Псыхуабэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Город
Псыхуабэ
урбз. Пятигорск
Нып Дэмыгъэ
Нып Дэмыгъэ
Къэрал Урысей
Федерациэм и субъект Ставропол Къэрал
Кординатхэр Кординатхэр: 44°02′00″ с. ш. 43°03′00″ в. д. / 44.033333° с. ш. 43.05° в. д. (G) (Я)44°02′00″ с. ш. 43°03′00″ в. д. / 44.033333° с. ш. 43.05° в. д. (G) (Я)
Зэманыгъуэр UTC+3
Псыхуабэ (Урысей)
Псыхуабэ (Ставропольский край)

Псыхуабэ (урбз. Пятигорск) — Ставропол къэралым хэт къалэ. 2010 гъэм 19 щӀышылэм къыщыщӀэдзауэ Ищхъэрэ-Къаукъаз федерал куейм и къалэ Ӏэтащхьэщ.

Км. 196 Щэт-Къалэ пэщылъщ. Урыс-къалэ щыхъуар 1780 гъэм.

Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

1334 гъэм япэреуэ Бешто тепсэлъыхьыр тхыдэм Ибн Батуна, хьэрып-зекӀуэ "Биш-даг" (Ӏуащхьитху) псыхуабэ къакӀэжу етхыр. Сигизмунд фон Герберштейным зэритхымкӀэ (джэрмэн пэштыхьым зекӀу Урысеймрэ пэмыщӀ щӀыпӀэхэмрэ игъэкӀуам 1517 1526 гъэхэм) Къаукъаз къущхьэхэр ипщэмкӀэ Псыжь иде здыӀухьам бешто-адыгэхэр е "чики" мэпсохэ ("чики" - жыхуиӀам кӀаххэр къыригъэкӀыу хъунщ, гъуащу а цӀэмкӀэ къэбэрдейхэм еджу).

  • 1561 гъэм Иуан Бзаджэр Урысейм ипщыр Гуэщэней Идархэ япхъур иэчэ. Абы щыгъуэми адыгэ пщыхэр Мэзкуу дохьэхэ, урыс уэркъ лъэпкъ Черкасскэхэр абыхэм къахокӀыр.
  • 1773 гъэм урыс-Ӏазэгъуэ Гюлденштедтым итхыгъэ иригъэкӀуэкӀхэмкӀэ Ӏуащхьэ пштырым игугъ ещыр, ибгъуэнкӀагъ псыхуабэ къыздыкӀэжми.
  • 1780 гъэм урысхэм Константиногорск быдапӀэр ящӀын щӀадзэ иджырей Псыхуабэм идеж - Азов-Мэздэгу дзэм я быдапӀэхэм ящыщу. А гъэм къалэр и япэреуэ къалъытэ.
  • 1803 гъэм Псыхуабэр зыгъэпсэхупӀэ къалэу мэхъур.

Лъэпкъ дэсхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

(2002 гъэмкӀэ урысей псом джылэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀамкӀэ)

  • Урыс - 153, 251
  • Ермэлы - 27, 362
  • Укрэин - 4, 405
  • Алыдж - 4, 029
  • Азэрбиджан - 2, 532
  • Джурт - 1, 333
  • Адыгэ - 1, 138
  • Вьетнам - 1, 045
  • Осетин - 986

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]