Америкэ Штат Зэгуэтхэр
Америкэ Штат Зэгуэт United States of America | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «In God We Trust (Тхьэм дыщогугъ)» | |||||
Къэрал уэрэд: «The Star-Spangled Banner (Нып вагъуэ зтепхъа)» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 1776 бадзэуэгъуэм и 4 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | инджылыбзэ (де-факто; юридическу нэхъышъхьэ бзэ иӀэкъым) | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Уашингтон | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Президентым и Республикэ | ||||
Президент Вице-Президент |
Джо́зеф Робине́тт Ба́йден | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
4-нэ дунем 9 518 900 км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
309 204 770 цӀыху 32 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2007) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$14,246 трлн. (1-нэ) $30.856 | ||||
Этнохоронимыр | америк америкхэ | ||||
Сомыр (Валутэр) | АШЗ-м и доллар | ||||
Интернет-доменхэр | .us; .mil; .gov | ||||
Телефон кодыр | +1 | ||||
Зэманыгъуэхэр | -5; -10 | ||||
Америкэм и Штат Зэгуэтхэр (ин-бз.: The United States of America, USA, эс-бз.: Estados Unidos de América) — къэрал Ишъхъэрэ Америкэм.[1] И инагъымкӀэ дунем ещанэ (9 522 057 км²), джылу дэсымкӀэ ещанэ (307 000 000). Къалэ нэхъышъхьэр — Уашингтон.[2]
Иштат Зэгуэтхэм я гъунапкъэр ишъхъэрэм КэнадэмкӀэ ирокӀуэ, ипшъэмкӀэ Мексикэм иде. Къэрал щыхъуар 1776 гъэм,[3] 13 британ калониэхэр зэхыхьу хуит къэралу зыщытраӀуам. Хуит хъуным шъхьакӀэ зауэр 1783 гъэм нэгъунэ ирагъэкӀуэкӀри, зауэр къахьа.
Иджыпсту Америкэм Иштат Зэгуэтхэм дунейм нэхъ экономикэ иныр яӀа (14,2 трилиуану $), дзэшхуэ иӀа абы пэмыкӀыу и хыдзэр дунейм нэхъ ин. ЛъэпӀкъ Зэгуэт Хасэм яхэт.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- 1565 — эспанхэм япэреуэ къалэ яшъыр иджырей Америкэ Иштат Зэгуэтхэм (АШЗ) я шӀыпӀэм, къалэм ицӀэр Сент-Огастин.
- 1585 — колониэ Роаник яшъын къырагъажьэ — ар британхэм япэреуэ Америкэм колониэ яшъын ягугъара ауэ хокӀуадэ яужым.
- 1607 — япэреуэ инджылыз колониэ Ипшъэ Америкэм яшъыр, Джэймстаун (Вирджиниэ).
- 1609 — эспанхэм Санта-Фэ яшъыр — эспанхэм абыкӀэ я колониэхэр ягъэбжыгъэ Ипшъэ-КъуэхьапӀэм иджырей АШЗ-м.
- 1623 — Ниу-Гэмпшир колониэр яшъыр
- 1626 — голланхэм Амстердам-КӀэ яшъыр — голланхэм Ишъхъэрэ Америкэм яубыда шӀыгу кӀэхэм икъалэ Ӏаташъхьу, яужкӀэ Ниу-Йорк мэхъужьыр.
- 1682 — Миссисипи ипсыхъуэмрэ, псыуэ хэлъаду хъуам я псыхъуэмрэ фрэндж пщым еуэ траӀуэ.
- 1701 — быдапӀэ Детройт яшъыр — быдапӀэ нэхъ ин фрэндж колониэм ящыщхэм.
- 1718 — фрэнджхэм Орлеан-КӀэ яшъыр, абымкӀэ йокӀыр фрэнджхэм я колониэхэр АШЗ-м.
- 1769 — эспанхэм Сан-Диего яшъыр, абыкӀэ кӀадзэ эспанхэм Ипшъэ Калифорниэр колониэ яшъын.
- 16 дыгъэгъазэм 1773 — АШЗ хуит хъуным шъхьакӀэ зауэ кӀедзэ.
- 1775 — 1783 Хуит хъуным шъхьакӀэ зауэ, пэмыкӀыу зэреджэмкӀэ Америкэ револуциэ.
- 1789 — АШЗ япэреуэ президент хахыр. Хахар Джордж Уашингтон джылэм 100 % джэуап иратауэ
- 1800 — къалэ Ӏаташъхьар Филаделфиэм ирахри Уашингтон яхьыр.
- 1803 — Наполеоным и фрэндж шӀыпӀэ Ишъхъэрэ Америкэм щыӀахэр къащэху АШЗ, абы шъхьакӀэ ишӀыпӀэр тӀууэ хохъуэ.
- 1812—1815 — инджылыз-америкэ зауэ.
- 1828 — Демократ партиэ АШЗ еуэ зэфӀоувэ.
- 1830, 28 — накъыгъэм АШЗ иконгрессым унафэ къыкӀегъэкӀ къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ хы Ӏуфэм индеуэ ису хъуар ирагъэкӀыну къуэхьапӀэм, псори здис Оклахомэм.
- 1845, 29 — дыгъэгъазэм Республикэ Текси (Техас) АШЗ хохьа, штат хуэду.
- 1854 — Республикэ партиэ АШЗ зэфӀоувэ.
- 1861—1865 — Джылэ зауэ.
- 1929 — Дипрессиэшхуэ кӀедзэ, къэралым иэкономикэмрэ икултурэмрэ Ӏэуэ йоуэ.
- 1941, 7 дыгъэгъазэм — японхэр Пиорл-Харборным тоуэхэ. АШЗ ЕтӀуанэ Дуней Зауэм хохьахэ, 8 дыгъэгъазэм Японым езэуэн кӀадзу.
- 1945, 6 — 9 шыщхьэӀум — атом шэ-топхэр Хиросимэмрэ Нагасакимрэ къалэхэм (Японым) ирадзых. 250 000 цӀыху хокӀуадэ, янэхъыбэр унагъуэ джылу.
- 1964—1973 — Виетнам зауэ.
Куейхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къэралыр штат 50 зэхэт, псоми ӀанатӀэ зэхуэдиз яӀу. Штат къэс езыхэм я конституциэ яӀа. Штатхэм яцӀэ нэхъыбэр къызыхэкӀыр индей лъэпӀкъхэм яцӀэхэра иэ Фрэнджымрэ Инджылызымрэ япщыхэм яцӀэхэм.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- 1790 — 3,9 мил.
- 1860 — 31,4 мил.
- 1900 — 76,2 мил.
- 1971 — 216,8 мил.
- 1983 — 234,2 мил
- 2000 — 275,6 мил.
- 2007 — 303,3 мил.
- 2009 — 308,0 мил.
Диныр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Джылэм янэхъыбэр Чыристэн динхэм пыл. Мыбы хуэду — 51 % протестантхэ; 29 % — католикхэ; 12, 1% — пэмыкӀ Чыристэн динхэ. Джурт дин — 1,7 %; Буддэ дин — 0,7%; Муслъымэн дин — 0,6 %; ПэмыкӀы дину — 2,5%. Тхьаншу — 4 %
Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ишъхъэрэ Америкэм и къэралхэр |
|
---|---|
Хуит къэралхэр | Антигуэрэ Барбудэрэ • АШЗ • Барбадос • Бахамэ хы тӀыгухэр • Белиз • Гаити • Гуатемалэ • Гренадэ • Доминикэ • Доминикан Республикэ • Канадэ • Костэ-Рикэ • Кубэ • Мексикэ • Никарагуэ • Панамэ • Салвадор • Сент-Лиусиэ • Сент-Винсентрэ Гренадинрэ • Сент-Китсрэ Невисрэ • Тринидадрэ Тобагэрэ • Хондурас • Ямайкэ |
ШӀыпӀэ щхьэхуимытхэр | Америкэ Виргин хы тӀыгухэр • Ангилиэ • Арубэ • Бермуд хы тӀыгухэр • Британиэшхуэ Виргин хы тӀыгухэр • Гуаделупэ • Гренландиэ • Кайман хы тӀыгухэр • Клиппертон • Кюрасауэ • Мартиникэ • Монтсеррат • Навассэ • Нидерлэнд Карибхэр • Пуерто-Рикэ • Сан-Андресрэ Провиденсрэ • Сен-Бартелми • Сен-Мартен • Сен-Пиеррэ Микелонрэ • Синт-Мартен • Тёрксрэ Кайкосрэ |
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
- ↑ "United States". Encyclopedia Britannica, 27 Oct. 2023, https://www.britannica.com/place/United-States. Accessed 28 October 2023.
- ↑ "Washington, D.C.". Encyclopedia Britannica, 21 Oct. 2023, https://www.britannica.com/place/Washington-DC. Accessed 28 October 2023.
- ↑ Amerika Ne Zaman Kuruldu? ABD Kuruluş Tarihi Ne, Ne Zaman Bağımsız Oldu?