Jump to content

Континент

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Контине́нт (лат-бз. continens) — шӀыпӀэ нэхъ ину щытыра, адрей нэхъ цӀыкӀу щыӀэхэм ямыхьчыр иэ шъэныгъэхэм къыхагъэкӀхэр хэкумэтхымкӀэ: океанхэм, этнографиэхэм епхаху.

Шъэныгъэ къежьэным и тхыдэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Япэрей къэӀохугъуэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Япэреуэ континентхэм хуэду шӀыпӀэхэр зэхэзгъэкӀын кӀэзыдзахэтэр пэсырей алыдж хызекӀуэхэрат, Эгейм, Дарданелхэм, Мармарам, Босфорым, Хы ФӀыцӀэм я зэхуакум дэлъ шӀыпӀэхэр тӀууэ зэхагъэкӀахэт, зы лъэныкъуэм Еуропэ траӀуауэ адрем Азиэ[1]. Яужым Пэсырей Алыджым и шъэныгъ хулъхугъэхэм тепсэлъыхьын кӀадза Африкэм (апщыгъуэм Ливиэ цӀэ зезыхьэтэм), Азиэм и зы лъэныкъу хэбжэным иэ дунем и ещанэ лъэныкъу бжыным, икӀэм къыхэхар ШӀыгур лъэныкъуищкӀэ зэхэгъэкӀыным[2]. Апхуэдэм дежь алыджэхэм къазэрыщыхъутэр Эгей хыр дунем и кум иту, Азиэр - куэкӀыпӀэмкӀэ пэщылъу, Еуропэр - къуэхьэпӀэмрэ ишъхъэрэмрэ, Африкэр - ипшъэм.

Япэрейдыду Еуропэмрэ Азиэмрэ я гъунапкъэ зэхуаку ягъуватэр Хы ФӀыцӀэм хэлъадэ псы Риони (апщыгъуэм цӀэ зэрихьэтэр Фазис) иджырей Курджым. Яужым гъунапкъэр Керч Ӏузэвым нэса, Хы МыутӀэмрэ Тэнымрэ ирикӀу, иджырей Урысейм.

Нил и псыхъуэр пэсырей зэманыгъуэм Африкэмрэ Азиэмрэ я гъунапкъу щыта. V лъэхъэнэм Геродотыр абым хуэмыарэзы хъуа, Мысырыр континетитӀым я зэхуакум гуэчауэ щыту, абым щыгъуэ Мысырыр Азиэм хэту щыт хъуа. Абым пэмыкӀыуи лъэныкъуищ гуэчыгъуэм пэщыта, шӀыр зыуэ, зэпымыч псоуэ щыту гупшысыгъуэм пылъу, а гупшысыгъуэр илъэс минитӀрэ ныкъуэрэ текӀа яужуи щыӀэ.

XVI лъэхъэнэм щыкӀэдзауэ инджылыз псалъэ «continent» къожьэ. Ар къызхэкӀар «continent land» (шӀы зэпымыч, шӀы псо), абым ипэкӀэ езыр къызтекӀар латин псалъэ «terra continens»[3]. Ар шӀыпӀэшхуэ къуэдейхэм шъхьэкӀэ къагъэсэбэптэкъым, абым хуэду, XVII лъэхъэнэм Уэлс хэкум, Кентым, Ирлэндым, 1745 гъэм Суматрэми джоуэ континету траӀуахэт. Псалъэ «continent» пэсырей алыдж, латын тхыгъэхэм къыхахат, дунем и лъэныкъуищым зэреджу зэрагуэчхэтэмкӀэ, ауэ, абым яужым мыхьэнэ халъхьар зэрихьэтэкъым. Континент псалъэр шӀыпӀэ мы инхэм шъхьэкӀэ къызэрагъэсэбэпым шъхьэкӀэ хэкумэтх шъэныгъэм пылъ хулъхугъэхэм аргуэру къаӀэта пэубыдыгъэ Геродот зэрихьатэр - сытым шъхьэкӀэ шӀыгум и лъэныкъуэшхуэр континентитӀу гуэчауэ щытын кӀыхуер. XVII лъэхъэнэм и кум, инджылыз шоджэн тхыдэм пылъа Гайлиным и тхылъ «Cosmographie» - «Континентыр шӀыпӀэм и лъэныкъуэ нэхъ ину щытыра, хым зэпимыупкӀыу, псоуэ щытыр, Африкэм, Азиэм, Еуропэм яхуэду». 1727 гъэм, инджылыз энциклопедист Ефрем Чамберсым и «Cyclopædia»-м етхыр: «дунер шӀыпӀэшхуитӀкӀэ мэгуэчыр: жъымрэ кӀэмрэ джоуэ». Апхуэдэм, 1752 гъэм Эмануил Бовэным и атласым континентым гурыӀуэгъуэ хилъхьар: ШӀыгум и гъушъэ лъэныкъуэшхуэра, къэрал бжыгъэхэр хиубыду, псым гъунапкъэ ишъхэм ямылъытауэ. Абым хуэду Еуропэ, Азиэ, Африкэ - зы континентышху, Америкэр пэмыкӀ континентышху. ТӀум щыгъуи пэсырей гупшысэгъуэ щыӀар - Еуропэ, Азиэ Африкэр дунем и лъэныкъуищ зэрыз джоуэ - иджыри къыздынэсым лъэшу щыт.

