Санэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Сомелие, санэр зэрегъашъэ

Са́нэ (лат-бз. vinum) — фадэткӀыбжъагъыр: санэ цӀынэм — 9-16 %, Ӏувагъ зкӀэтхэм — 16-22 %), къызхахыр мэракӀуэхэмрэ иэ санэмрэ я псы къытевам (зэзэмызэкӀэ алкол хагъэхьу — «Ӏувагъ зкӀэт санэ»).

Санэм и классификациэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Санэр санэхум хуэдуи (хабзу, япэреуэ зэрашъын кӀадзар) пхъышъхьэмышъхьэхэмрэ мэракӀуэхэмрэ къыхахыр (санэ нэхъ пудхэра и нэхъыбэм).

Фэмрэ фӀыгъуэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Санэшъым санэху бжыгъэ лӀэужъыгъуэхэр къагъэшъхьэпэ, нэхъыба зэрзэхагъэкӀхэр — санэху фӀыцӀэрэ санэху хужьрэ. Я фэмкӀэ зэрзэхагъэкӀхэр хужь, тхьэмбылыфэ, плъыжь санэ джоуэ. Хужьым хабжэхэр зи фэр къэмылыфэм щыкӀэзауэ щей Ӏувым нэсу ехьчхэр, тхьэмбылыфэхэр бэуэ зэшъхьэщокӀхэ я фэмкӀэ тхьэмбылыфэхум щыкӀэдзауэ нарэфэ кӀынфӀым нэс. Санэ хужьхэм я ныбджыр хэхъуэху я фэр нэхъ кӀынфӀу мэхъур, плъыжьхэрамэ — нэхъ нэху мэхъу, и фэ кӀэзгъэлъадэхэр зэретысэхым шъхьэкӀэ.

Я фӀэгъэмрэ зэрыщылъамрэкӀэ санэхэр зэрзэшъхьэщыкӀхэр:

  • санэкӀэ;
  • санэ ныбжыншэ;
  • санэ ныбж зиӀэ;
  • маркэ санэ (ныхъыфӀхэр, ныбдж зиӀэ санэхэра, санэшъ хэку абым теухуахэм къыдагъэкӀ къуэдейхэ, зы санэху лӀэужъыгъэхэм нэхъ къыхамыхху, я мэри я ӀэфӀагъри яфӀэмыкӀуэду);
  • коллекционэ санэх (бэуэ щыта санэ, ныбджыфӀ иӀу, илъэсипшъ бжыгъэм зэзэмызэкӀи илъэсишъэм зи ныбджыр фӀэкӀа).

Санэ зи ныбджыр илъэс 40-70 фӀэкӀахэм гастрономиэмкӀэ пкӀэ я хуашъыжьхэкъым, зэрыхъумкӀэ езы санэшъхэми къаӀохур апхуэдэ санэхэм емыфэным шъхьэкӀэ цӀыхухэр. ӀэфӀагъыр къану, зэӀымыхьэну амал зиӀэхэр коллекционэ санэ Ӏувагъ зкӀэту алкол зыхэт къуэдейхэра.

ЗэӀымыхьу щылъыным бэуэ къышъхьэпэр селфиту хэтыра, ахэр санэм и лӀэужъыгъуэ куэдым (мы нэхъыбэм джумыӀэмэ) яхэт. Антиаксидантыгъэ зэриӀэм шъхьэкӀэ сулфитым хуэмыныкъуэ къэгъэвэным къырегъэл санэр, ауэ, куэду къехъу хэлъми и ӀэфӀагъыр зэӀигъэхьэфыну санэм, чэфыжъыпкъэр хьэлъэ ишъыфыну, гумахэ цӀыхухэми аллергиэ риакциэ яритыфыну[1].

Еуропэмрэ Фрэнджымрэ санэм и классификациэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Санэм и классификациэр и фӀэгъэ хэшъыкӀыгъэм хуэду щыт. Фрэндж классификациэм санэм категориэ плӀы иӀэ: AOC, VDQS, Ӏэнэ санэ, шӀыналъэ санэ.

Еуропэпсом классификациэр тӀууэ зэхокӀыр — бэлыхь санэхэр, хэку теухуахэм нэхъ къыздыхамых — VDPRD (AOC-мрэ VDQS-мрэ), Ӏэнэ санэхэмрэ - (фрэндж классификациэм щыщ Ӏэнэ санэхэмрэ, шӀыналъэ санэхэмрэ зыхеубыдэ).

