Аустрэ
| Аустрэ Republik Österreich |
|||||
|
|||||
| Къэрал уэрэд: «Land der Berge, Land am Strome» ( |
|||||
| Щыхалъхьар | 1955 бадзэуэгъуэм и 24 (зэгуэт оккупациэм къыхэкӀа) | ||||
| Нэхъышъхьэбзэхэр | джэрмэныбзэ;[1] | ||||
| Къалэ нэхъышъхьэр | Венэ | ||||
| Къалэ нэхъ инхэр | Венэ, Грац, Линц | ||||
| ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент республикэ | ||||
| Президент Канцлер |
Хайнц Фишер Вернер Файман |
||||
| ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
113-нэ дунем 83 871 км² 1,7 |
||||
| Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр |
8 356 707 цӀыху 99 цӀыху/км² |
||||
| ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$330 669 млрд (34-нэ) $39 887 |
||||
| Этнохоронимыр | аустрэхэр, аустрэ | ||||
| Валутэр | Евро | ||||
| Интернет-доменхэр | .at, .eu | ||||
| Телефон кодыр | +43 | ||||
| Зэманыгъуэхэр | +1 | ||||
|
|||||
Áустрэ (Áустрэ Респýбликэ; джэр-бз. Republik Österreich) — Курыт Еуропэм хэт къэрал, Еуропэ Зэгуэтым хэт. Къалэ нэхъышъхьэр — Венэ.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Хэкумэтхыр
Къэралыр Еуропэм и кум хэт, И къэрал гъунэхэр ишъхъэрэм Джэрмэным, Чехым, Слоуакым ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэм Венгрэм, ипшъэм Слоуэным, къуэхьэпӀэм Лихтэнштейм, Шуэцарым.
Климатыр курыту щыт, шӀыпӀэр къуэкӀэ-бгыкӀыу. ШӀыпӀу иубыдыр 83 871 км².
[гъэтэрэзын] Джылэр
Джылэ дэсым и 94% аустрэхэмрэ джэрмэнхэмрэ. ПэмыкӀ лъэпкъцӀыкӀуэгъу бжыгъэ нэхъыбэ зиӀэхэр: венгырхэр, чеххэр, слоуэнхэр, хоруатхэр. Джылу дэсу хъуар зэрыхъур (2009 гъэмкӀэ) 8.356.707 цӀыху.
[гъэтэрэзын] Къэрал-политикэ хабзэхэр
Аустрэр парламент республикэ. Иджырей конституциэ иӀэр 1920 гъэм хахара.
[гъэтэрэзын] Къэралым и тхьэмадэр
Къэралым и тхьэмаду тетыр Президент федерал, илэсихкӀэ хахыр.
[гъэтэрэзын] ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр
ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр палатитӀу щыт, Федералыр зэхуэс, Федералымрэ Лъэпкъ хасэхэмрэ хэтху.
[гъэтэрэзын] Лэжьыгъэ ӀэнатӀэр
Тхьэмадэгъуэм и нэхъышъхьэр Федерал канцлерыра.
[гъэтэрэзын] АдминистрациэмкӀэ зэргуэчыр
Аустрэр федерал республику щытхи администрациэмкӀэ шӀыпӀэ бгъууэ зэхокӀыр - Бургенланд, Каринтиэ, КӀагъ Аустрэ, Ипшъэ Аустрэ, Залцбург, Штириэ, Тирол, Форарлберг, Венэ.
[гъэтэрэзын] Тхыдэр
Иджырей Аустрэм и шӀыпӀэм цӀыхухэр итӀысхьэн щыкӀадзар иджыри ди лъэхъэнэм ипэм щыгъуэ.
Пэсырейм Аустрэр Урым империэм хэтат.
1156 гъэм Аустрэр Бовариэм къыхокӀыр шъхьэхуит герцогхэку хуэду.
1276 гъэм щыкӀэдзауэ къэралым шъхьэщытыр Габсбург лъэпкъыр.
1529-мрэ 1683-мрэ Уэсмэн империэм и дзэм Веныр яубыдын мурад яшъыр, ауэ къадэхъукъым.
1687 гъэм Аустрэм Венгриэр хагъыхьэ.
XVIII лъэхъэнэм Аустрэм и шӀыпӀэхэр куэду хохъуэ, Галициэмрэ Урымымрэ я къэралхэр иубыду.
1804-1867 гъэхэм Аустрэм империэ, 1867-1918 -хэм Аустрэ-Венгриэ.
1914 гъэм Аустрэ-Венгриэм зауэ ирет Сербиэм, абымкӀэ Япэрей дунейпсо зауэр иригъажьу. Зауэм темыкӀуа яуж къэралыр зэгохур иджырей гъунапкъэ иӀэмкӀэ.
1938 гъэм Джэрмэным хагъыхьэ (Аншлус). 1945 гъэм зэгуэт дзэхэм хут яшъри, къыхагъэкӀыжь.
1945-1955 гъэхэм зэгуэт дзэхэм я оккупациэм кӀэт. Хуитыныгъэр къыщиштэжьар 1955 гъэм, курыт статус иӀэгъыным ицӀэкӀэ.
[гъэтэрэзын] Культурэр
| Мы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым.
Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
[гъэтэрэзын] Экономикэр
| Мы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым.
Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
[гъэтэрэзын] Ссылки
- austria.info/ru Официал турист гъогузешэ Аустриэм, Аустриэм и туризымым и нэхъышъхьэ организациэм
- Аустрэм и статистикэ ЕЗ-м
- Транспортыр
- Аустрэм и шӀыпӀэтхыпхъэхэр
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса хэкумэтхымкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
|
|
|
|---|---|
| Албаниэ • Алыдж • Аустрэ • Андоррэ • Белгэ • Болгариэ • Босниэрэ Герцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэн • Ирлэнд • Ислэнд • Къушъхьафlыцlэ • Латвиэ • Лахь жылэ • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • Норвегэ • Нидерлэндхэр • Португал • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Урым • Урысей • Урысыху • Финлэнд • Фрэндж • Хорватиэ • Хуэхуэлей • Чех • Шуэц • Шуэцарэ • Эстониэ • Эспаниэ |