Джэрмэн
| Джэрмэн Федерациэ Республикэ Bundesrepublik Deutschland |
|||||
|
|||||
| Гоуидзэр: «Einigkeit und Recht und Freiheit (Зэгуэтынрэ ПӀалъэрэ Хуитыныгъэрэ)» | |||||
| Къэрал уэрэд: «Джэрмэнхэм я уэрэдыжь» ( |
|||||
| Щыхалъхьар | 843 гъэм | ||||
| Нэхъышъхьэбзэхэр | джэрмэныбзэ[1] | ||||
| Къалэ нэхъышъхьэр | Берлин | ||||
| Къалэ нэхъ инхэр | Берлин, Гамбург, Мунхен, Колн | ||||
| ӀэнатӀэ хабзэр | Федерациэ парламентым и республикэ | ||||
| Федерал президент Федерал канслер |
Кристиан Вулф Ангела Меркел |
||||
| ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
63-нэ дунем 357 021 км² 2,42 |
||||
| Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
81 757 600 цӀыху 229 цӀыху/км² |
||||
| ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$2, 806 трлн. (5-нэ) $34,219 |
||||
| Этнохоронимыр | джэрмэн, джэрмэнхэ | ||||
| Валутэр | Еуро | ||||
| Интернет-доменхэр | .de | ||||
| Телефон кодыр | +49 | ||||
| Зэманыгъуэхэр | +1 | ||||
|
|||||
Джэрмэн Федерациэ Республикэ, Джэрмэн (джэр-бз. Bundesrepublik Deutschland, Deutschland; ур-бз.: Федеративная Республика Германия, Германия) — къэрал Еуропэм икум. Икъэралгъунэхэр здырикlуэр Диниэм, Полшэм, Чехым, Аустрэм, Шуэцарэм, Фрэнджым, Луксембургым, Белгэм, Нидерландхэм.
Къалэ lаташъхьар - Берлин. Къэрал lанатlэр - пэрламент республикэ. Къэралыр 16 куэйкlэ гуэча. Джэрмэныр Еуропэ Зэгуэтым, Лъэпlкъ Зэгуэт Хасэм яхэт.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Тхыдэ
Япэдыду джэрмэнхэмрэ келт лъэпlкъхэмрэ ягугъ тхыдэм щашъыр пэсырей алыджхэмрэ урымхэмрэ. Апхуэду яперей дыдэхэм ящыщыр 98 ди лъэхъэнэм щыщ. Тацитым тхыдэ-тхыгъэм иритхауэ щыта. Урым къэралыр хэкlуэда яуж Къуэхапlэ Еуропэм Франк къэрал зэфlоувэ 300 илъэс текlа яуж, Карлышхуэр тету. Карл икъэрал-шlыпlэм иджырей къэрал бжыгэр хеубыдэ, Джэрмэнри якlыгъу. Ауэ Карлышхэ икъэралыр куэдрэ щытакъым, икъэрылъхухэм ягуэчыжьри къэралищ хъуа - Къуэхьапlэфранк (яужкlэ Фрэндж хъуа), Къуэкlыпlэфранк (яужкlэ Джэрмэн хъуа), Курыт Къэрал (яужым Урым, Прованс, Лотарингэ хъужьа)
Джэрмэн къэралыр къыщыхъуар 2 мазае 962 гъэ рауэ ялъытэ. А махуэм пщы Оттон I Рим Къэралым техьа. Пщыхэр тауэ мыпылъами Рим Къэралыр (Урым Къэрал) зэгуэту яхуэмыlыгъу бжыгъу зэгуэкlа, къэрал хуиту. Апхуэду 1806 гъэм нэгъунэ щыта, фрэндж Наполеоныр къохьари Джэрмэным инэхъыбэмрэ, Аустриэмрэ еубыд.
- 1914 гъэм Джэрмэныр Япэрей Дунейпсо Зауэм хохьа, а зауэм пэштыхь-къэралыр хокlуадэри Веймар республикэ мэхъу.
- 1933 Джэрмэным иlаташъхьу Адолф Гитлер трагъэувэ, яужкlэ къэралым иlанатlэ псор еубыдри 1939 гъэм lохугъэ иригъэкlуэкlахэм Етlуанэ Дунейпсо Зауэр къыхокlыр.
