Псыжъ
Псыжъ | |
---|---|
![]() | |
Псыжъ | |
КӀыхьагъыр: | 870 км |
Псыхъуэм и инагъыр: | 57 900 км² |
Хэкур: | Урысей |
![]() | |
![]() |
Псыжъ (абаз.: Къвбин, ал-бз.: Гипанис, къэр.-бэлъ-бз.: Къобан, урбз. Кубань) — псыхъуэ Урысейм, Къэукъаз Ишъхъэрэм идежь.
ИцIэр[гъэтэрэзын | edit source]
Псыжъ (Къвбин, Кубань, Къобан, Губан) 300 ящищ зыцlэ, псым зэрихьам. Къэрал здежэххэр: Къэрэшей-Шэрджэс, Ставропол къэралым, Адыгейм, Краснодар къэралым. Хы мыутlэм здыхэхьам идежь хы тlыгу ин ешъыр зэгуэкlыу 4300 км² хуэдизу.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Iуашъхьэ Махуэ илъэгум ежэхын кlедзэ Псыжъ. Икlыхьагъыр 906 км. мэхъу. Усть-Лабинск къалэм къыщыкlэдзауэ псыхъуэм кхъухьхэр ирокlуэ.
Исэмырабгъумкlэ хэлъадэ псыхэр:
Абыхэми нэхъ псы цlыкlу хэлъэдэхэми ядэкlыгъу. Ижьэгъурабгъумкlэ хэлъадэ псыхэр:
14 000 мэхъу псори зэхэту Псыжъ псыуэ хэлъадэр. Илъэсишъэкlэ Псыжъ зэркlэлъыплъам, илъэсым псыуэ иригъэжэхыр, уэшхэпсымрэ уэсэпсымрэ къыхэкlыр (65 %), къушъхьа мылхэм къахэкlыр (20 %), псынэпсхэм къахэкlыр (15 %) 13,5 км³ хуэдиз мэхъур.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Илъэс мин бжыгъэкlэ узэlабэкlыжьмэ Псыжъ хым здыхэлъадэм идежь Хы Мыутlэ хыжъэ ин иlа, Тэман хы тlыгуныкъуэм къыщыкlэдзауэ Приморскэ-Ахтарск нэсу Краснодар нэгъунэ хыхьау. Хом-хомурэ псыхъуэми хыми шlыр зэрахъуэкlыу, шlыгу трихьу кlидзэри хыжъэр хым хигъэкlри хы тlыгу хъуа.
Псэушъхьа[гъэтэрэзын | edit source]
Псыжъ бжъэжъей бжыгъэ хэс 106 лъэпlкъу. Абы пlэмыкlыу зоопланктону 400 лъэпlкъ хуэдиз. Псыжъ, псым lус бзухэм ящыщ бжъыгъи 100 лъэпlкъ хуэдиз, абы пэмыкlыу: бажьэ, мэз джэду, кхъуэ джоуэ ипсыlуфэхэм щопсоу.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |