Риэ
Риэ ерэ риэс — псыхъуэм и пэ хым щIихъумэу къэхъуа Iуфэ хыжьэ. Риэхэм и нэхъыбэм жыг къудамэ зыубгъуам и щытыкIэм хуэдэ щытыкIэ яIэщ. Риэхэм я инагъымрэ я кIыхьагъмрэ щIэх-щIэхыурэ захъуэж хым и щытыкIэм елътауэ. Апхуэдэу иныкъуэм деж хыр къоури риэм щIы иубыдыр зэуэ хегъахъуэ. Иныкъуэм хыр йокIуэтыжри риэм и инагъри и кIыхьагъри хощIыж.
Этимологиэ[гъэтэрэзын | edit source]
Япэм риэкIэ Эспаниэм и Iуфэм Iут хылъэхэрат зэджэу щтар. Риэр галисиибзэ rio (псы) псалъэм къыхокI. Иджыри къыздэс Галисиэм и хы Iуфэм псы хэлъадэу хъуам я пэм риэкIэ ироджэ.
ТIэкIу тIэкIуури а гурыIуэгъуэр, дэни хым щIигъэна псыхъуэм и пэ Iыхьэхэм я цIэ папщIэу ятехьащ.
Къызэрыхъур[гъэтэрэзын | edit source]
Риэхэр къыщохъу хым и лъэгагъыр, щIым и лъэгагъым елътауэ щыдэкIуейм деж.
Риэхэм я щытыкIэхэр Iестуарийм е тэманым я щытыкIэхэм ещхьщ. Риэхэр фиордхэм я щытыкIэхэми хуагъадэ, ауэ фиордхэм елътауэ риэхэр щIым 50 км нэхъ нэхъыбэкIэ дыхьэкъым икIи фиордхэм елътауэ я кууагъхэр куэдкIэ нэхъ цIыкIущ.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
Хыжьэхэм я типхэр |
||
---|---|---|
Хыжьэхэм я типхэр | Гаван • Губа • Лагунэ • Риэ • Тэман • Фиорд • Хыжьэ • Хылъэ • Iестуарий | ![]() |