КӀах Адыгэбзэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(КӀахэбзэ къызыхэкӀар)
КӀахыбзэ
Къэралхэр: Урысей (Адыгэ Республикэ, Краснодар щӀыгу), Тырку, Йордан, Исраел
Ирипсалъэхэм я бжыгъэр: ~500,000
Классификациэ
Категориэ: Еуразиэм и бзэхэр
Ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэ (псом къамылъыта)
Абазэ-адыгэ унагъуэбзэ
Адыгэбзэ гуп
Тхыбзэр: кирилл хьэрыф
Бзэ кодхэр
КъэралСтандарт 7.75–97: каа 250
ISO 639-1:
ISO 639-2: ady
ISO 639-3: ady

КӀахыбзэ йэ КӀах псалъэ (ин-бз. West Circassian, урбз. Адыгейский язык) — шапсыгъхэм, абдзэххэм, натхъуэджхэм, бжъэдыгъухэм, кӀэмыгуейхэм я тхыбзэр зэрзэфӀэтыр. Адыгеймрэ Хы ШӀуцӀэ Ӏуфэмрэ щыпсэу адыгэхэм я бзэ.

КӀахыбзэ Диалектхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыпкъылъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КӀэмгуэй хьэрыфылъэ ( КӀах тхыбзэр зытет )

А а Б б В в Г г Гу гу Гъ гъ Гъу гъу
Д д Дж дж Джъ джъ Дз дз Дзу дзу Е е Ё ё
Ж ж Жъ жъ Жъу жъу Жь жь З з И и Й й
К к Ку ку Къ къ Къу къу КӀ кӀ КӀу кӀу
Л л Лъ лъ ЛӀ лӀ М м Н н О о
П п ПӀ пӀ ПӀу пӀу Р р С с
Т т ТӀ тӀ ТӀу тӀу У у Ф ф
Х х Ху ху Хъ хъ Хъу хъу Хь хь
Ц ц Цу цу ЦӀ цӀ Ч ч Чъ чъ ЧӀ чӀ
Ш ш Шъ шъ Шъу шъу ШӀ шӀ ШӀу шӀу Щ щ
Ъ ъ Ы ы Ь ь Э э Ю ю Я я
I Ӏу

а [a] макъ кӀыхьыр къегъэлъагъуэ. Ипэм щитым деж адрей бзэхэм къызэрыщеджэм хуэдэкъым. Псалъэм папщӀэ, урысыбзэкӀэ арбуз жаӀэу ятхыр адыгэбзэкӀэ Ӏэрбуз жыпӀэу тхын хуейщ.

э [ă] макъ кӀэщӀыр къегъэлъагъуэ. Урысыбзэм хэт "а"-мрэ "о"-мрэ щытемыгъэщӀапхъэм деж, абы ещхьу къеджэн хуейщ. Ипэм зэикӀ ирагъувэркъым. Ар псалъэм ипэм щигъэувапхъэм деи "а" ягъэув.

б [b] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар урысыбзэм хэт "б"-ми, инджылызыбзэм хэт "b"-ми ещхьщ.

в [v] макъыр къегъэлъагъуэ. Зыхэтыр къэбэрдеймрэ иджырей шэрджэсымрэ беслъэнеймрэ ябзэращ. Адрейхэм ябзэм хамэбзэм къыхэкӀыу къыхэхьа псалъэхэм фӀэкӀ хэткъым. Абы ипӀэкӀэ е [ż°], [ċ°] е [dż°] къокӀӀуэ, ауэ абыхэм иджыри дытепсэлъыхьынущ.

г [ğ] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар "г" "х"-м ещхьу къыщыппсэлъкӀэщ щыхъур. Хамэбзэ псалъэхэм [g] макъыр къыщегъэлъагъуэ.

гу [g°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр къэпсэлъын щхьа [g] макъым игъусэу [w] жыӀэн хуейщ.

гъ [γ] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар шхын ехыпӀэ Ӏупхъуэр щыкӀэзызкӀэ къикӀ макъщ. Нэмыцэбзэмрэ францыбзэмрэ я R пхъашэм ещхьщ.

гъу [γ°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [γ]-рэ [w]-рэ, а [g°] къызэрапсэлъыу жыхуэсӀам хуэдэу, зэщӀыгъуыу къэппсэлъымэ мэхъу.

д [d] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар урысыбзэми, инджылызыбзэми хэтым ещхьщ.

