Кувейт
Кувейт Къэрал хьэр-бз. دولة الكويت | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «النشيد الوطني» | |||||
Щыхалъхьар | XVIII лъэхъэнэ | ||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 19 мэкъуауэгъуэ 1961[1] (зхэкӀар Британиэшхуэм) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | хьэрыпыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Эл Кувейт | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Эл Кувейт | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Конституциэ пэштыхьей[1] | ||||
Ӏэмир Премиер-министрым и пӀэ ит |
Сабах ас-Сабах Насер ас-Сабах | ||||
Диныр | Мыслъымэн дин, суннит егъэджэным щыщ | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
152-нэ дунем 17 818[1] км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2004) • Ӏувагъыр |
2 257 тыс.[1] цӀыху (136-нэ) 115 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2005) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$88,7 млрд. (38-нэ) $29 566 | ||||
Этнохоронимыр | Кувейтхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | Кувейт динар | ||||
Интернет-доменхэр | .kw | ||||
Телефон кодыр | +965 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +3 | ||||
Кувейт Къэрал Уикисурэтылъэм | |||||
Кувейт (хьэр-бз. كويت), и цӀэдыдэр псоуэ Кувейт Къэрал (хьэр-бз. دولةالكويت) — КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Эл Кувейт.
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кувейтым Къажэр хыжэм и ӀуфапӀэм Ӏохьэ (220 км и кӀыхьагъкӀэ ирикӀу), абым хы тӀыгуипщ хуэдиз хэту иӀэ. ШӀымкӀэ и гъунапкъэр къэралитӀым Ӏохьэ - Иракум ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ, Сауд Хьэрыпейм ипшъэмкӀэ. Къэралым и нэхъ лъэгапӀэр - 281 метрэ хым елытыгъуэкӀэ, къэралым и ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэлъ.
ШӀыпӀэр заху щыт хы Ӏуфэм и гъунэгъупӀэхэм дежькӀэ, къэралыкумкӀэ къуэкӀэ-бгыкӀыу макӀуэ. Ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ губгъуэ нэкӀыу щыт, нывэ фӀэкӀа имылъу, ипшъэмкӀэ - пшэхъуалъу.
Климэтыр - тропик, гъушъэ. Курыт темперэтурэр бадзэуэгъуэм - 37° С, щӀышылэм +13° С. Гъэпсом ежэх псырэ псынэпс къыкӀэжрэ къэралым иӀэкъым, псыр лэжьыгъэкӀэ къыхахыр.
ШӀыр нэхъыбэм пшыхъу щыт, елэжьыным хуэмыгъэлъытауэ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кувейтым и шӀыпӀэм пэсырей лъэхъэнэхэм щыкӀэдзауэ цӀыху ист. Ар археологиэмкӀэ къыкӀаха Ӏэмэ-псымэхэм къаӀуатэ Фейлака хы тӀыгум Кувейт хыжэм и дэхьэпӀэм хэтым къыщаагъуэтахэм.
Лъэхъэнэ курытхэм Кувейтыр Хьэрыпхэм я хэлифатым хэта, Ӏумайад лъэпкъым я ӀэнатӀэм кӀэту (661-750 гъэхэм), яужым - Ӏэббасид лъэпкъым (750-1258 гъэхэм).
XIII-XV лъэхъэнэхэм Кувейтым тетахэр езым щыщ хьэрып лъэпкъхэм я пщыхэр. XVI лъэхъэнэм хэкум Португалым и ӀэнатӀэр къыхохьэ, абым теухуаэ хьэрып пщыхэр Уэсмэн империэм къэру дэӀэпыкъуэгъкӀэ кӀолъаӀуэ.
XVII лъэхъэнэм Кувейтым и шӀыпӀэр стрэтегиэмкӀэ мыхьэнэ зэриӀэм шъхьэкӀэ зэпэубыдыгъуэ мэхъу Уэсмэн империэм, Британиэшхуэм, Фрэнджым, Къажэрым джоуэ. ТхылъхэмкӀэ Кувейтыр Уэсмэн империэм и ӀэнатӀэм кӀэтт - ӀохумкӀэ хэкур зыӀыгътэр къэралым щыщ хьэрып пщыхэрат.
