Япэрей дунейпсо зауэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Япэрей дунейпсо зауэ
Файл:WW1 TitlePicture For Wikipedia Article.jpg
Сэхьэтыр зэрекӀуэкӀымкӀэ: британ танк Mark IV, гъогу дэхам дэкӀ; линкор пэштыхь хыдзэм щыщ HMS «Irresistible», псым кӀэуэ хы топышэм фӀэуа нэуж Дарданелл зауэм идежь; пулеметым и расчот противогазхэр ящыгъу; биплан Albatros D.III
ЩекӀуэкӀар 1914 бадзэуэгъуэм и 28 — 1918 шъакӀуэгъуэм и 11
ЗдекӀуэкӀар Еуропэ, Азиэ, КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу, Хы ТӀыгуей, Африкэ
КъызхэкӀар Сараево иде Франц-Ферденанд эрцгерцогыр щаукӀам
Зэриухар Антантэр текӀуа
Лъэныкъуэхэр
Антантэр:
Британиэшхуэ Британиэшхуэ
Фрэндж Фрэндж
Урысей империэ Урысей империэ
Америкэ Штат Зэгуэт АШЗ
Белгэ Белгэ
Урым Урым
Сербиэ Сербиэ
Шаблон:Flagcountry/КъушъхьафӀыцӀэ
Румыниэ Румыниэ
Алыдж Алыдж
Португал Португал
Япон Япон
пэмыкӀхэр.
ПлӀанэ зэгуэт:
Джэрмэн Джэрмэн
Аустрэ-Венгрэ Аустрэ-Венгрэ
Уэсмэн империэ Уэсмэн империэ
Балгариэ Балгариэ
Дзэпашэхэр
Британиэшхуэ Георг V
Фрэндж Раймон Пуанкаре
Урысей империэ Николай II
Америкэ Штат Зэгуэт Вудро Вилсон
Белгэ Алберт I
Урым Виктор Эммануил III
Сербиэ Пщыкъуэ-регент Александр
Шаблон:Flagcountry/КъушъхьафӀыцӀэ Никола I
Румыниэ Фердинанд I
Алыдж Панайотис Данглис
Япон Окума Сигэнобу
Джэрмэн Вилгелм II
Аустрэ-Венгрэ Франц-Иосиф I
Уэсмэн империэ Мехмед V
Балгариэ Фердинанд I
Лъэныкъуэхэм я къэрур
~38 млн. цӀыху ~25 млн. цӀыху
ХэкӀуэдахэр
Британиэшхуэ 700 мин хэкӀуэдауэ;
Фрэндж 1 200 млн. хэкӀуэдауэ;
Урысей империэ 2 250 млн. хэкӀуэдауэ;
Америкэ Штат Зэгуэт 116 мин хэкӀуэдауэ;
Белгэ 58 мин хэкӀуэдауэ;
Урым 460 мин хэкӀуэдауэ;
Сербиэ 127 мин хэкӀуэдауэ;
Шаблон:Flagcountry/КъушъхьафӀыцӀэ 13 мин хэкӀуэдауэ;
Румыниэ 200 мин хэкӀуэдауэ;
Алыдж 16 мин хэкӀуэдауэ;
Португал 7 мин хэкӀуэдауэ;
Япон 415 хэкӀуэдауэ;
Джэрмэн 2 млн. хэкӀуэдауэ;
Аустрэ-Венгрэ 1 400 млн. хэкӀуэдауэ;
Уэсмэн империэ 804 мин хэкӀуэдауэ;
Балгариэ 100 мин хэкӀуэдауэ;

Япэрей дунейпсо зауэ (1914 бадзэуэгъуэм и 28 — 1918 шъакӀуэгъуэм и 11) — цӀыхум я тхыдэм зауэ нэхъ индыдэхэм, нэхъ лъыгъажэхэм ящыщ. Зауэм зыхичар къэрал 38 (а зэманым 59 шъхьэхуиту къэрал щыӀахэм дунейм).

Япэрей дунейпсо зауэр цӀэуэ къыщытенар ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм яуж. ЗауитӀым я зэхуаку зэманым зэреджэтэр Дуней Зауэ иэ Зауэшхуэ (индж. Great War).

Урысей/совет тхыдэм цӀэ къагъэсэбэпхэтэр Етуанэ Къэрэлъыгъуэ зауэ, Империал зауэ, Джэрмэн зауэ.

