Jump to content

Губгъуэтхьэрыкъуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Губгъуэтхьэрыкъуэ
Губгъуэтхьэрыкъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Тхьэрыкъуэ теплъэхэр
Лъэпкъ: Тхьэрыкъуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Тхьэрыкъуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Губгъуэтхьэрыкъуэ
Латин цӀэр
Columba livia Gmelin, 1789
И щӀыпӀэр
сурэт
    щӀыналъэу къалъытэр
    иджыреуэ здэпсэухэр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177071
NCBI 8932
Columba livia

Губгъуэтхьэры́къуэ (лат-бз. Columba livia, ур-бз.: Голубь) — тхьэрыкъуэ лъэпкъщ.

Зи теплъэр псоми фӀыуэ ящӀэ унэ тхьэрыкъуэхэмкӀэ. Адрей лӀэужьыгъуэхэм къагуокӀ и кӀэпкъыщхьэ хужьымрэ и дамэхэм ирекӀуэкӀыу хэлъ кусэ фӀыцӀэ тӀурытымрэкӀэ. Къэрал куэдым щопсэу.

Щогъуалъхьэ къырым, къуэладжэхэм, Ӏуфэ нэпкъ задэхэм. И фэщыгъэцӀэм емылъытауэ мэзхэмрэ тафэ нэщӀхэмрэ запыӀуедз.

Абгъуэр емыгугъуу зыхуедзыс мащӀэу кумбу. Щыкъуным хохьэ удз жылэ. Къаукъаз губгъуэтхьэрыкъуэхэр лъэтэжкъым, ауэ щыӀэпхъуэ къохъу. КъызэралъытэмкӀэ, мыращ унэ тхьэрыкъуэ лӀэужьыгъуэ псори къызтрагъэхъукӀар.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.