Континентхэм я моделхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЗэрыхъумкӀэ, зэгъэзэхуауэ, псоуэ зы модел континентхэм яӀэкъым, ар зытеухуар шъэныгъэхэр зэрзэшъхьэщыкӀыра лъэныкъуэ щыӀэ бжыгъэхэм. Ар зэфӀэгъэкӀыным шъхьэкӀэ шъын хуэейхэр: Еуропэмрэ Азиэмрэ я гъунапкъэр зэгъэзэхуэн (Еуразиэ) - ар зы лъэныкъуэм, Ишъхъэрэмрэ Ипшъэ Америкэмрэ я гъунапкъэ (Америкэ) пэмыкӀ лъэныкъуэм. Губшысыгъуэ бжыгъэ къыхокӀыр Еуропэр, Азиэр, Африкэ джоуэ зы континенту щытынху Афрэеуразиэ джоуэ.

Континентибл моделым здыпылъхэр къэралхэм: Китаимрэ инджылыбзэ зезыхьэ къэралхэмрэ. Континентих моделым (Еуразиэр зыхиубыдэр) - Урысеим, КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, Японым я хэкумэтх лъэпкъэгъухэм. Континентих (Америкэр зыуэ) - Америкэ Латиным, Еуропэм и ипшъэ лъэныкъуэм хэт къэралхэм Алыджым, Португалым, Эспаниэм, Урымым джоуэ.

КонтинентиплӀ[4][5][6]
       Америкэ
          Афрэеуразиэ
    Хы ТӀыгуей     Антарктидэ.
Континентитху     Ишъхъэрэ Америкэ     Ипшъэ Америкэ
          Афрэеуразиэ
    Хы ТӀыгуей     Антарктидэ.
Континентитху[4][5][6]
       Америкэ
       Еуразиэ
    Африкэ     Хы ТӀыгуей     Антарктидэ.
Тху абыхэм пэмыкӀыу Антарктидэри[5][6]
       Америкэ
    Азиэ     Еуропэ     Африкэ     Хы ТӀыгуей     Антарктидэ.
Континентих[7][4]     Ишъхъэрэ Америкэ     Ипшъэ Америкэ
       Еуразиэ
    Африкэ     Хы ТӀыгуей     Антарктидэ.
Континентибл[7][8]     Ишъхъэрэ Америкэ     Ипшъэ Америкэ     Азиэ     Еуропэ     Африкэ     Хы ТӀыгуей     Антарктидэ.

Континентхэм я зэщымыщ моделхэр:

Континентхэм я инагъымрэ джылу ярысымрэ (Континентиблым я модел)
ШӀыпӀэр Джылэр Ӏувагъыр Графикыр
Континентыр км² % 2008 гъэ % цӀыху/км²
Азиэ 43,810,000 29,5 3,879,000,000 60,0 86,7
шӀымрэ джылу исымрэ и зэгъэлъытэгъуэ
Дунем и джылэр континентхэмкӀэ
Африкэ 30,370,000 20,4 922,011,000 14,0 29,3
Ишъхъэрэ Америкэ 24,490,000 16,5 528,720,588 8,0 21,0
Ипшъэ Америкэ 17,840,000 12,0 382,000,000 6,0 20,8
Антарктидэ 13,720,000 9,2 1.000 0,00002 0,00007
Еуропэ 10,180,000 6,8 731,000,000 11,0 69,7
Хы ТӀыгуей 7,600,000 5,9 32,000,000 0,5 3,6
  1. Тхыдэ зэгъэшъэныгъэ. Лондон. А. Дж. Тоунби. 1954 гъ. т. 8, нап. 711-12. Тхылъ (индж.)
  2. Пэсырей хэкумэтхым и тхыдэр. Кэмбридж. Г. Ф. Тозер. 1897 гъ. нап. 67. Тхылъ (индж.)
  3. «Continent» Оксфордым и инджылыз псалъалъэ кӀэкӀыу тхар. 2006 гъ. К. Соуэнс А. Стивенсон. 2006 гъ. Тхылъ (индж.)
  4. 4.0 4.1 4.2 "Континент". Колумбиэ Энциклопедиэр. Колумбиэ университетым и къэӀохугъуэхэр. Ниу Йорк. 2001 гъэ.(индж.)
  5. 5.0 5.1 5.2 Зы Океан, Энциклопедиэ псалъалъэрэ Дунем и атласымрэ, "Continente", нап. 392, 1730. ISBN 84-494-0188-7(индж.)
  6. 6.0 6.1 6.2 Континентитхур (The Five Continents), Планетэ - Де Аугустини къыдэгъэкӀыгъуэ, 1997 гъэ. ISBN 84-395-6054-0(индж.)
  7. 7.0 7.1 "Континент". Британикэ Энциклопедиэ. 2006 гъэ. Чикаго, Inc.(индж.)
  8. Дунер, National Geographic - ЗекӀуэ Атлас. Уашингтон, 2006 гъэ: National Geographic и Лъэпкъэгъу.(индж.)