КъызхэкӀар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Еуропэм и политик-дзэхэр 1914 гъэм

Фрэндж-прусиэ зауэм яуж 1870 гъэм, джэрмэн къарал цӀыкӀу бжыгъэ зэшъхьэщыдзахэр зыуэ зэгохьэхэ Прусиэр яшъхьэщыту, Джэрмэн империэ джоуэ. Зауэншэ тхылъ къыдахамкӀэ Джэрмэным фрэндж провинциэ Элзасрэ Лотарингиэрэ хохьэхэ. 1882 гъэм Джэрмэныр шъхьэщыту Щанэ алианс зэхохьэ Аустрэ-Венгрэмрэ Урымымрэ хэту.

Фрэндж реваншистхэм гугъу яӀэтэр шӀыгу яфӀэкуэдахэр къагъэзэжьын. Абы шъхьэкӀэ 1893 гъэм Фрэнджым тхылъ кӀетхэ Урысей империэм дэкӀыгъу зауэ пэщытыным зэгуэтынху. Британиэшхуэр хуэтэкъым еуропэкӀуэцӀ зэпэубыдыгъэхэм хэхьэну, ауэ джэрмэн дзэ зыкъэзыӀэтым (нэхъыбу хыдзэм) тегушхьыхри 1907 гъэм Антантэм хэхьэ.

ЗэрыхъумкӀэ 1914 гъэм Еуропэм къэралышхуэхэм я зэпэубыдыгъэхэм зэпэщыту политик-дзэ алянситӀ къыхокӀхэр.

Сараево щаукӀамрэ зауэр зэркӀидзамрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Франц-Фердинанд и шъхьэгъусэм игъусу, дэкъыкъытху яуӀынум ипэкӀэ Сараево къ.

Зауэр къэзгъэжьа хъуар 1914 гъэм макъуауэгъуэм и 28 аустрэ-венгрэ герцог Франц-Фердинандыр серб националист Гаврила Принципым щиукӀам. Аустрэ-Венгрэм ултиматум хуигъува Сербиэми 1914 бадзэуэгъуэм и 28 зауэ ирита. Абы щыгъуэ Урысей империэм Сербиэм куэд шъауэ къыдэшътэр и дзэр къыӀэтын кӀедзэ. Джэрмэным къыхуиӀохуа Урысейм щигъэтыну, пэштыхьейм ар къыщимылъытэм 1914 гъэм шышъхьэӀум и 1 Урысей империэм зауэ ирита. 1914 гъэм Джэрмэным Фрэнджымрэ Белгэмрэ, шышъхьэӀум и 4 Британиэшхуэм зауэ ирет Джэрмэным

Зауэр зэрекӀуэкӀар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ШӀыгум и лэныкъуэ бжыгъэм екӀуэкӀт зауэр, ауэ и гъунапкъэ нэхъ инху щытахэр къуэхьэпӀэр Белгэмрэ Фрэнджымрэ я шӀыпӀэм идежь, къуэкӀыпӀэр Прусиэм, Урысей империэм, Галициэм, Румыниэм. Зауэр кӀэху екӀуэкӀын ягугъа, мазэ зытӀущ нэхъ имыхьыну.

Британ зауэ кхъухь Royal Oak Йутлант зауэм идежь, 1916 гъэм

Джэрмэным и мурадтэр Фрэнджым и дзэр зэгуиуду яужым и къэрууэ хъуар къуэкӀыпӀэмкӀэ хидзу Урысейми текӀу. Фрэнджымрэ Джэрмэнымрэ я гъунапкъэхэр фӀыуэ гъэбыдауэ зэрщытым шъхьэкӀэ Шлиффен и гугъэмкӀэ теуэн мурад яшъа, я гунэгъу Белгэм мы гъэбыда шӀыпӀэм теу, фрэнджхэм я быдапӀэ гъэхьэзырахэр ягъэчу гъунапкъэ бгъуэуэ зэгокӀхэри ятоуэ.

Белгэм и дзэ цӀыкӀу Ӏэшэ хъэрзыни зимыӀэр пэщытыфакъым джэрмэныдзэм, абы шъхьэкӀэ джэрмэнхэр кӀэху ирикӀуэхэт къэралым, фокӀадэм и 3 Париж Ӏухьахэ, дэхьэным км 40 нэхъ къэмынэжьауэ. ФокӀадэм и 5 Марным идежь зауэр кӀадза.

АпкӀэнтӀэху къуэкӀыпӀэ гъунапкъэм урыс дзэхэр генерал Самсоновымрэ Ренненкампфымрэ джэрмэным и КъуэкӀыпӀэ Прусиэм йохьэхэ, абым шъхьэкӀэ джэрмэнхэм къуэхьэпӀэ гъунапкъэм и дзэныкъуэр къыхечри къуэкӀыпӀэмкӀэ едзыр, яужым фрэнджхэр токӀуэ Марн зауэм.

