Дыгъужь

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Дыгъужъ
Дыгъужь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
ХэкӀ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
Лъэпкъ: Хьэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Дыгъужьхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Дыгъужь
Латин цӀэр
Canis lupus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
плъыжькӀэ къыхэгъэкӀар-здэпсоуахэр;
удзыфэкӀэ-къыздэнахэр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Дыгъужь (лат-бз.: Canis lupus, ур-бз.: Волк) — псэушъхьа шъакӀуэ, шэрыпӀхэм ящыщ, хьалъэпкъ. ХьэӀуцыдзхэмрэ кайотхэмрэ ядэкӀыгъу дыгъужъхэм хэт. Генетикэ шъэныгъэм зэригъэлъагъуэмкӀэ унагъуэ хьахэр дыгъужъхэм къатекӀауэ ягъува.

Дыгъужьыр хьалъэпкъхэм я нэхъ иным ящыщ, икӀыхьагъыр (кӀапэм дэкӀыгъу) см. 160 нос, илъэгагъыр см. 90 нос, ихьалъагъыр кг. 62 нэгъунэ носыр.

Япэрей лъэхъэнэхэм дыгъужъыр шӀыпӀэ нэхъыбэхэм щыпсот Еуразиэмрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ. Иджырей лъэхъэнэхэм шӀыпӀэ здэпсомрэ, псэушъхьахэм ябжыгъэмрэ куэдкӀэ нэхъ макӀэ хъуа. Лажьэ зтелъыр цӀыхум иӀашъагъэм. Дунем илъэныкъуэ бжыгъэхэм дыгъужьыр куэдыным нэса ауэ абы емылъытауэ иджыр къыздынэсым цӀыхур йошъакӀуэ дыгъужъым, игъашъэмрэ былым зэрихуэмрэ тегушъхьыху, иэ ауэ сытми джэгу-шъакӀуэнымкӀэ яукӀыр.

Аплъэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Дыгъужъхэм я инагъымрэ я хьалъагъымрэ Ӏэуэ зэшъхьащокӀхэ шӀыпӀэ здэпсом елъытауэ, Биргмэн къызэрилъытамкӀэ ( шӀыпӀэ нэхъ шӀыӀахэм нэхъ ину щытхэ ). Янэхъыбэм лъэгагъыр см. 60 - 85 носыр, кӀыхьагъыр см. 105 - 160, хьалъагъыр кг. 32 - 62. Ишъхъэрэ лъэныкъуэхэм Ишъхъэрэ Америкэм дыгъужъ гуэрэхэм я хьалъагъыр кг. 77 фӀокӀхэр, нэхъ индыду дыгъужъ къагъуэтар Аласкэм идежь 1939 гъэм, ихьалъагътэр кг. 80 хъут. Лъэпкъ нэхъ цӀыкӀу къалъытэр хьарып дыгъужъыра, дыгъужьыбз зэфӀэувахэм яхьалъагъыр кг. 10 фӀэкӀкъым. Гуп-зэхэтхэм дыгъужъыхъухэр счыгъуи бзыхэм нэхъри нэхъ ину щытхэ 20 % хуэдизкӀэ, нэхъ натӀэшхуэ шъхьауэ щытху.

ИаплъэпкъымкӀэ хьашхуэ тхьакӀумэпамцӀэм ехьчхэ. Лъакъуэхэр кӀыхьу, къэрууфӀу, илъэкъуапӀэм икӀыхьагъыр см. 15 хуэдиз, ибгъуагъыр см. 7 хуэдиз курытит лъэхъуамбэхэр куэдкӀэ гупэм къыхокӀхэр абыкӀэ хьалъэкъуапӀэм хагъэгъуащэкъым. НатӀэшху щыт, нэӀу бгъуэуэ, илъэныкъуэхэмкӀэ жъэкӀацу цыр тету, инэӀушхуэмкӀэ ХьэӀуцыдзхэмрэ кайотхэмрэ ямыхьчу щыт абыхэм яр нэхъ Ӏузу, памцӀу щыт ИкӀи инэӀумкӀэ псэушъхьа-шъэныгъэ азэгъуэхэм зэхашъыкӀыр къыригъэкӀыфу: бзаджэгъуэ, къытехьагъуэ, даӀуэгъуэ, шъэбагъуэ, гуфӀэгъуэ, гузавэгъуэ, сакъыгъэ, шъэхугъэ, чынагъуэ.

ИкӀапэр кӀыхьу, гъуму щыт хьахэм я кӀапэхэм елъытамэ счыгъуи егъэзыхауэ щыт.

Дыгъужъхэм яцыр Ӏуву, кӀыхьу щыт. Дыгъужъ лъэпкъхэм цым ифэр куэду зэшъхьащокӀхэр, шӀыпӀэ здэпсохэм тегъэпсыхьауэ. Мэзым щыпсоу дъыгъужъхэм яфэр псыфэ-гъуабджу щыт, тундрэ лъэныкъуэхэм щыпсохэр - нэхъ нэхуу, хужьым нэсу щытхэ, пшахъуалъэхэм щыпсохэр - псыфэ-гъуэжьыфу щытхэ, Азиэ Курытым икъушъхьахэм щыпсо дыгъужьхэм я фэр - гъуэплъу щыт. Абы пэмыкӀыу хужьыбзу, плъыжьу иэ фӀыцӀабзу щытуи къохъухэ зэрызу.

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Еуропэм нэхъыбу дыгъужъхэр къыздэнар Эспаниэм, Хуэхуэлейм, Урысейм, Урысыхум, Португалым, Урымым, Лэхьыйм, Скандинавхэм, Балканхэмрэ, Балтикэ къэралхэм. Азиэм здэпсохэр Корейм, Китаймрэ Индиэмрэ илъэныкъуэ гуэрэхэм, Азэрбиджаным, Къэзахъстэным, Афганистэным, Ираным, Иракым, Аравий хы тӀыгуныкъуэм ишъхъэрэ лъэныкъуэр. Ишъхъэрэ Америкэм Аласкэм къыщыкӀэдзауэ Мексикэм нэс щопсоу.