Алыдж
| Алыджей Республикэ Ελληνική Δημοκρατία |
|||||
|
|||||
| Гоуидзэр: «Ἐλευθερία ἤ Θάνατος (хуитыныгъэ иэ лӀэныгъэ)» | |||||
| Къэрал уэрэд: «Хуитыныгъэм и уэрэд (Ύμνος εις την Ελευθερία)» ( |
|||||
| Нэхъышъхьэбзэхэр | алыджыбзэ | ||||
| Къалэ нэхъышъхьэр | Афинхэ | ||||
| Къалэ нэхъ инхэр | Афинхэ, Салоники, Пирей | ||||
| ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент Республикэ | ||||
| Президент Премьер-Министр |
Карлос Папулиас Папандреу Георгиос |
||||
| ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
96-нэ дунем 131.957 км² 0, 86 |
||||
| Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
11.306.183 цӀыху 85 цӀыху/км² |
||||
| ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$344,404 млрд. (32-нэ) $30.856 |
||||
| Этнохоронимыр | алыдж алыджхэ | ||||
| Валутэр | Еуро | ||||
| Интернет-доменхэр | .gr иэ .eu | ||||
| Телефон кодыр | ++30 | ||||
| Зэманыгъуэхэр | +2; гъэмахуэм +3 | ||||
Алыдж (ал-бз. Ελλάδα; ур-бз. Греция; Ицlэдыдэр псоуэ — Алыдж Республикэ; тхыдэмкlэ ицlэр — Ελληνική Δημοκρατία) — Еуропэм иишъхьарэм щыlа къэрал, Бэлкан хы тlыгуныкъуэм тету. ИшъхъэрэмкӀэ и гъунапкъэр Албаниэ, Македониэм, Болгариэм ядей ирокlуэ, ишъхъэрэ-къуэкlыгъуэмкlэ — Тыркум. КъуэкlыпӀэмкlэ Хы Эгейр lулъ, къуэхьэпӀмкlэ — Хы Ионэр, ипшъэмкӀэ — Хы Курытым. Къэралым езы алыджхэм яцlэмкlэ теlуа. Къалэ нэхъышъхьэр — Афинэхэ
КъуэхьэпӀэ ицивилизациэ здызэфlэувар, япэре демократ къэралхэр къыздежьар Алыджыра.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Шlыпlэр
Алыджыр Бэлкан хы тlыгуныкъуэм и ипшъэмрэ Азиэ цlыкlум къыбгэдэлъ хы тlыгухэмрэ якlыгъу тет, псори зэхэту 131 994 км? мэхъу. И гъунапкъэр Албаным, япэре Югэслав Республикэ Македониэм, Болгариэм, Тыркум джоуэ ирокlуэ. Хы lуфу Курытым, абы хэту: Ионэ, Эгейхэм ягъунэхэр. Крит хы тlыгум ишъхъэрэ lуфэр Хы Ливиим lулъ. Абы пэмыкlыу Алыджым минитl хы тlыгу хэт, ар къэралым 20 % шlыпlэ.
Алыджым ишlыпlэр щыуэ бгуэч хъуну:
- Мэтерикым тет Алыджыр, абы хыхьа: Македониэ (Флоринэ, Пэллэ), Фракиэ (Родопи, Кавала), Эпир (Теспротиэ, Превезэ), Фессалиэ (Ларисэ, Магнисиэ) Алыджыкур джоуэ (Фтиотидэ, Фокидэ, Аттикэ). Ионэ хы тlыгухэри абы хабжэ
- Пелопоннес - Алыджым ихы тlыгу нэхъ ин. Еуропэ ицивилизациэм ишlыналъэр, къыздикlар ара, Аркадиэ, Лакониэ, Мессиниэ... хэкухэр здэщыlар абдей.
- Хы Эгей ихы тlыгухэр, абы янэхъ инхэр Крит - Алыджым инэхъ ин, Еуропэм 8-рей (8259 км²), Эвбеэ - Критым яуж етlуанэу (3654 км²).
[гъэтэрэзын] Хэкухэр
left|thumb|Хэкухэр Алыджыр 13 хэкукlэ зэхэт, ахэр 54 номэ-кlэ ( префектурэ ) гуэча. Абы пэмыкlыу зы аутоном къэрал иlа - Айон-Орос, Афон lуашъхьам игъунэгъу. Ар шоджэн къэрал, lанатlэр зыlыгъыр - хасэ, чылисэ 20-кlым ящыщу.
[гъэтэрэзын] Къалэ нэхъ инхэмрэ, джылэ дэсимрэ
- Афинэхэр - 745, 514
- Фессалоники - 363, 987
- Пирей - 175, 697
- Патрас - 160, 400
- Гераклион - 130, 914
- Перистери - 137, 918
- Ларисса - 124, 394
- Каллифеэ - 109, 609
[гъэтэрэзын] Лэпlкъ дэсхэр
Нэхъ лъэпlкъ ин къэралым исыр Адыджхэра - 90%. Лъэпlкъхэр Алыджым иджыри къыздынэсым динымкlэ зэрагуэчыр (Уэсмэн Къэралым ихабзу къэна)
- Фракымрэ Додикан хы тlыгухэм дэс мыслимэнхэр, тыркухэр яхэту - 1%
- Помакхэр (болгарыбзэ зезыхьа лъэпlкъ мыслимэн) - 0,3%
- Цыджан мыслимэнхэр - 0,1%
Этногрэфхэм бзэкlэ лъэпlкъ къыхагъэкlхэр:
- Албанхэр - 4% (арнаутхэр яхэту)
- Слэваныбзэ зезыхьа алыджхэр иэ македон слэванхэр - 1,2 %
- Аромунхэр - 1,1 % (мегленитхэр яхэту)
- Чыристэн цыджанхэр - 0,8 %
- Сербхэр - 0,3 %
- Хьарыпхэр - 0,3 %
- Джуртхэр - 0,05 %
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса хэкумэтхымкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
|
|
|
|---|---|
| Албаниэ • Алыдж • Аустрэ • Андоррэ • Белгэ • Болгариэ • Босниэрэ Герцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэн • Ирлэнд • Ислэнд • Къушъхьафlыцlэ • Латвиэ • Лахь жылэ • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • Норвегэ • Нидерлэндхэр • Португал • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Урым • Урысей • Урысыху • Финлэнд • Фрэндж • Хорватиэ • Хуэхуэлей • Чех • Шуэц • Шуэцарэ • Эстониэ • Эспаниэ |