Тафэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Тафэ

Тафэ (фр-бз. plage, ин-бз. beach) — псымрэ жьымрэ я Ӏерозиэм къагъэхъуауэ, хы Ӏуфэм ерэ дэтхэ нэгъуэщӀ псылъэ Ӏуфэми Ӏулъ щӀы захуэ.

Тафэхэр зэрызэхадз[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тафэ Ӏуфэм Ӏулъым елъытауэ, ахэр яугуэш пшахъуэ, зэхэпща е мывэкӀэщхъ тафэкӀэ.

Иныкъуэм деж гуп хэхауэ ябж къалэм ӀэрыщӀу дащӀыхьа тафэхэр. Абыхэм я нэхъыбапӀэм дыгъэ зебгъэу фӀэкӀа зыщыбгъэпскӀ хъунукъым.

Къызэрагъэсэбэп[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЦӀыхухэм тафэхэр и нэхъыбэм зыщагъэпсэхун, зыщагъэпскӀын, дыгъэ зрагъэун щхьэщ къыщӀагъэсэбэпыр. Абыхэм щхьэ иныкъуэ тафэ Ӏуфэхэм деж жьауэхэр, гъуэлъыпӀэ цӀыкӀухэр е нэмыщӀ гуэрхэр ягъэувхэр. Апхуэдэ тафэхэм «яухуакӀэ» йоджэ, апхуэдэ тыншыпӀэ тафэм имыӀэм «ямыухуауэ» йоджэ. Иныкъуэ «яухуа тафэхэм», хъумапӀэ станцрэ япэ дэӀэпыкъугъуэ пунктрэ яӀэщ.

Тафэхэм цӀыху куэд зэрыщызэхуэсым щхьэ, абыхэм унафэ трагъэхьэ тафэр къабзэу щагъэтыну. Абы къыхэкӀыу тафэр къабзэу щагъэтын щхьэ, иныкъуэ тафэхэм зыбгъэпсэхуну ущыдыхьэм деж ахъшэ ептын хуейщ.

Абыхэм нэмыщӀ тафэ Ӏуфэхэм деж псыр зэры чэнджым щхьэ, абдежхэм деж Ӏэщхэр псы ирагъэфэну Ӏуахуэ, щыгъын щажьыщӀ ерэ икӀи нэгъуэщӀ гуэрхэр щащӀэ.

Спортым епхауэ, тафэхэм деж щрагъэкӀуэкӀхэр — тафэ волейбол, тафэ футбол, тафэ гандбол икӀи нэгъуэщӀ джэгу къом.

Сэбэп зэрыхъухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Езы-езыуэ къэхъуа тафэхэм Ӏуфэ зыӀулъхэм я дежкӀэ мыхьэнэшхуэ яӀэщ. Тафэхэм деж псыр чэндж зэрыхъум щхьэ, псым и къарур абдежхэм деж мащӀэ мэхъури, Ӏуфэм Ӏулъхэр ӀуригъэлъэсыкӀкъым.

Абы къыхэкӀыуи тафэ Ӏуфэхэм пэгъунэгъуу пшахъуэ е мывэкӀэщхъ ипшыну ядэкъым. ЦӀыхухэми тафэхэр яхъумэн щхьэ, абыхэм я Ӏуфэхэм деж мол ӀуащӀыхь.

Гъуэзэджэ фактхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Дунейм и нэхъ кӀыхь дыдэ тафэр Бангладеш щыӀэщ — ар Кокс-Бэзэр къалэм и хы Ӏуфэм деж Ӏулъщ. И кӀыхьагъыр 125 км мэхъу[1].
  • Къалэ тафэ нэхъ кӀыхь дыдэр Бразилэм щыӀэщ — ар Копакабанэ и Ӏуфэм деж Ӏулъщ. И кӀыхьагъыр километриплӀ мэхъу[2].
  • Дунейм япэ дыдэу зыгъэпсэхупӀэу зэӀуаха тафэр — Аустралиэм и Сидней къалэм деж Ӏулъ Бонди тафэращ. Ар 1882 гъэм зыгъэпсэхупӀэ статус зиӀэ тафэу ятхауэ щтащ.
  • Псом нэхъ нэхъ къабзэ тафэу ябж — Кубэм и тафэ Варадерэ
  • Псом нэхъ нэхъ щэху тафэу ябж — Индонезиэм и тафэ Ломбок

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гулъытэгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]