ПсыпцӀэджэд
ПсыпцӀэджэд | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Rallus aquaticus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|
ПсыпцӀэджэд (лат-бз. Rallus aquaticus) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ТеплъэкӀи инагъкӀи мэкъупӀэджэдым хуэдизщ. ТхыцӀэр фӀыцӀэ-лыдщ, цы гъунэхэр гъуэжь-гъуабжафэу къекӀуэкӀыу. Ныбэ щӀагъыр щхъуэ-жырыфэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуропэм къыщыщӀэдзауэ КъуэкӀыпӀэ Жыжьэм нэгъунэ, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэм ипщэ лъэныкъуэм. Къаукъазым щымащӀэкъым. Орнитолог Росиковым 1884 гъ. зэригъувамкӀэ[1]Балъкъ псыхъуэм мылъэтэжу щопсэу. Уеблэмэ, мыбдежым бжыхьэм псыпцӀэджэдхэр нэхъыбэ щохъу, ищхъэрэ щӀыпӀэхэм къилъэтыкӀыурэ.
Уащыхуозэ тафэхэм, бгы лъапэхэм. Щогъуалъхьэ къамыл, ӀутӀанэ, бгъэн, нэгъуэщӀ псыудз кӀырхэм. Йосыф, псым телъ удзыпкъэхэм, тхьэпэхэм ирокӀуэф. ЩӀымахуэм щыплъагъунущ псы мыщтхэм ягъунэгъуу.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусым хохьэ псыудз, хьэмбылу, псыдыуэ, нэщӀэпкӀэ, псыцӀыв, н.къ.
Гу лъытэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Маламусов Х.Т. К биологии куриных птиц Кабардино-Балкарии. Уч. зап. Кабардино-Балкарского ун-та. вып. 12. 1961.
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |