Жьыкъан
Жьыкъан | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Muscicapa striata Pallas, 1764 | ||||||||||||||||
|

Жьыкъан (лат-бз. Muscicapa striata) — жьыкъан лъэпкъым щыщщ, бзу инкъым.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ТхыцӀэр щхъуэ-гъуабжафэщ, натӀэмрэ щхьэшыгумрэ ӀэпапӀэ фӀыцӀэхэр хэсщ, ныбэ щӀагъыр тэхущ, джабэхэмкӀэ гъуэбжафэм хуэкӀуэжу. Пэ къыхэкӀыпӀэм пащӀэм ещхьу цы пхъашэ пӀийхэр тетщ. Жьыкъаныр къэщӀэгъуейкъым, къудамэхэм задэу тесщ, и дамэхэр иутхыпщӀым ещхьу игъэсысу. Гъудэбадзэ гуэрэ блэлъэтыкӀыу къилъагъумэ абы кӀэлъолъатэ, лъэщӀыхьэмэм нэхъыфӀу еплъын папщӀэ и дамэхэр псынщӀэу щӀиупскӀэу пэзазэу къоувыӀэ, атӀанэ къеубыд.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Африкэм. Къаукъазым щыгъуалъхьэхэмэ щӀымахуэр хьэрып къэралхэм щырах. Жьыкъан абгъуэхэм дэни уащыпэщӀохуэ: мэзым, жыг хадэм, дурэшхэм, къалэм, къуажэм, кхъэм, жыг къудамэхэм, щӀыгум, бжыхьэкӀапэхэм, унащхьэхэм. Зы гъэм тӀо къыреш.
Ӏусыр бадзэ дэмылӀэужьыгъуэщ (жьгъейхэри пӀащэхэри), гъудэ, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.