МэкъупӀэджэд лъэпкъыр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
МэкъупӀэджэд лъэпкъыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: МэкъупӀэджэд лъэпкъыр
Латин цӀэр
Rallidae
Vigors, 1825


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176205
NCBI 9119

МэкъупӀэджэд лъэпкъыр (лат-бз. Rallidae) — къру хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.

Лъэпкъыгъуэ бжыгъэ къызэщӀеубэдэщ. Дэнэ щӀыпӀи щопсэу, Арктикэм къинэмыщӀа. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэр щӀыпӀэ хуабэхэм щыӀэщ.

МэкъупӀэджэдхэр щӀылъэ къуалэбзухэщ, хьэщӀапӀэу къыхах къэкӀыгъэ Ӏув здэщыӀэ щӀыпӀэ псыӀэ, псыпцӀэ, хыкъум Ӏуфэхэр. ПсынщӀэу къэкӀыгъэ Ӏувым щызокӀуэ. Лъэтэн къаухьэлъэкӀ, амал иӀэуи заӀэтынукъым, къэкӀыгъэхэм зыщагъэпщкӀуну нэхъ къыхах. ХытӀыгухэм щыӀэ лӀэужьыгъуэ гуэрэхэр лъэтэжыфхэкъым, куэдрэ фӀыуэ йос, я зы ныкъуэми псым фӀыуэ зыщӀагъэмбрыуэ.

Щогъуалъхьэ къэкӀыгъэ Ӏувхэм, абгъуэр фӀыуэ ягъэпщкӀу. Я зэ гъуэлъхьэгъуэр, зэрыхабзэщи, джэдыкӀэ къуэлэни 7-11. Анэми хъуми къызэдыраш махуэ 19-23-кӀэ. МэкъупӀэджэд лӀэужьыгъуэхэр щӀылъэрыгъуалъхьэхэщ, джэджьейхэр джэдыкӀэм къызэрипщу щӀопхъуэф, йосыф, ауэ лъэтэф щыхъур зэман текӀмэщ.

ЗэхэгъэкӀыгъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Лъэпкъ къуэдзэ Himantornithinae

Лъэпкъ къуэдзэ Rallinae

Лъэпкъ къуэдзэ Gallinulinae


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.