Сыхьэт зонэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Сыхьэт зонэхэр

Сыхьэт зонэ псалъэм гурыӀуэгъуитӀ иӀэщ.

  • Хэкумэтх сыхьэт зонэ — дунейм и щӀылъэм меридиан тралъхьахэмкӀэ къыхэкӀыу зэтраухуа зонэхэ.
  • Админстративнэ сыхьэт зонэ — щӀым и Ӏыхьэ къыхэгъэщхьэхукӀа, къэрал здыхэтым и унафэхэм елъытауэ зэтраухуа зонэхэ.

И нэхъыбапӀэм административнэ сыхьэт зонэращ нэхъ хэгъэхукӀауэ ябжыр. Иджы зэманыр зэтраухуэ Дунейпсэ координированэ зэманым (UTC) къагъэсэбэпу. Иныкъуэ къэралхэм гъэмахуэм я сыхьэтхэр зы сыхьэткӀэ япэ ирагъэшри, щӀымахуэм ирагъэкӀуэтыж мыхьэнэншэу току ямыгъэкӀуэдынхэ щхьа.[1]

Зэрызэхадз щӀыкӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Урысейм и сыхьэт зонэхэр

Дуней псор меридианхэм къазэрыхэкӀыу 24 сыхьэт зонэкӀэ угуэшахэщ. Зы сыхьэт зонэм уикӀыу адрейм укӀуэм, дакъикъэм и мыхьэнэр къонэ, сыхьэтыращ е зы сыхьэткӀэ хэхъуэр ерэ хэщӀыр. Ауэ къэрал гуэрхэри щыӀащ дакъикъэ 30-кӀэ е 45-кӀэ къащхьэщыкӀхэу.

Ишхъэрэрэ Ипшэрэ полюсхэм меридианхэр зы пӀэм деж щызэхохьэжхэри, а щӀыпӀэхэм сыхьэт зонэхэм я мыхьэнэр щокӀуэд. ЗэралъытэмкӀэ а щӀыпӀэм дунейпсо зэман къыщагъэсэбэпын хуейуэ ябж, ауэ Ипшэ полюсым ит станциэ амундсен-Скоттым ЩӀэ Зелэндым и сыхьэт зонэращ къигъэсэбэпр.

Сыхьэт зонэхэр зэмылӀэужыгъуэ къэралхэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Зи щӀыпӀэхэр зы сыхьэт зонэм нэхърэ нэхъыбэм ит, къэралхэр:

Къэрал Сыхьэт зонэхэр зэрыхъухэ UTC-ым и нэхъ гъунэгъур UTC-ым нэхъ пэжыжэр Гъэмахуэ зэманыр къэзыгъэсэбэп
Аустралиэ 7, гъэмахуэм 8 UTC+6:30 UTC+11:30 И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым
АШЗ 6 UTC-5 UTC-10 И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп
Британиэшхуэ 8 UTC+6 UTC−8 Къагъэсэбэп
Бразилэ 3 UTC−4 UTC−2 И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым
Гренландиэ 4, гъэмахуэм 3 UTC+0 UTC-4 И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым
Даниэ 5 UTC+1 UTC-4 Къагъэсэбэп
Демократикэу Республикэ Конгэ 2 UTC+1 UTC+2 Зэри къагъэсэбэпакъым
Индонезиэ 3 UTC+7 UTC+9 Зэри къагъэсэбэпакъым
Испаниэ 2 UTC+1 UTC Къагъсэбэп
Къазахъстэн 2 UTC+5 UTC+6 Къагъэсэбэпыжкъым
Канадэ 6 UTC−3:30 UTC−8 И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп
Кирибати 3 UTC+12 UTC+14 Зэри къагъэсэбэпакъым
Мексикэ 3 UTC−6 UTC−8 Къагъэсэбэп
Микронезиэ 2 UTC+10 UTC+11 Зэри къагъэсэбэпакъым
Монголэ 2 UTC+7 UTC+8 Къагъэсэбэпыжкъым
Нидерлэндхэр 2 UTC+1 UTC-4 Къагъэсэбэп
ЩӀэ Зелэнд 2 UTC+12 UTC+12:45 Къагъэсэбэп
Урысей 9 UTC+3 UTC+12 Къагъэсэбэпыжкъым[2]
Португалэ 2 UTC UTC-1 Къагъэсэбэп
Фрэндж 12 UTC+12 UTC-10 Къагъэсэбэп
Чили 2 UTC-4 UTC-6 Къагъэсэбэп
Экуадор 2 UTC-5 UTC-6 Къагъэсэбэп

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гулъытэгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]