Тхьэрыкъуэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Тхьэрыкъуэхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Тхьэрыкъуэ теплъэхэр
Лъэпкъ: Тхьэрыкъуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Тхьэрыкъуэхэр
Латин цӀэр
Columba
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177062
NCBI 8931

Тхьэрыкъуэхэр (лат-бз. Columba) — къуалэбзу лъэпкъыгъуэ, тхьэрыкъуэ лъэпкъым щыщщ.

ФӀэщыгъэм къызэщӀеубыдэ лӀэужьыгъуэ зыбжанэ. Мэзхэм, губгъуэхэм, хьэблэхэм бжыгъэу уащыпэщӀохуэ. ПщӀантӀэ гъэдахэ хьисэпкӀэ унэм щыӀыгъщ.

Цы Ӏув ятетщ; пэ, пщэ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ, ауэ дамэ кӀыхь-папцӀэхэщ. ПсынщӀэу мэлъатэ, задэу заӀэтыф. Ӏусыр къанэ щымыӀэу къэкӀыгъэщ — нэхъыбэу жылэ, пхъэщхьэмыщхэ, мэракӀуэхэкӀ. Я хулъэр лъэщщ, зызужьащ, «шэ» ещӀыр, шырхэр ирагъашхэу. Абгъуэ щащӀ жыг къудамэхэм, къырхэм, нэпкъхэм, зэзэмызи — гъуэхэм, жыг гъуанэхэм. Бжьыхьэ-щӀымахуэ зэманым гупышхуэхэурэ зэрыӀыгщ. Я пэр псым къыхамыхыу, дырамгъэзейуэ йофэхэр.

ЩӀэнхабзэм и къэлъытыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адыгэхэм, Азиэм щыпсэу лъэпкъхэм, иужькӀэ слауанхэм я дежкӀэ тхьэрыкъуэр — щӀалэмрэ пщащэмрэ яку дэлъ лъэгъуныгъэ къабзэм,щэбагъэм я дэмыгъэщ (адыгэ уэрэдыжь «Тхьэрыкъуэпщэху», «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ»). Фызышэ уэрэдым деж нысэу къашэ дахэр[1]:

« Уэредадэ, къырым тхьэрыкъуэщ, Уэредадэ, тхьэрыкъуэ жьэгъухущ »

Къуалэбзум и адыгэ фӀэщыгъэр «Тхьэм и лӀыкӀуэ (къуэ)» жэуэ къыбгурыӀуэ хъунщ. Апхуэдэ лъытыгъуэ тхьэрыкъуэм иратыр чристэн динми.

Нарт ӀуэрыӀуатэхэми я деж хышхуэ щӀагъым щыпсэу зэшыпхъуищыр «Тхьэрыкъуафэхэр ятелъу» псэгъу ящӀыным и лъыхъуакӀуэ Нарт Хэкужьым лъэтэрейхэт я дыщэ жыгым махуэм къыпыкӀэ мыӀэрысэ телъыджэ закъуэр ядыгъуу, абыкӀэри нарт щауэхэм гу зылъырагъэтэн ягугъэу[2]

ЛӀэужьыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Лъэпкъыгъуэм лӀэужьыгъуэ 50-рэ зэщӀеубыдэр, ахэр:

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр. I-й том. Нап. 181. Налшыч. 1963 гъэ.
  2. Нартхэр. Адыгэ ӀуэрыӀуатэ. Нап. 360. Налшыч. 1951 гъэ.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.