Фрэндж

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Фрэндж Республикэ
фр-бз. République française
Дэмыгъэ Фрэнджым
Фрэнджым и нып Фрэнджым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 46°19′00″ с. ш. 2°32′00″ в. д. / 46.316667° с. ш. 2.533333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «La Marseillaise» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 843 гъэм
1958 етхуанэ республикэ
Нэхъышъхьэбзэхэр фрэнджыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Париж
Къалэ нэхъ инхэр Париж, Леон, Марсел
ӀэнатӀэ хабзэр Президент-парламентым я республикэ
Президент
Премьер-министр
Эмманюэль Макрон
Элизабет Борн
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
47-нэ дунем
674 843 км²
0,26
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

65 447 374 цӀыху (20-нэ)
115 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2010)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$2, 675 трлн  (8-нэ)
$42,747
Сомыр (Валутэр) Еуро
Интернет-доменхэр .fr; .eu
Телефон кодыр +33
Зэманыгъуэхэр +1

Фрэндж (фр-бз. France, урбз. Франция, ицӀэдыдэр псоуэ — Фрэндж Республикэ (фр-бз. République française)) — къуэхьэпӀэ Еуропэм щыщ къэрал. Къалэ Ӏаташъхьар — Пэриж. Къэралым ицӀэр джэрмэн лъэпӀкъ франкхэм къахокӀыр, Фрэнджым инэхъыбэ джылэ дэсыр галл-романску зэхэпхъа шъхьакӀэ, ябзэр романскэ группэм щыщ.

Джылыу дэсыр — милыуан-65,4 (2010-нэ гъэмкӀэ), абы 90 % — Фрэнджым иджылэ. Диныр — нэхъыбэр католикхэ (76 %). ХабзэкӀэ къэралыр — пэлатитӀ парламент (Сенатрэ Къэрал Хасэрэ). Къэралыр 26 хэкукӀэ гуэча.

ШӀыпӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Фрэнджым и нэхъыбэ шӀыпӀэр Еуропэм и къуэхьапӀэм хэлъ, гъунапкъэхэр ишъхърэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ Белгэм, Луксебыргым, Джэрманэм иде ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Джэрманэм Шыуецарэм , ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ Монакомрэ Урымымрэ ипшъэ-къуэхьапӀэмкӀэ Эспаниэмрэ Андоррэмрэ.

фрэндж ихэкухэр

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

486 гъэм Галл хэкур франкхэм яубыд Хлодвигыр яшъхьащыту. Апхуэду Франк къэралыр зэфӀоувэ. Хлодвигыр япэрей пщыуэ хъуа Меровинг лъэпӀкъым ящыщу. VII илъэсишъэхэм пщым икъэрур куэдын кӀедзэ, ӀанатӀэр мажордомхэм яубыд, зым абы ящыщу Карл Мартеллым 732 гъэм хьарып дзэр зэхекъутэри Еуропэм къуэхьапӀэ лъэныкъуэм ирыгъэхьахэкъым, яригъэубыдкъым. Карл Мартеллым икъуэ Папин КӀэкӀы япэре пщы мэхъу Каролинг лъэпӀкъым ящыщу.

843 гъэм Верден тхылъымкӀэ КъуэхьапӀэ-Франк къэрал мэхъу Карл-Къуй шъхьащыту. Х илъэсишъэхэм ФрэнджкӀэ еджэн кӀадзэ.

  • 1789 — Фрэндж револуцэшхуэ
  • 1792 — Япэре республикэ
  • 1795 — Нидерландыр еубыд
  • 1797 — Венециэр еубыд
  • 1798 — 1801 - Мысырым хохьэ, еубыд
  • 1799 — 1814 - Наполеоныр тохьа
  • 1815 — Ватерлоо изауэ
  • 1848 — 1852 - ЕтӀуанэ республикэ
  • 1852 — 1870 - Наполеон III тет - ЕтӀуанэ дунейпсо зауэ
  • 1870 — 1940 - Ещанэрей республикэ
  • 19391945 - ЕтӀуанэ дунейпсо зауэ
  • 1946 — 1958 - ЕпӀлӀанэ республикэ
  • 1958 — м къыщыкӀэдзауэ етхуанэ республикэ

Къэрал Дэмыгъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Иджырей къэрал дэмыгъэм дышъу, лавр къудамэрэ пхъэмыф къудамэрэ тету, якур джыдэкӀэ убыдауэ, а псом яшъхьам жьӀуху телъу хьарыфит "FR" тедзауэ.

Ныпыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Фрэндж ныпыр щыуэ зэхэлъ — шхъуантӀэ, хужь, плъыжь. Фрэнджым яхабзэр игъэлъагъу - хуитыныгъэ, цӀыху хъуар зэхуэду - зэшъхьащымыту, зэкъуэшыныгъэ.

Хэкухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хэку 26 гуэча: Аквитаниэ, Бретаниэ, Бургундиэ, Ил-дэ-Франс, Корсикэ, Лангедок-Руссил'он, Лимузен, Лотарингиэ, НормандиэкӀэ, Нормандиэпшъэ, Нор-Па-дэ-Кале, Оверн, Пикардиэ, Прованс-Алп, Пуату-Шаранта, Рона-Алп, Луарэ-Хэку, Франш-Контэ, Центр, Шампан-Арденнэ, Элзас, Перенеем июг. Икъэралгъунэм ипэджыжьэ хэку щыӀахэр: Гуаделупэ, Мартиникэ, Реунион, Фрэндж Гуианэ.

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Фрэнджым иджылэр 65,4 милыуан мэхъу (2010 гъэмкӀэ). 20 щыт джылу дэсымкӀэ 192 къэралу (ЛъЗ-м) ЛъэпӀкъхэр. 1975 гъэм нэхъыбу дэсар фрэнджхэра, лэпӀкъ цӀыкӀухэм ящыщу элзасхэр, бретонхэр, джуртхэр, флэмандхэр, баскхэр, корсикхэр.

2005 гъэм Фрэнджым милыуани-3,6 хэку хэсу дэтӀысхьа.

Дин[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

51 % фрэндж джылэм ящыщ католикхэ, 4 % — мыслъымэн, 1 % — джурт диным пылъ. Абы пэмыкӀыу 5 милыуан фрэнджу буддэ диным пылъ, а мылиуанитхум и 65 % дзэн-буддэ диным пылъ.