Япэреуэ урыс дзэзэчэхэм я къэру къыхьами яужым куэдрэ хэукъуахэ, шышъхьэӀум и 26-30 джэрмэныдзэр ятекӀуэн кӀидзэри КъуэкӀыпӀэ Прусиэм къыдахужьахэ.

Бельгийские войска в Конго, 1916 год

АпкӀэнтӀэху, ипшъэ гъунапкъэм, Галициэм урысыдзэм и къэру къыхьт, Галициэм и кӀуэцӀым хэхьэуэ, аустрэ-венгырым и дзэр зэхикъутауэ, мин бжыгъэ анэмэту ишта. Урысыдзэм и хэкӀыгъэр джэрмэн лъэжьыгъэ-куейхэм нэст Силезиэмрэ Познанимрэ, аргуэру джэрмэнхэм я дзэм и ныкъуэр къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм къыхачыр.

Хъэрзыну зыми щынэмысхэм зэпэщыт лъэныкъуэхэм я гъунапкъэ яӀыгъхэр ягъэбыдэн кӀадза, Зауэ гъунапкъэхэр зэфӀэувахэ.

ШышъхьэӀум зауэм Японыр къыхохьэ (Антантэм и лъэныкъуэм), 1914 гъэм жэпуэгъуэм Уэсмэн имериэр хэхьэ (Джэрмэным къыдэшъу). Зауэр щыкӀидзам Урымыр Щанэ алиансым хэту, ауэ зыми и лъэныкъуэ къызэримыштэр къыӀохуа. 1915 нэкъыгъэм и 23 Урымыр зауэм хэхьа, ауэ иджы Антантэм и лъэныкъуэ иӀыгъу.

1915 гъэм зэгуэт къэрухэм Ӏузэв Босфорымрэ Дарданеллымрэ яубыдын гугъэ яшъыр, урысыдзэм и къэрур хэгъэхъуэн шъхьэкӀэ. ЦӀыху мин бжыгъэ хэкӀуэда, Ӏузэвхэр тӀум щыгъуи къаштакъым.

1915 мэлыжьыхь-нэкъыгъэм инджылызхэр Ипыр къалэм идежь теуэн кӀадзэ ауэ я къэру къыхькъым. КъуэхьэпӀэмкӀэ зауэ гъунапкъыр дистабилизациу зэрщытыр джэрмэныдзэмрэ аустрэ-венгыр дзэмрэ яшъхьэ къыхуагъэсэбэп, я къэрууэ хъуар Урысей империэм теуэным шъхьэкӀэ ядзыр, зэуэм хыгъэкӀын ягугъу абымкӀэ. Урысыдзэ ӀэшэмкӀэ куэду хуэныкъуар Гарициэ, Полшэр, Балтикэм и ныкъуэр къыикъэнэн хуэй мэхъур. Ауэ тауэ щымытми Урысей империэм текӀуакъым.

Аустрэ-венгрым идзэр Белградым дохьэ, 1914 дыгъэгъазэм и 30

1915 гъэм жэпуэгъуэм зауэм Болгариэр хохьэ Щанэ алиансым я лъэныкъуэ къыштауэ. Сербиэ зи хъуреягъыр зэхуэшъа хъуар аустрэ-венгырхэмрэ болгархэмрэ оккупациэ яшъа.

Гъатхэпэр урысейдзэм зауэ ирагъэкӀуэкӀа псыхъурей Нароч идежь, къыгъуэт къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэхэм куэду къахуэшъхьэпар. 1916 мэлыжьыхьым и 21 джэрмэнхэр къуэхьэпӀэ гъунапкъым теуэн кӀадзахэ, Верден и лъэныкъуэмкӀэ. Зауэм цӀэ траӀуар «Верден лъыгъажэ» - километыр зытӀущкӀэ джэрмэнхэм хэкӀуэтауэ, цӀыху мин 900-м фӀэкӀыу хэкӀуэда.

1916 нэкъыгъэм урысей дзэр Брусилов Алексейр яшъхьэщыту, ишъхьэрэ-къуэхьэпӀэ зауэ гъунапкъым бгъуэуэ техьэн кӀадза, «Брусилов и пхырыудыпӀэ» яужым зытраӀуам. Урыейм и дзэм и къэру къызэрихьыр Румыниэм щилъагъум Антантэм и лъэныкъуэ къэштэри зауэм хохьэ. ЯпэрейкӀэ румыныдзэм и къэру къыхьа шъхьэкӀэ яужым и дзэр зэгуауда, и шӀыпӀу хъуар аурстрэ-джэрмэн дзэхэм оккупациэ яшъауэ.