дж [dž´] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [č´] макъым и къэхъукӀэу, ауэ жьгъыжьгъыу щыту аращ. Нэхъ захуэу тхын хъумэ, мыр "джь"-уэ тхын хуейт, сыту жыпӀэмэ, абазэбзэм хэт "дж"-р тӀэкӀу нэгъуэщӀщи (дыдейм ещхьыр абазэбзэ "джь"-ращ). Инджылызыбзэм хэт "j"-м къызэреджэри аращ.

дз [dz] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр нэхъ ипэкӀэ стхам ещхьщ, ауэ [d]-рэ [z]-рэ щызэгухьэкӀэ къыхъуу аращ.

дзу [dż°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр къэбэрдеибзэм хэткъым. Зыхэтыр кӀахэбзэращ. Ар зыхэт псалъэ закъуэ-тӀакъуэхэм абы ипӀэ къэбэрдейм [v] жаӀэ. Мыр [d]-рэ [ż°]-рэ щызыгуэхьэкӀэ къэхъу макъщ. [ż°]-м и къэпсэлъыкӀэм иджыри сытепсэлъыхьынущ.

ж [ž] макъыр къегъэлъагъуэ. Урысыбзэм хэтым ещхьщ.

е псалъэм ипэм е макъ зешэм къыкӀэлъыкӀуэ къыщыкӀуэкӀэ [ja] къегъэлъагъуэ. Адрейхэм [e] макъыр къегъэлъагъуэ.

ё адыгэбзэм хэткъым, ауэ урысыбзэм къыхэкӀа псалъэхэм хэтынкӀэ мэхъу.

жъ [ż] макъыр кӀахэбзэм къыщегъэлъагъуэ. Мыр [ž] макъыр [z] хуэдэу къэппсэлъымэ аращ щыхъур.

жъу [ż°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыри зыхэтыр кӀахэбзэращ. ЗэрыжысӀащи мыбы ипӀэкӀэ къэбэрдеибзэм [v] къокӀуэ. Мы макъыр [w] бгъэзууэ къыщыппсэлъкӀэ мэхъу.

жь кӀахэбзэм [ž´] макъыр къыщегъэлъагъуэ, къэбэрдеибзэм [ż] макъыр къыщегъэлъагъуэ. [ž´]-р [š´]-м ещхьщ, ауэ макъ жьгъыжьгъщ.

з [z] макъыр къегъэлъагъуэ. Урысыбзэми инджылызыбзэми хэт [z]-м хуэдэщ.

и псалъэм ипэм е макъ зешэм къыкӀэлъыкӀуэ къыщыкӀуэкӀэ [jı] къегъэлъагъуэ (псалъэм папщӀэ, ибэ [j́ıba], щӀэин [ś'ajın]). Адрейхэм [i] макъыр къегъэлъагъуэ (псалъэм папщӀэ, зыри [zıri]).

й [j] макъыр къегъэлъагъуэ.

к [k] макъыр къегъэлъагъуэ. [kh]-уэ жыпӀи хъунущ, сыту жыпӀмэ, [k]-р [h]-м хэхьэж хуэдэу къапсэлъыри. Псалъэ закъуэтӀакъуэмрэ хамэбзэ псалъэхэмрэ фӀэкӀа хэткъым.

ку [k°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [k]-рэ [w]-рэ щызэгухьэкӀэ хъу макъщ; нэхъ ищхьэкӀэ [g°] къызэрапсэлъыу жыхуэтӀам хуэдэу мыри къапсэлъ.

кхъ [q] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [q']-р [x]-м хэхьэжу къэпсэлъын хуейщ. Зыхэтыр къэбэрдеибзэмрэ беслъэнеибзэращ, ауэ шапсыгъыбзэмрэ бжьэдыгъубзэмрэ мыбы нэхъ ещхьу макъ къапсэлъ. Арщхьа абыхэм къ хьэрф фӀэкӀа къагъэсэбэпкъым.

къ и нэхъыбэм [q'] макъыр къегъэлъагъуэ, ауэ [q] макъым нэхъ ещхьыу къапсэлъынкӀи мэхъу (п.п., шапсыгъхэмрэ бжьэдыгъухэмрэ). Мыр [g] макъым тӀэкӀу ещхьщ, ауэ джийм къокӀ, жьыр быударэ зэуэ къыщибгъэкӀкӀэ.

къу и нэхъыбэм [q°'] макъыр къегъэлъагъуэ. Ар [q']-мрэ [w]-мрэ зэгъусэу къыщыппсэлъкӀэ къокӀ; [q']-р джийм къикӀыу, [w]-р ӀупэкӀэ щӀыбгъужыу.