Санэшъым и хэкумэтхыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Санэхур къэрал бжыгъэхэм къыщокӀыр, абым хуэду санэр Еуразиэ пом дежьи щашъыр (нэхъ кӀасу: Эспаниэм, Урымым, Фрэнджым); Ишъхъэрэ Америкэмрэ Ипшъэ Америкэмрэ; Африкэм (нэхъ кӀасу ИАР-м); Аустралиэмрэ Зеланд КӀэмрэ. Ауэ, тхыдэмкӀэ, санэшъынымкӀэ нэхъ Ӏэсу къанэр Фрэнджыра.

Санэшъыр къэралхэмкӀэ, 2005 гъэ.
ПӀэр Къэралыр
(санэшъыгъэ тхыгъэм и техьэпӀэ)
КъыдагъэкӀыр
(тонну)
1 Фрэндж 5,329,449
2 Урым 5,056,648
3 Эспаниэ 3,934,140
4 АШЗ 2,232,000
5 Архентинэ 1,564,000
6 Китай 1,300,000
7 Аустралиэ 1,274,000
8 ИАР 1,157,895
9 Джэрмэн 1,014,700
10 Чили 788,551
11 Португал 576,500
къэралу хъуам я тхылъ

Санэм пышъа хабзэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Санэм пышъа хабзэхэр (этикетыр) — ар зэфӀэгъувауэ щыт Ӏэнэ гъэхьэзырыгъуэ, санэмрэ шхынхэмрэ зэтеухуэгъу яӀэным шъхьэкӀэ.

  • Шхэным япэкӀэ, аппетитыр нэхъ лэш хъуным шъхьэкӀэ аперетиву ят — мадера, хэрэс, вермут иэ пэмыкӀ.
  • Ӏэнэ санэхужьхэр зэӀурыунхэм, бжъэжъейхэм, мы хьэлъу щыт лы шхынхэм ядэкӀыгъу ятыр.
  • Гъушъэхэр, ныкъуэгъушъэхэр, ныкъуэӀэфӀхэр пхъышъхьэмышъхьэ шхынхэм фӀыуэ кӀасэ яхохъухэр.
  • Плъыжь Ӏэнэ санэхэр мэлыл, былымыл, джэдыл пэмыкӀ лы шхынхэм я кӀасу макӀуэ.
  • Санэ плыжьхэр бжъэм иракӀа яуж ӀэгукӀэ яубыдри ягъэхуабэ мыкуэду.
  • Санэм ефэным ипэкӀэ и мэр зэрагъашъэ фӀыуэ.
  • Санэм псым хуэду ефэн хуекъым, еӀуба яуж зытӀэкӀурэ санэр бзэгум и кӀыбагъым Ӏыгъын хуе, рецепторхэм я ӀэфӀагъ псор зэрагъэшъэным шъхьэкӀэ.

Бжъэхэр къызэрхаххэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

БжъэмкӀэ санэ ефэныр хабзэ хъуа. Бжъэр кристалым къыхэшъыкӀауэ, лъапэ лъагэ кӀэтмэ нэхъыфӀ. Бжъэ лагэхэр, амдж фэншэхэм къыхэшъыкӀахэр санэ гъушъэхэмрэ плыжьхэмрэ ятегъэпсыхьахэ, ныкъуэӀэфӀ санэхэм шъхьэкӀэ бжъэ зи шъхьэхэр нэхъ бгъуэуэ, зэӀухауэ щытхэр ятегъэпсыхьахэ. Ӏувагъ зкӀэт санэхэм шъхьэкӀэ къагъэшъхьэпэ бжъэхэм я шъхьэмкӀэ хуэзэву дэкӀуеуэ щытхэ; мадерамрэ хэрэсымрэ шъхьэкӀэ бжъэхэм я жэгъур Ӏузу щыт; шъхьэ занду дэкӀуе мыин бжъэхэр санэ ӀэфӀхэмрэ ликорхэмрэ шъхьэкӀэ къагъэшъхьэпэ. Шампаным шъхьэкӀэ бжъэ псыгъуэкӀыхь флутехэр къагъэсэбэп, апхуэдэ сурэтыр зытеухуар бжъэм иракӀа яуж шэрыбжгъейхэр нэхъ куэдрэ хэмыкӀыным шъхьэкӀэ.