Канада танк, 1917 мэлыжъыхьым

Джэрмэныдзэр Верденым нэхъ ипэджыжьу къыкӀэрычын шъхьэкӀэ 1916 бадзэуэгъуэм и 1 зэгуэтхэм зауэ ирагъэкӀуэкӀ Сомма псыхуэм идежь, тхыдэм а зауэр зэр хэхьар япэреуэ танкхэр абдежьым къагъэсэбэпа.

А зауэ 1916 екӀуэкӀам куэд ихьа шъхьэкӀэ лъэныкъуитӀым яз хъэрзыну пари къахуихьэкъым.

1917 мазаем Урысей империэм Мазае револуциэ къокӀуэкӀ, пэштыхьыр трагъэкӀ. ӀэнатӀэм Ӏухьа КӀэх хасэр зауэм къыхэмыкӀыу къэӀуоху, «ТемыкӀуэху хэтыну»

1917 гъэм мэлыжъыхьым и 6 зауэм АШЗ-р хохьэ, Антантэм и лъэныкъуэр къыштауэ. Мин бжыгъэ америкэ шъэуэгъэ Еуропэм къокӀуэхэ.

1917 жэпуэгъуэм Урысейм аргуэру зы револуциэ къокӀуэкӀ, "инхэм" ӀэнатӀэр яубыд. 1918 гъатхэпэм и 3, зауэр иригъэкӀуэкӀын къэру ямыӀу "инхэм" Брест зауэншэ тхылъыр кӀатхэ. Урысейм Полшэр, Балтикэ къэралхэр, Урысыхумрэ Украинэмрэ я ныкъуэхэр фӀэкӀуэдауэ къыхэкӀа, контрибуции итауэ млрд. 6 джэрмэн марку.

Британ кӀэлъэф, етӀоанэ зауэм Сомма идежь 1918 шышъхьэӀум

Урысейр зауэм зэрхэкӀыу Джэрмэным и дзэр къуэхьэпӀэмкӀэ едз зэуэ. 1918 гъатхэпэм и 21 джэрмэныдзэр Фрэнджым йохьэр, нэкъыгъэм и кӀэм джэрмэнхэр аргуэру Марна и псыхъуэм Ӏохьэхэ.

1918 бадзэуэгъуэм и 18 америкэ-фрэндж дзэхэм контратакэ кӀадзэ, джэрмэныдзэр хом-хомурэ ӀуагъэкӀуэту. Джэрмэным и къэрухэр иухат.

1918 жэпуэгъуэм и 29 джэрмэным и хыдзэ кхъухь Кил идежь щыӀэхэм унафэ ират, хым хэкӀыу британ хыдзэм я теуэну. Зауэм хущыкӀа хыдзэ шъауэгъуэхэм заӀэтри, а зыӀэтыгъуэр хомурэ револуциэ мэхъур. 1918 шъакӀуэгъуэм и 9 джэрмэн пэштыхьыр трагъэкӀ, къэралым республикэ траӀуэ. 1918 шъакӀуэгъуэм и 11 джэрмэн тхьэмадэхэм зауэншэ тхылъ кӀатхэ, Компиен мэзым (Фрэндж идежь)

Зауэр зэриухар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Еуропэм и гъунапкъыхэм зэрзэрахъуэкӀар Япэрей дунейпсо зауэм яуж

Зауэ екӀуэкӀам империэплӀы хигъэкӀуэда - Урысей, Джэрмэн, Уэсмэн, Аустрэ-Венгыр джоуэ. Версал зауэншэ тхылъымкӀэ Джэрмэным и колониу хъуар фӀэкӀуэда абы пэмыкӀыу и шӀыналъэми щыщ. И дзэр зэхагъэкӀа, дзэм къулыкъу хьын унафэр Ӏуаха. Дзэр зэрзэфӀэувэн хуэяр шхьэхуиту кӀуэ къуэдейхэмкӀэ, абыхэм я бжыгъэр мин 100 фӀэкӀын хуэйтэкъым. Джэрмэным контрибуциэ бжыгъэ итыжьын хуэя Антантэм хэт къэралхэм.

Япэрей дунейпсо зауэм зэхигъэкӀакъым къэралышхуэхэм я зэпэубыдыныгъэхэр.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]