Аустриэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Аустриэ
Republik Österreich
Дэмыгъэ Аустрэм
Аустрэм и нып Аустрэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 47°36′00″ с. ш. 13°47′00″ в. д. / 47.6° с. ш. 13.783333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Land der Berge, Land am Strome» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 1955 бадзэуэгъуэм и 24 (зэгуэт оккупациэм къыхэкӀа)
Нэхъышъхьэбзэхэр джэрмэныбзэ;[1]
Къалэ нэхъышъхьэр Венэ
Къалэ нэхъ инхэр Венэ, Грац, Линц
ӀэнатӀэ хабзэр Парламент республикэ
Президент
Канцлер
Александр Ван дер Беллен
Карл Нехаммер
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
113-нэ дунем
83 883 км²
1,7
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2023)
Ӏувагъыр

9 104 772 цӀыху
109 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$330 669 млрд  (34-нэ)
$39 887
Этнохоронимыр аустрэхэр, аустрэ
Сомыр (Валутэр) Евро
Интернет-доменхэр .at, .eu
Зэманыгъуэхэр +1
  1. хэкухэм я бзэхэр: слоуэныбзэ (Каринтиэ), градищан-хоруатыбзэ, венгерыбзэ (Бургенланд)

Аустриэ (Áустриэ Респýбликэ; джэр-бз. Republik Österreich) — Курыт Еуропэм хэт къэрал, Еуропэ Зэгуэтым хэт. Къалэ нэхъышъхьэр — Венэ.

Хэкумэтхыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэралыр Еуропэм и кум хэт, И къэрал гъунэхэр ишъхъэрэм Джэрмэным, Чехым, Слоуакым ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэм Межарейм, ипшъэм Слоуэным, къуэхьэпӀэм Лихтэнштейм, Шуэцарым.

Климатыр курыту щыт, шӀыпӀэр къуэкӀэ-бгыкӀыу. ШӀыпӀу иубыдыр 83 883 км².

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Джылэ дэсым и 94% аустрэхэмрэ джэрмэнхэмрэ. ПэмыкӀ лъэпкъцӀыкӀуэгъу бжыгъэ нэхъыбэ зиӀэхэр: венгырхэр, чеххэр, слоуэнхэр, хоруатхэр. Джылу дэсу хъуар зэрыхъур (2023 гъэмкӀэ) 9.104.772 цӀыху.

Къэрал-политикэ хабзэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Аустрэр парламент республикэ. Иджырей конституциэ иӀэр 1920 гъэм хахара.

Къэралым и тхьэмадэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэралым и тхьэмаду тетыр Президент федерал, илэсихкӀэ хахыр.

ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр палатитӀу щыт, Федералыр зэхуэс, Федералымрэ Лъэпкъ хасэхэмрэ хэтху.

Лэжьыгъэ ӀэнатӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхьэмадэгъуэм и нэхъышъхьэр Федерал канцлерыра.

АдминистрациэмкӀэ зэргуэчыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Аустрэр федерал республику щытхи администрациэмкӀэ шӀыпӀэ бгъууэ зэхокӀыр - Бургенланд, Каринтиэ, КӀагъ Аустрэ, Ипшъэ Аустрэ, Залцбург, Штириэ, Тирол, Форарлберг, Венэ.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Иджырей Аустриэм и шӀыпӀэм цӀыхухэр итӀысхьэн щыкӀадзар иджыри ди лъэхъэнэм ипэм щыгъуэ.

Пэсырейм Аустриэр Урым империэм хэтат.

  • 1156 гъэм Аустриэр Бовариэм къыхокӀыр шъхьэхуит герцогхэку хуэду.
  • 1276 гъэм щыкӀэдзауэ къэралым шъхьэщытыр Габсбург лъэпкъыр.
  • 1529-мрэ 1683-мрэ Уэсмэн империэм и дзэм Веныр яубыдын мурад яшъыр, ауэ къадэхъукъым.
  • 1687 гъэм Аустриэм Мэжарейр хагъыхьэ.
  • XVIII лъэхъэнэм Аустриэм и шӀыпӀэхэр куэду хохъуэ, Галициэмрэ Урымымрэ я къэралхэр иубыду.
  • 1804-1867 гъэхэм Аустрэм империэ, 1867-1918 -хэм Аустрэ-Мэжарей.
  • 1914 гъэм Аустрэ-Мэжарейм зауэ ирет Сербиэм, абымкӀэ Япэрей дунейпсо зауэр иригъажьу. Зауэм темыкӀуа яуж къэралыр зэгохур иджырей гъунапкъэ иӀэмкӀэ.
  • 1938 гъэм Джэрмэным хагъыхьэ (Аншлус). 1945 гъэм зэгуэт дзэхэм хут яшъри, къыхагъэкӀыжь.
  • 1945-1955 гъэхэм зэгуэт дзэхэм я оккупациэм кӀэт. Хуитыныгъэр къыщиштэжьар 1955 гъэм, курыт статус иӀэгъыным ицӀэкӀэ.

Культурэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Экономикэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ссылки[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]