Псыхэуэхужь

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Псыхэуэхужь
Псыхэуэхужь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Псыхэуэбзагуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Псыхэуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыхэуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Псыхэуэхужь
Латин цӀэр
Ardea alba
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырих


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 554135
NCBI 110620
Ardea alba melanorhynchos

Псыхэуэхужь (лат-бз. Ardea alba) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адрей лӀэужьыгъуэхэм къагуокӀ и теплъэ хужьыбзэмрэ зэрыпӀащэмрэкӀэ. Ику иту къешэч ч. 1,5 кӀигъу, дамэ лъэныкъуэм и кӀыхьагъщ см. 43-44. КӀэцӀыгъуэ зэманым псыхэухужьым и пщэдыкъым къыхокӀ хьэгуагуэ мыин, и пщэ щӀагъым — цы кӀыхь зэгуэкӀхэр, дамащхьэхэми — апхуэдэ цы кӀыхьхэр, кӀащхьэм блэкӀыу. Ахэр — агреткэ жыхуаӀэ цы цӀэрыӀуэхэрщ. Пэр, лъакъуэхэр фӀыцӀэщ, нэ хъуреягъыр удзыфэщ.


Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Урысейм уеблэмэ, щыбэгъуэжьауэ къалъытэ. Гуп-гупури щхьэхуэ-щхьэхури мэгъуалъхьэ. Абгъуэ щещӀ бгъэн Ӏув кӀырхэм. УащыпэщӀохуэ Ипщэ Еуропэм, Азиэм, Ищхъэрэ, Ипщэ Америкэхэм, Африкэм, Аустралиэм, Зелэнд ЩӀэм я тропик е субтропик лъэныкъуэхэм. Къаукъазым щымащӀэкъым, мэлъэтэж.

Хъумэным и тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Агреткэ цыр зыӀэрагъэхьэн папщӀи 19 лӀэщӀыгъуэм псыхэуэхужьхэр гущӀэгъуншэу куэду зэтраукӀащ. Абы папщӀэ гъэщӀэгъуэнкъым, мы къуалэбзу лӀэужьыгъуэр япэм здыщыгъуалъхьэу щыта щӀыпӀэ куэдым зэрыщымыӀэжыр, е мащӀэ дыдэ зэрыхъуар. Е 20 лӀэщӀыгъуэм и 20 гъэхэм мы къуалэбзур хъумэн зэраублам, зэрырамыгъэщакӀуэжым и фӀыгъэкӀэкъэрал куэдым и бжыгъэр къызэрыкӀуэ хъужьащ.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Псыхэуэхужьым и Ӏусыр бдзэжьей, псы хьэпщхупщ, пкӀауэ, мацӀэ, шэрыпӀ псэущхьэ жьгъейхэр.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.