1756 гъэм шейх Сабах ибн Джабер ас-Сабахым Кувейтым и лъэпкъ-куейу хъуар зэгуигъэхьэри, зы Ӏэмират зэгуэт ишъа. XVIII лъэхъэнэм и кӀэм Кувейтымрэ Британиэшхуэмрэ зэпылъын кӀадзэ. 1793 гъэм Кувейтым фракциэ зэӀуах британым и «Ост Индиэ компаниэ».
Кувейтыр абым къыздынэсым Уэсмэн империэм хэту щытт тхылъхэмкӀэ ауэ къэралыгъэ Ӏоху хъуар езы къэралым шъхьэхуиту зэфӀигъэкӀт.
Британиэшхуэм и ӀэнатӀэр хэкум хэхъуэт куэдуи - 1899 гъэм Кувейтыр Британ империэм и протекторатым хохьэ. 1927 гъэм къэралым и иджырей гъунапкъэхэр зэфӀоувэ.
1961 мэкъуауэгъуэм и 19 Кувейтыр къэрал хуит хъуа. Ираку гънэгъумрэ Кувейтымрэ я Ӏохухэр куэдрэ зэӀыхьэуэ щыта, шӀыпӀэзэпэубыдыныгъэхэм теухуауэ, абым шъхьэкӀэ Кувейтым зэман гуэрэм Британиэшхуэмрэ пэмыкӀ хьэрып къэралхэмрэ я дзэхэр дэта.
1990 шышъхьэӀум и 2 иракум и дзэр Кувейтым ихьэхэ, пэщытыныгъэ кӀэкӀым яуж Иракум Кувейтыр аннексиэ зэришъар къиӀохуа. А ихьэгъуэм яужым зауэ къыхэкӀа Къажэр хыжэм зы лъэныкъуэр Иракум иӀыгъу ЛъЗ-мрэ АШЗ-мрэ абым пэщыту, зауэр Иракум пэщытхэм я текӀуэныгъэкӀэ иуха. Кувейтым и хуитыныгъэр къыштэжьа, ауэ къэралыр Ӏэуэ зэхэкъутат зауэ нэужым, и фатэгын лъэжыгъэхэми мафӀэ зэркӀадзам шъхьэкӀэ экономикэм и Ӏохухэр хьэлъэт.
Бэлыхьэ иӀэм емылъытауэ къэралыр псоуэ зэфӀэувэжьа.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кувейтым и джылэр 2004 гъэмкӀэ зэрыхъутэр 2 257 мин цӀыху. Езы хэкум щыщу джэлэм щыщыр 40% къуэдей. Адрей 60% хэтхэр мигрантхэра - пэмыкӀ хьэрып къэралхэм, Къэжэрым, Пакистаным, Индиэм, Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм щыщ. Джылэм и ныкъуэм хуэдиз - 1, 6 млн. цӀыху, къалэ нэхъышъхьэм дэсхэ - Эл Кувейтымрэ хьэблэ къыбгъэдэтхэмрэ.
къэралым и нэхъышъхьэ дину щытыр мыслъымэныгъэ суннэт егъэджэным щыщу - абым пылъыр джылэм и 85%. ПэмыкӀ дину къэралым - чыристэныгъэ, хиндуигъэ, буддэдин, заратуштрыгъэ пэмыкӀхэр джоуэ.
Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кувейтыр конституциэ монарх ӀэнатӀэ зиӀэ къэралу щыт. Иджырей и конституциэр къыщыдагъэкӀар 1962 шъакӀуэгъуэм и 16.
Къэралым и тхьэмаду тетыр Ӏэмир, абым пэмыкӀыу къэралым и дзэзэшыуи щытыр. 1756 гъэм щыкӀэдзауэ къэралым и ӀэнатӀэр зыӀыгъыр лъэпкъ закъуэ - Ас-Сабаххэра
Парламентыр илъэсиплӀкӀэ хах, зы лъэныкъу щыт Лъэпкъ Ассамблеэ, хабзэ дэгъэкӀыр и лэжьыгъу. Ӏэмирым вето пӀалъэ иӀэ парламентым хабзэ къыдигъэкӀыу хъуамкӀэ.
Къэрал-хэхыгъуэм хэтыфхэр еджа хулъхугъэ къэдейхэра, илъэс 21 зи ныбдж фӀэкӀа, Кувейтым 1920 гъэм нэгъунэ дэтӀысхьэхэр иэ илъэс 30 текӀахэр зэр дэсрэ, къэралым хэгъэзыхьэ хъуауэ.
