Псыкъуакъо

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Псыкъуакъо
Псыкъуакъо
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Ӏуфэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Псыкъуакъо лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыкъуакъохэр
ЛӀэужъыгъуэ: Псыкъуакъо
Латин цӀэр
Recurvirostra avosetta
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырих


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176723
NCBI 171275
Recurvirostra avosetta

Псыкъуакъо (лат-бз. Recurvirostra avosetta) — псыкъуакъо лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

И теплъэкӀэ къэщӀэгъуафӀэщ: пэ псыгъуэ кӀыхь фӀыцӀэщ, къуаншэу худэгъэзеяуэ. Лъакъуэ кӀыхь тэхущ, щхъуафэ мащӀэу къыщӀэуэу, лъэтхьапэхэр бабыщым ейм хуэдэщ. Щхьэ щыгумрэ пщэ щӀыбагъымрэ фӀыцӀэщ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Псыкъуакъохэр, Ищхъэрэ Къаукъазым и хыкъум шыугъуэхэм, Хы ФӀыцӀэ, Хы Каспийм я Ӏуфэхэм къанэмыщӀауэ, щӀыпӀэ куэдым щыӀэщ, Еуропэм къыщыщӀэдзауэ Сыбырым нэс, апхуэдуи — Азиэм, Африкэм. Къаукъаз псыкъуакъохэр мэлъэтэж, зэрыз дыдэхэм, Хы Каспий Ӏуфэм и ипщэ лъэныкъуэм щӀымахуэр щизыххэм, къанэмыщӀа. Мы къуалэбзур Ищхъэрэ Къаукъазым къолъэтэж гъатхэпэм икӀэхэм — мэлыжьыхьым ипэхэм. Абгъуэ щӀыпӀэхэр пшэхъуалъэ, мывэкӀэщхъ, ятӀэ кумб-лъэмб, псыдэуэ гъунэхэрщ. Зэгъунэгъуу абгъуэ ящӀ.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏус нэхъыщхьэр псы псэущхьэ жьгъей, гъудэбадзэхэр.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.