Бжъэм и ныкъуэм мыкуэду нэмысу иракӀэ санэр, бжъэр яужым ягъэкӀэрахъу санэр ягъэджэгу, и фэмрэ и мэмрэ нэхъыфӀу зигъэлъэгъуэным шъхьэкӀэ.

Бэршымбэ техыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Декантер кхъуэшынымрэ санэмрэ

Санэм и ныбджым елъытауэ хуэсакъыгъуи хущытын хуе. Санэ бэршымбэр къытехыным шъхьэкӀэ штопор къагъэсэбэп. ХабзэмкӀэ пхъэмыфыр быугъуэныкӀ хъунукъым. Санэ хужьыр къыщытехын хуер бжъэм ипкӀэным ипэдыдэм дежь. Санэ плъыжьыр дэкъикъэ 30-40 кӀэ нэхъ пасу, бжъэм икӀэным ипэ, санэм жьы ичэн шъхьэкӀэ.

Санэ плъыжь гуэрэхэр илъэсихкӀэ щылъа яуж кӀэкъинэ яӀэ. Ар тэрэзыгъуэ. КӀэкъинэр декантациэкӀэ Ӏуахыр. Санэр къэтыным ипэдыдэм дежь яшъ ар. Абым шъхьэкӀэ декантор къабзэм санэ тэкӀу ирагъэжыхь, яужым хомурэ, и гъунэхэмкӀэ ежэхурэ санэр иракӀэ. КӀэкъинэр бэршымбашъхьэм къызэрнэсым хуэду, деканторым иракӀэныр щагъэт (Куэдым, кӀэкъинэр къыщынэсыр нэхъыфӀу ялъэгъуным шъхьэкӀэ бэршымбэпшъэм и кӀагъым уэздыгъэ кӀэгъэна кӀагъэувэ).

Адыгэ тхыдэмрэ хъыбарыжъхэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Санэшъыгъэр Адыгэ хэкум

Нэхъ кӀасу санэшъыным пылъахэр кӀах лъэпкъхэра. Санэр санэху къуэдейм къахахтэкъым, абым пэмыкӀыуи тут мэракӀуэм, къыфцӀэм пэмыкӀ мэракӀуэхэми къыхахт, къагъэвэжьхурэ. Абым пӀэмыкӀыкӀыу фадэ кхъужьыпсфӀэӀуа яшъыт, мыйрэ кхъужрэ яупкӀату ягъэгъути къагъавэт, псыр къэкъуэнлъа яуж фо халъхьэти къагъанэт махуэкӀэ, яужым язынти къэвэхукӀэрэ хуабэм яӀыгът. Апхуэдэ фадэм ткӀыбжъагъ лъэш иӀэтэкъым, и ӀэфӀагъкӀэ урыс квасым ехьчт.

Хъыбарыжьхэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Нартхэм я хъыбархэм санэм пӀэшхуэ хурат. Япэреуэ къызэрыӀохур Тхьэхэм я хасэм фӀэкӀа санэр зкӀыпӀи щымыӀу, Сосрыкъуэ ирагъэблэгъа яуж, санэбжъэ ирифри санэ кӀадэр Ӏуащхьэмахуэ къыредзыхыр «цӀыхухэми яхуэфашэ апхуэдэ фадэ ирафыну» - джиӀу. КӀадэр шӀым теху щызэгуэудым и лэгум илъа джылэхэр шӀыгум хэхуэхэри пхырыкӀа. Сэтэней кӀэху къыгурыӀуа санэр зэрашъри, илъэс нэхъ темыкӀауэ кӀадэм санэху мэракӀуэхэр Абрэ МывэкӀэ зэртриубыдар, санэ къэвам нывэр трича[2].

Нартхэм я хъыбару хъуам Хасэм здекӀуэкӀым, санэ бжъэ яӀэту къоӀохур.

Абым пэиыкӀыу джэгу маху Санэхуафэ къоӀохур Сосрыкъуэ и хъыбар бжыгъэхэм[3].

Еплъ иджыри[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Why Why Wine — Тхыгъэхэр — Технологиэр — Сулфитхэр, хуэсакъ!
  2. Сосрыкъуэ нартхэм санэ къазэрхуихьар Адыгэ интернет библиотекэ.
  3. Нартхэр. Адыгэ эпос. ХьэдэгъалӀэ Асчэр. нап. 258. Мыекъуапэ. 1969 гъ.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Last edited 6 years ago by YiFeiBot