Кувейтыр Къэжэр хыжэм и къэралхэм нэхъ япэрей хэдэ хабзэ дэгъэкӀ ӀэнатӀэ зиӀэр.
Хабзэ гъэзанкӀэ ӀэнатӀу къэралым щытыр Министырхэм я Хасэ, абым и тхьэмаду щытыр конституциэмкӀэ Ас-Сабах лъэпкъым щыщ пщыкъуэра, пщым яужкӀэ ипӀэ иувэнур.
Кувейтым политикэ партиэхэр къэмыдауэ щыт, щыӀу хъуар хэбзэншэху мэлажьэхэ.
Администрациэ гуэшыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кувейтыр унитарий къэралу щыт, администрациэмкӀэ хэку 6 мэгуэш, ахэри я кӀуэцӀым куейкӀэ гуэшыжху.
Хэкур: | Администрацэм и къалэр: | И инагъыр, км²: | Кувейт и администрациэ гуэшыгъуэм и шӀыпӀэтхыпхъэ |
---|---|---|---|
Эл Ахмади | Эл Ахмади | 5 120 | |
Эл Асима | Эл Кувейт | 200 | |
Эл Фарваниэ | Эл Фарваниэ | 190 | |
Эл Джахра | Эл Джахра | 12 130 | |
Хавалли | Хавалли куей | 84 | |
Мубарак ал Кабир | Мубарак ал Кабир | 94 |
Экономикэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кувейтым и экономикэр зтетыр фатэгын къыкӀэхынымрэ и экспортымрэ, абым пэмыкӀыу фатэгынхимиэрэ фатэгыным елэжьыгъэнымрэ. ВКӀуП-м и 50% зэрзэфӀэувэр фатэгыным къыхэкӀыурэ, 45% - гъушӀэс лэжьыгъэм. Фатэгын компаниу хъуар лъэпкъэгъу шъахэ, зы къэмыну къэралым ехэ.
Фатэгын къыкӀэхыныр щыкӀадзар 1930 гъэхэм ядежь; абым ипэкӀэ къэралым лэжьыгъу иӀэр былым зэхуэнрэ оазыс-хадэ лэжьыгъэрэ. Фатэхын къыкӀэхынымкӀэ Кувейтыр дунем ещанэреуэ щыт Сауд Хьэрыпеймрэ Къажэрымрэ яуж иту. Илъэс къэс къэралым 100 млн. тоннэ фатэгыну къыкӀах.
Къажэр хыжэ зауэр Ӏэуэ къэуа Кувейтым и экономикэм, ауэ 1992 гъэм зауэпэм зэрщитам хуэдэу зэфӀагъэувэжьа.
2000 гъэм ВКӀуП-р 29,3 млрд. $. хъуа. ЩэхуакӀуэмкӀэ нэхъ къыпылъу щытхэр - АШЗ, Британиэшхуэ, Япон, Сингапур, Нидерлэндхэр, Джэрмэныр джоуэ.
Къэралым и 1% шӀыпӀэм щыщу хадэ елэжьынымкӀэ къэбгъэсэбэп хъууэ иӀэр.
Кувейтым и ахъшэр - кувейт динар 1000 филс хуэдиз хъур.
Дзэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]2002 гъэмкӀэ Кувейт и Дзэм хэтым я бжыгъэр 15, 5 мин цӀыху мэхъур + 23, 700 резервым хэту. Къулыкъур армэм илъэситӀкӀэ яхьыр. Дзэхэр зэрзэхэкӀхэр: езы дзэр (щӀым щызауэр), уэгу-зауэдзэ, уэгу-хъумакӀуэдзэ, хыдзэ.
Дзэм и Ӏэшэхэр НАТО-мрэ Урысеймрэ къыдагъэкӀахэра - танк М1А2 «Абрамс», пхырымыудмашинэ M113, БМП-1, БМП-2, кхъухьлъатэ F/A-18С, вертолот SA-342K, ракеткхъухь P-37 BRL пэмыкӀхэр.
2001 гъэм зауэ буджэтыр Кувейтым 8,7% къэралым и ВКӀуП-м хъуа.
ТехэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кувейт Уикисурэтылъэм? |