кӀ е [č´'], е [k´'], иныкъуэхэм деи [k'] къегъэлъагъуэ. [č´'] макъыр [č´] хэкъузауэ къыщыппсэлъкӀэ мэхъу. Япэм абы ипӀэ къапсэлъыу щытар [k´'] макъыращ; ар [k´] макъыр хэкъузауэ къыщыппсэлъкӀэ мэхъу. Нобэ ар къэзыпсэлъхэр джылахъстэнейхэмрэ, хыӀуфэ шапсыгъхэмрэ, ӀэщӀыбым щыӀэ адыгэхэмрэщ. Мы хьэрфыр псалъэ закъуэтӀакъуэм [k']-уэ къыщапсэлъ (п.п., шкӀэ, ткӀий, ӀэшкӀэ).

кӀу [k°'] макъыр къегъэлъагъуэ. Мы макъыр [k']-мрэ [w]-мрэ зэгъусэу къыщыппсэлъым мэхъу.

л [ĺ] макъыр е [l´] макъыр къегъэлъагъуэ. [ĺ] макъыр адыгэбзэ фӀэкӀа нэмыщӀыбзэхэм хэту къыщӀэкъынукъым. Ар къыщыппсэлъкӀэ бзэгупэр ищхьэ дзапэфӀанэхэм я лъащӀэм нэмысу Ӏущхьэм кӀэрыпкъузэу жьыр лъэщу бгъэвуун хуейщ. Адыгэм языныкъуэхэм [l´]-уэ къапсэлъ. Ар урысыбзэм "ль"-м къызэреджэм ещхьщ.

лъ [ł] макъыр къегъэлъагъуэ. Мы макъыри къыщыппсэлъкӀэ бзэгупэр ищхьэ дзапэфӀанэхэм я лъащӀэм нэмысыпэу кӀэрыкъузэн хуейщ, ауэ жьы къипгъэкӀыр бгъэвуунукъым.

лӀ [ł'] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [ł]-м ещхьщ, ауэ къыщыппсэлъкӀэ джийми макъ къигъэӀукӀын хуейщ. КъэпсэлъыкӀэу 2 иӀэщ.

м [m]

н [n]

о Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм [o] къыщегъэлъагъуэ, Адыгэ Республикэм [wă] къыщегъэлъагъуэ (хамэбзэ псалъэхэм нэмыщӀ). Къэбэрдеибзэм хэт [o]-р е [ă]-м къыхокӀ (п.п., сощӀэ / сэшӀэ), е [aw]-м къыхокӀ (п.п., дотэ / даутэ).

п [p].

р [r]

с [s]

т

у [w]

ф [f]

х

I [?] макъыр къегъэлъагъуэ (едэӀуэн). Мы макъыр [q'] макъым ещхьу къапсэлъ, икӀи а макъым къыхокӀ, е, нэгъуэщӀыу жыпӀэмэ, мы макъым ипӀэкӀэ япэм [q'] къапсэлъыу щытауэ жыпӀэ хъунущ. Нобэ къыздэсым адыгэм [?] макъым ипӀэ [q'] къэзыпсэлъ яхэтщ, псалъэм папщӀэ, убыххэм, хьэкӀувхэм. Мы макъыр зыхэт адыгэ псалъэхэм хуэзэ адзыгъэ псалъэхэм мыбы ипӀэ къакӀуэр [q'] макъыращ (п.п., ад. Ӏэзэ - адз. aq'aza). Адыгэми адзыгъэми я сабийхэм псалъэкӀэ зыщырагъащӀэм деж [q'] къапсэлъыу щӀадзэн ипэ [?] къапсэлъ. ИкӀи, нэхъ ищхьэкӀэ зэрыстхащи, [q'] макъыр [?] макъым хуокӀуэ (п.п., къэбэрдей адыгэхэм "-къым" суффиксым ипӀэ "-Ӏым" къапсэлъ). Мы макъым и къэпсэлъыкӀэр гурыгъэӀуэгъуейщ, ауэ урысыбзэ, тыркубзэ е нэмыщӀыбзэхэм макъ зешэхэм ипэ и нэхъыбэм итщ мыр. НыгъуэщӀыу жыпӀэмэ, мы макъыр къэпсэлъын щхьэкӀэ макъ зешэ гуэр жьыр къыумыгъэкӀыу быубыдарэ зэуэ къигъэӀукӀын хуейщ.

Ӏу [?°] макъыр къегъэлъагъуэ. Мыр [?] макъымрэ [w] макъымрэ зэгъусэу къыщыппсэлъкӀэ къокӀ. НыгъуэщӀу жыпӀэмэ, джиймкӀэ [?] къыбогъэкӀ, ар къыщикӀ дыдэми ӀупэкӀэ [w] къыбопсэлъ.