Етlуанэ Дунейпсо Зауэм хэкlуэда яуж къэралъыр пlлlыуэ ягуэчри аккупацэ яшъыр советымрэ, америкэмрэ, британымрэ, фрэнджымрэ джоуэ. 1949 гъэм америкэм, британиэм, фрэнджым яlыгъар Джэрмэн Федерациэ Республикэ яшъыр, советым иlыгъар Джэрмэн Демократ Республикэ мэхъур
1990 гъэм ДжДР хохьа ДжФР зы къэрал мэхъур
[гъэтэрэзын] Джылэр
1 щIышылэм 2009 гъэм Джэрмэным 82 002 356 джылу дэс.
Къуэджэм джылу дэсыр 10 % къуэдера, 90 % къалэхэмрэ, къыбгъэдэт урбанизациэхэмрэ.
Къалэ нэхъ инхэмрэ, джылу дэсхэмрэ (2008 гъэмкlэ): Берлин - 3 424 700; Гамбург - 1 773 200; Миунхен - 1 315 400; Кёлн - 996 700; Франкфурт Майным - 670 600.
Лъэпlкъхэр
Нэхъыбэр - джэрмэн ( 92 % ), Бранденбург Саксониэ куейхэм луж сербхэр мэпсо ( мин 60 ); ишъхъэрэ лъэныкъуэм Шлезвиг-Голштейным - даниэхэр мэпсо ( мин 50 ), абы пэмыкlыу къэралым 6 750 000 милыуану хэку-хэсу щопсоухэ, абыхэм: тыркуу - 1 749 000; япэрей Югославиэм щыщ - 930 000; Урысейм - 187 000; Укрэинэм - 129 000
[гъэтэрэзын] Диныр
Джэрмэным янэхъыбэр - чыристэн, ахэм: католику - 32, 4 %, лутерану - 32, 0 %, мыслимэну 3, 2 %, дурт диным пылъу - 0, 12 % абы пэмыкlыу 31 % джэрмэным иджылэр Тхьаншэ.
[гъэтэрэзын] Куейхэр
| Куей | Къалэ lаташъхьа | Куэйм иджэрмэныцlэ | Къалэ lаташъхьам иджэрмэнабзэ |
|---|---|---|---|
| 1. Баден-Виуртемберг | Штутгарт | Baden-Württemberg | Stuttgart |
| 2. Къэрал шъхьахуит Бавариэ | Мюнхен | Freistaat Bayern | München |
| 3. Берлин | Берлин | Berlin | Berlin |
| 4. Бранденбург | Потсдам | Brandenburg | Potsdam |
| 5. Къалэ ганзей шъхьахуит Бремен | Бремен | Freie Hansestadt Bremen | Bremen |
| 6. Къалэ ганзей шъхьахуит Гамбург | Гамбург | Freie und Hansestadt Hamburg | Hamburg |
| 7. Гессен | Висбаден | Hessen | Wiesbaden |
| 8. Мекленбург — Япэрей Помераниэ | Шверин | Mecklenburg-Vorpommern | Schwerin |
| 9. Щlагъ Саксониэ | Ганновер | Niedersachsen | Hannover |
| 10. Ишъхъэрэ Рейн-Вестфалиэ | Дюссельдорф | Nordrhein-Westfalen | Düsseldorf |
| 11. Рейнланд-Пфалц | Майнц | Rheinland-Pfalz | Mainz |
| 12. Саар | Саарбриуккен | Saarland | Saarbrücken |
| 13. Шъхьахуит къэрал Саксониэ | Дрезден | Freistaat Sachsen | Dresden |
| 14. Саксониэ-Анхалт | Магдебург | Sachsen-Anhalt | Magdeburg |
| 15. Шлезвиг-Голштейн | Кил | Schleswig-Holstein | Kiel |
| 16. Шъхьахуит къэрал Тиурингиэ | Эрфурт | Freistaat Thüringen | Erfurt |
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса хэкумэтхымкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
|
|
|
|---|---|
| Албаниэ • Алыдж • Аустрэ • Андоррэ • Белгэ • Болгариэ • Босниэрэ Герцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэн • Ирлэнд • Ислэнд • Къушъхьафlыцlэ • Латвиэ • Лахь жылэ • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • Норвегэ • Нидерлэндхэр • Португал • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Урым • Урысей • Урысыху • Финлэнд • Фрэндж • Хорватиэ • Хуэхуэлей • Чех • Шуэц • Шуэцарэ • Эстониэ • Эспаниэ |