Jump to content

Риэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Джорджс псым и риэ (Аустралиэ)

Риэ ерэ риэс — псыхъуэм и пэ хым щӀихъумэу къэхъуа Ӏуфэ хыжьэ. Риэхэм и нэхъыбэм жыг къудамэ зыубгъуам и щытыкӀэм хуэдэ щытыкӀэ яӀэщ. Риэхэм я инагъымрэ я кӀыхьагъмрэ щӀэх-щӀэхыурэ захъуэж хым и щытыкӀэм елътауэ. Апхуэдэу иныкъуэм деж хыр къоури риэм щӀы иубыдыр зэуэ хегъахъуэ. Иныкъуэм хыр йокӀуэтыжри риэм и инагъри и кӀыхьагъри хощӀыж.

Япэм риэкӀэ Эспаниэм и Ӏуфэм Ӏут хылъэхэрат зэджэу щтар. Риэр галисиибзэ rio (псы) псалъэм къыхокӀ. Иджыри къыздэс Галисиэм и хы Ӏуфэм псы хэлъадэу хъуам я пэм риэкӀэ ироджэ.

ТӀэкӀу тӀэкӀуури а гурыӀуэгъуэр, дэни хым щӀигъэна псыхъуэм и пэ Ӏыхьэхэм я цӀэ папщӀэу ятехьащ.

Риэхэр къыщохъу хым и лъэгагъыр, щӀым и лъэгагъым елътауэ щыдэкӀуейм деж.

Риэхэм я щытыкӀэхэр Ӏестуарийм е тэманым я щытыкӀэхэм ещхьщ. Риэхэр фиордхэм я щытыкӀэхэми хуагъадэ, ауэ фиордхэм елътауэ риэхэр щӀым 50 км нэхъ нэхъыбэкӀэ дыхьэкъым икӀи фиордхэм елътауэ я кууагъхэр куэдкӀэ нэхъ цӀыкӀущ.