъэм). Совет Зэгуэтхэм я хэкӀуэдэжьыным идежь хэтар 15 республикэ.
Езы республикхэми кӀуэцӀ гуэшыгъуэ яӀэт: республикэ автоном совет социал (РАСС), овтоном област, автоном край, автоном округ, област, край, къалэ сойузым и къэлъытэгъу джоуэ.
Шыпэтхыпхъэм зэрхэт |
Нып | Республикэ | Къалэ нэхъышъхьэ |
РССЗ-м и администрациэ гуэшыгъуэр 1991 гъэмкӀэ |
---|---|---|---|---|
1 | Азэрбиджан РСС | Баку | ||
2 | Ермэлей РСС | Еруан | ||
3 | Урысыху РСС | Минск | ||
4 | Курджей РСС | Тбилиси | ||
5 | Къэзахъ РСС | Алма-Ата | ||
6 | Къыргъыз РСС | Фрунзе | ||
7 | Латвиэ РСС | Рига | ||
8 | Литоу РСС | Вилнус | ||
9 | Молдавиэ РСС | Кишинеу | ||
10 | Урысей РСФС | Мэзкуу | ||
11 | Таджыку РСС | Душанбэ | ||
12 | Тыркумэн РСС | Ашхабад | ||
13 | Узбэч РСС | Ташкент | ||
14 | Хуэхуэлей РСС | Киеу | ||
15 | Эстониэ РСС | Таллин |
Экономикэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1990 гъэм РССЗ-м и экономикэр дунем и еӀтуанэт (АШЗ-м яуж) дунем и 1/5 лъэжьыгъэр къыдигъэкӀт. Советхэм я экономикэр плану щытт. РССЗ-м и тхыдэмкӀэ «илъэситху» пшъыкӀутӀ иӀэуэ щыта - джылэ лэжьыгъэ илъэситхукӀэ къэӀэтыным и план.
Джылэ лэжьыгъэм и нэхъ зыпылътэр - дуней мылъку (фӀэмыкӀ, пэмыкӀ джоуэ), хьэлъэ индустиэ (жыр, чугун), электроэнегиэ, металургиэ (гъущӀ, метал къуэлэнхэр), петрол лэжьыгъэ (фадэгын, гас), химиэ лъэжьыгъэ, прибор лъэжьыгъэ, машинэ лэжьыгъэ пэмыкӀхэр джоуэ.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
1989 гъэмкӀэ РССЗ-м и джылэ бжыгъэр 286 717 млн. цӀыху хъут. Лъэпкъ нэхъ инхэр (милыуаным зы бжыгъэ фӀэкӀ, 1989 гъэ):
- Урысхэр - 145 155 489 (50,8 %)
- Украинхэр - 44 186 006 (15,46 %)
- Узбэчхэр - 16 697 825 (5, 84 %)
- Урысыхухэр - 10 036 251 (3,51 %)
- Къэзахъхэр - 8 135 818 (2,85 %)
- Азэрбиджанхэр - 6 770 403 (2,37 %)
- Къэзанхэр - 6 648 760 (2,33 %)
- Ермэлыхэр - 4 623 232 (1,62 %)
- Таджыкухэр - 4 215 372 (1,48 %)
- Курджыхэр - 3 981 045 (1,39 %)
- Молдавхэр - 3 352 352 (1,17 %)
- Литоухэр - 3 067 390 (1,07 %)
- Тыркумэнхэр - 2 728 965 (0,96 %)
- Къыргъызхэр - 2 528 946 (0,89 %)
- Джэрмэнхэр - 2 038 603 (0,71 %)
- Чувашхэр - 1 842 347 (0,64 %)
- Латвийхэр - 1 458 986 (0,51 %)
- Башкырхэр - 1 449 157 (0, 51 %)
- Джуртхэр - 1 378 344 (0,48 %)
- Мордвахэр - 1 153 987 (0,4 %)
- Полакхэр - 1 126 334 (0,39 %)
- Эстонхэр - 1 026 649 (0,36 %)
Дзэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КонституциэмкӀэ Дзэ Ӏыгъыныр зтеухуатэр къэрал хъумэным шъхьэкӀэрэ социализм зэфӀэгъувэнымрэ. 1946 гъэм нэгъунэ цӀэуэ зэрихьэр Лэжьыгъэ-ЛъхукъуэлӀ Аримэ Плъыжь (ЛЛъАП), 1946 щыкӀэдзауэ 1991 нэгъунэ Советхэм я Армиэу щыта (СА). СА и бжыгъэр 1991 гъэм зэрыхъутэр 2 800 мин цӀыху. Армиэр щыуэ гуэчт - ЩӀызекӀуэдзэ, Уэгу-зауэдзэ, Хыдзэ джоуэ, абым пэмыӀыуи дзэ лӀэужъыгъуэ гуэрэхэр, къэбжэкӀахэм я хуэмыду икӀи я хэмыхьу.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр Уикисурэтылъэм? |
- РССЗ-м и конституциэ:
- РССЗ-м тепсэлъыхь сайт — USSR.KM.RU
- Урысеймрэ Совет Зэгуэтхэмрэ я тхьэмадэхэр, биографиэ-хронологиэ щӀэупщӀэгъалъэ
- Совет макъамэхэр
- CCCP TV: Советхэм я ТВ-м и ӀухьэпӀэ — Советхэм я ТВ нэтынхэм я зэхуэхьэсыныгъэ 1952 щыкӀэдзауэ 1991 гъэм нэгъунэ.
- SouzInfo — библиотекэ политикэ тхыгъэхэмрэ аудиодокументхэмрэ
ХъыбарыщӀэ гупшысыгъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ТхыдэкӀэр зэрыслъагъумкӀэ
- Юрий Семёнов. «Урысей: ХХ лъэхъэнэм къышъышъар»
- «Хамэ гулъытэгъуэхэр» (Зытхам и цӀэр хэшъэкӀыгъыншэ)
- Боффа, Джузеппе. «РССЗ-м къыщыкӀэдзауэ Урысейм нэгъунэ. Кризис мыухам и тхыдэ. 1964—1994»
- Лорен Грэхэм. «Шъэныгъэрэ философиэрэ цӀыху шэным и шъэныгъэ Совет Зэгуэтхэм»
- Тхылъхэм къахэха тхыгъэхэр сайтым щыщ «Скепсис»
- RussGUS мыр регион шъэныгъэ зэхэлъхьа, джэрмэныбзэкӀэ къыдагъэкӀа библиографиэ хъыбархэр зыхэлъ, Урысейм, РССЗ-м, Совет лъэужъыгъэм теухуауэ зиӀэ псалъэхэр.
- РССЗ-м и псэукӀэм теухуа напэкӀуэцӀ, мылъку Ӏамэ-псымэхэм я тепсэлъыхь
- РССЗ-р 1920-хэ 1930-хэ гъэхэм
- Совет Зэгуэтхэм и къалэхэм я сурэт, пэмыкӀ къэралхэми я 1940-хэ — 1980-хэ гъэхэм
- РССЗ-м и тхыдэ — www.soviethistory.ru
- Совет зэгуэтхэр: лъэпкъ махуэ носталгием теухуа сайт РССЗ-м и псэукӀэмкӀэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Урысей теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |