Къашыргъэшхуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къашыргъэшхуэ
Къашыргъэшхуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къэргъей теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къашыргъэ лъэпкъыр
Лъэпкъ къуэдзэ: Къашыргъэ лъэпкъ къуэдзэ
Лъэпкъыгъуэ: Къашыргъэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къашыргъэшхуэ
Латин цӀэр
Accipiter gentilis
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175300
NCBI 8957
Accipiter gentilis

Къашыргъэшхуэ (лат-бз. Accipiter gentilis) — къашыргъэ лъэпкъщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Анэхэм я дамэ лъэныкъуэр см. 33,6-39,5; хъур нэхъ цӀыкӀущ. ТхыцӀащхьэр щхъуэ-гъуэбжафэщ е щхъуэ-хужьыфэщ. Ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, кусэ щхъуэхэр зэпаракӀыу. Щхьэр нэхъ фӀыцӀафэщ.

Здэпсэухэмрэ шэнымрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къаукъазым мылъэтэжу щопсэу, абы нэмыщӀу — Еуропэм, Сыбырым, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм, Хъутейм, Ишъхъэрэ Америкэм,нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми я мэзылъэхэм.

Абгъуэр жыгыщхьэм щащӀ, ар мызэмытӀэу къагъэщхьэпэ. Къизышыр анэм изакъуэщ, махуэ 38-кӀэ теса нэужь. А зэманым ар хъум егъашхэ, шырхэри депӀ.

Мы лӀэужьыгъуэр хуабжьу ещхьщ къашыргъащхъуэм, и теплъэкӀи, и хьэлщэнкӀи, щакӀуэнкӀи, зи мыувыӀэ, зэи зи ныбэ из мыхъу, жыджэрагъ ин зыщӀэт, хьилагъэ зыдалъагъу псэущхьэшх лъэщрэ бзаджэрэ. Ди ӀэрыӀуатэм «Итырджы» жэуэ къыхощыж.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КъеущэкӀу къуалэбзу, шэрыпӀ псэущхьэхэр. Унэ джэдкъазми тоуэ.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск. 2007 гъ.