Жьыкъан лъэпкъыр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Жьыкъан лъэпкъыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жьыкъан лъэпкъыр
Латин цӀэр
Muscicapidae Vigors, 1825


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178663
NCBI 36291

Жьыкъан лъэпкъыр (лат-бз. Muscicapidae) — унэбзу хэкӀыгъуэ жьгъейхэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Я кӀыхьэгъыр см. 11-17-щ. Лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэ псори пабгъуэщ, пэбгыр ӀупщӀу къыхэкӀыу, пэ лъэдакъэм деж цы пӀийхэр тетщ. Дамэхэр Ӏузэ кӀыхьщ, теплъэр хуабжьу зэщхьэщокӀ — лӀэужьыгъуэхэми, анэхэми, хъухэми.

Нэхъыщхьэу здэпсэур мэз мыӀув, жыг хадэ, паркщ.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏусыр гъудэбадзэщ, хьэпщхупщщ. Ар зи Ӏус нэгъуэщӀ лъэпкъхэм ялъытауэ мыхэр нэхъ «хуэмыхущ» жыпӀэми хъунущ: щакӀуэн хьисэпкӀэ зэрылъэтэр мащӀэщ, нэхъыбэм щысхэ, бадзэ е гъудэ къалъагъумэ кӀэлъолъатэри къаубыд мыхъумэ.

Лъэпкъыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Жьыкъан лъэпкъым къызэщӀеубыдэ лъэпкъыгъуэ 44-рэ, псори зэхэту лӀэужьыгъуэ 360-м нэс. Абыхэм дэнэ къэрали уащыхуозэ, Америкэм щымыхъукӀэ, псом хуэмыдэу щыбэгъуа тропик къэралхэм.

Лъэпкъыгъуэхэр:


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.