Дзэлыкъуэ къуажэ
Къуажэ
Дзэлыкъуэ къуажэ
|
Дзэлыкъуэ къуажэ (урбз. Залукокоаже) — хьэблэ къалэ хуэдэ (1975 гъэ лъандэрэ). Дзэлыкъуэ къедзыгъуэм и хьэблэ нэхъыщхьэ.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дзэлыкъуэ къуажэ Дзэлыкъуэ къедзыгъуэм и ишхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзащ. Хьблэр щытщ гъуэгу куэдым я зэхэкӀыпӀэм деж. Абыхэм псом нэхъ нэхъ пщӀэ зиӀэр федералнэ гъуэгушхуэ «Кавказ». Къуажэм щыщӀэдзауэ Налшык къалэ нэс 62 км дэлъщ, Псыхуабэ нэс 14 км дэлъщ.
И инагъыр — 47 км² мэхъу.
Нэхъ пэгъунэгъу къуажэхэр — Псынэдахэ, Псынэху, ЯтӀэкъуэ.
Хьэблэм и ику лъэгагъыр 612 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ. ЩӀыр нэхъыбэу захуэщ, дыгъэкъухьэпӀэмкӀэ Ӏуащхьэхэр ирокӀуэ. Къуэхэр егъэзыха ӀыхьэхэмкӀэ щыкуэдхэщ.
Хьэблэр Дзэлыкъуэшхуэ псыхъуэм и лъэныкъуитӀымкӀэ кӀэрысщ. ЩӀыпӀэм псынэ куэд иӀэщ.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къуажэр къэзыухуар уэркъ Абыкъуэ Муса и къуэ Хьэтэжыкъуэщ. Япэу къуажэр Шэджэм Ӏуфэм Ӏусащ, 1842 гъэм Бэхъсэн Ӏуфэм Ӏэпхъуащ.
1846 гъэм къуажэр Нартсанэ къалэ и пэмыжыжэу Ӏэпхъуащ.
1904 гъэм къуажэр Ӏэпхъуащ Дзэлыкъуэ псыхъуэм деж, Дзэлыкъуэ хъупӀэхэм нэхъ я ишхъэрэу. А гъэр къуажэр къыщаухуа гъэуэ ябж.
1920 гъэм советхэм Къэбэрдейр зэщӀащта иуж, Абыкъуэ къуажэ и цӀэр яхъуэжащ уэркъым и унэцӀэ зэрызэрихьэм щхьа. ЦӀэщӀэу къуажэм фӀащащ — Дзэлыкъуэ къуажэ.
1948 гъэм Дзэлыкъуэ къуажэ Дзэлыкъуэ къедзыгъуэм и хьэблэ нэхъыщхьэ ящӀащ.
1975 гъэм КъБССР-ым и унафэкӀэ къуажэм хьэблэ къэрал хуэдэ статаус хуагъэфэщащ. Ауэ 2012 гъэм упщӀэу яуващ, Дзэлыкъуэ къуажэ, къуажэ статус ептыж хъунрэ мыхъунрэ.
Джылэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЦӀыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
1959 | 1970 | 1979 | 1989 | 2002 | 2010[1] | 2012[2] | 2013[3] | ||||||||
1 207 | ↗ 3 636 | ↗ 4 364 | ↗ 6 110 | ↗ 9 276 | ↗ 9 859 | ↗ 9 886 | ↗ 9 920 |
Джэлэ исым и Ӏувагъыр — 211 цӀыху/км²
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ | ЦӀыху бжыгъэр | Ӏыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 9 386 | 95,2 % |
урысхэр | 282 | 2,9 % |
адрейхэр | 191 | 1,9 % |
псори | 9 859 | 100 % |
- Ныбжь зэхэтыкӀэр (2010 гъэ)[5]
Ныбжьыр | ЦӀыху бжыгъэр | Ӏыхьэр % |
---|---|---|
0 - 14 | 2 393 | 24,3 % |
15 - 59 | 6 544 | 66,4 % |
60-м аткӀэ | 922 | 9,3 % |
псори | 9 859 | 100 % |
ЦӀыхухъухэр — 4 718 цӀыхуу мэхъу (47,9 %), цӀыхубзхэр — 5 141 мэхъу (52,1 %)
ЕджапӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Курыт еджапӀэ № 1
- Курыт еджапӀэ № 2
- Гимназиэ щӀэдзапӀэ № 1
Сымаджэш
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къедыгъуэм и сымаджэщ нэхъыщхьэр дэтщ.
Дин
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]МэжджытитӀ дэтщ.
ЦӀэрыӀуэ къыщыхъуахэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Къущхьэ Псэбыдэ и къуэ Шэгир — Япэ Дунейпсо зауэм и зауэлӀ.
- Бэрзэдж ПӀатэ ипхъу СэӀимэт — тхакӀуэ.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкӀуэкӀам къыхэкӀыу
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2012-гъэм ЩӀышылэм и 1-м ирихьэлӀэу джылэ дэсахэр
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2013-гъэм ЩӀышылэм и 1-м ирихьэлӀэу джылэ дэсахэр
- ↑ Ещанэ том. ЕплӀанэ таблицэ. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым джылэ исыр лъапкъыгъуэкӀэ зэрыугуэшар, Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкӀуэкӀам къыхэкӀыу
- ↑ Том 1. Таблица 2.2 Къэбэрдей-Балъкъэрым и джылэр ныбжькӀэ зэрызэхэтыр