Сербиэ
| Сербиэ серб-бз. Република Србија |
|||||
|
|||||
| Гоуидзэр: «Само слога Србина спасава» | |||||
| Къэрал уэрэд: «Боже правде» ( |
|||||
| Хуитыныгъэм и махуэ | 2006 мэкъуауэгъуэм и 3 | ||||
| Нэхъышъхьэбзэхэр | сербыбзэ | ||||
| Къалэ нэхъышъхьэр | Белград | ||||
| Къалэ нэхъ инхэр | Белград, Нови-Сад, Приштина, Ниш | ||||
| ӀэнатӀэ хабзэр | республикэ | ||||
| Президентыр Премиер-министыр Скупщинэ тхьэмадэ |
Борис Тадич Мирко Цветкович Славица Джукич-Деянович |
||||
| ШӀыпӀэр • Псори |
111-нэ дунем 88 361 км² |
||||
| Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр |
7 498 001 цӀыху (84-нэ) 115 цӀыху/км² |
||||
| ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$48,816 млрд. (67-нэ) $7,000 |
||||
| Валутэр | cербиэкӀэ динар (RSD, кодыр 941) | ||||
| Интернет-доменхэр | .rs | ||||
| Телефон кодыр | +381 | ||||
| Зэманыгъуэхэр | +1 | ||||
Сербиэ (серб-бз. Република Србија) — Еуропэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Белград.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Хэкумэтх
thumb|left|Сербиэ и шӀыпӀэтхыпхъэр Сербиэ Еуропэм, Балкан хы тӀыгуныкъуэм хэт.
Гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэмкӀэ — Венгрэм, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Румыниэм, Болгариэм, ипшъэмкӀэ — Македониэм, Республикэ Косовом (дунейпсом къамылъыта къэрал), Албаниэм, къуэхьэпӀэмкӀэ — Хоруатиэм, Босниэрэ Герцеговинэм, КъущхьэфӀыцӀэм.
Къэралым и инагъыр — 88 361 км².
[гъэтэрэзын] Тхыдэр
Курыт лъэхъэнэхэм Балканхэм Сербиэ пэштыхьей къыхокӀыр. 1389 гъэм, сербыдзэм и къэру къимыхьу туркудзэр токӀуэ Косово губгъуэм, Сербиэр псоуэ Уэсмэн империэм щыхэхьэр 1459 гъэм.
1815 гъэм Сербиэм аутоном статус къештэ Уэсмэн империэм здыхэтым, 1878 гъэм къэрал хуит мэхъур.
Япэрей дунейпсо зауэр иуха яуж Сербиэр 1918 гъэм Сербхэм, хоруатхэм, солуэнхэм я пэштыхьейм хэт мэхъур (1929 гъэм щыкӀэдзауэ Йугослау хъуар)
ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Йугослаур «Осим» и къэралхэм оккупациэ яшъат, 1945 гъэм и нэкъыгъэм къыхагъэкӀыжьауэ.
1980-хэм я кӀэм Йугослаум политикэмрэ экономикэмрэ я кризис кӀедзэ, къэралыр зэхэкӀынымрэ, джылэ зауэмрэ нигъэсу. ИкӀэм федерациэм хэту къэнэжьахэр Сербиэмрэ Къушъхьафlыцlэмрэ, Йугослаур зэрщыту щызэгуэхуар 2006 гъэм.
2008 гъэм Косово Республикэм хуитыныгъэ къештэ, ауэ, Сербиэ ӀэнатӀэгъуэм ар къылъытакъым.
[гъэтэрэзын] Джылэр
Джылу дэсым и бжыгъэр - 7,82 млн (2008 гъэм и къэлъытэгъуэкӀэ).
ЛъэпкъкӀэ - сербхэр (82.86 %), венгхэр (3.91 %), боснийхэр (1.82 %), пэмыкӀхэр.
Къэралым и нэхъышъхьэбзэхэр - сербыбзэ.
[гъэтэрэзын] Экономикэр
ВКӀуП-р 2008 гъэмкӀэ здынэсар $48,816 млрд.
Валютэр — cербиэмкӀэ динар.
[гъэтэрэзын] Администрациэ гуэчыгъуэр
Сербиэ — къэрал унитару щыт.
Къэралыр аутоном администрациэкӀэ зэхэт - Воеводина, Косово Метохиэрэ. АдминистрациэмкӀэ хэку 29, куей 211 мэгуэш.
[гъэтэрэзын] ТехьэпӀэхэр
|
|
|
|---|---|
| Албаниэ • Алыдж • Аустрэ • Андоррэ • Белгэ • Болгариэ • Босниэрэ Герцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэн • Ирлэнд • Ислэнд • Къушъхьафlыцlэ • Латвиэ • Лахь жылэ • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • Норвегэ • Нидерлэндхэр • Португал • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Урым • Урысей • Урысыху • Финлэнд • Фрэндж • Хорватиэ • Хуэхуэлей • Чех • Шуэц • Шуэцарэ • Эстониэ • Эспаниэ |
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса хэкумэтхымкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |