Псыбзу
| Псыбзу | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
|
Cinclus cinclus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|

Псыбзу (лат-бз. Cinclus cinclus) — псыбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И инагъкӀэ бзуупцӀэм хуэдизщ, фӀыуэ зэхэщӀыхьащ. И теплъэр нэхъыщхьэу гъуабжэщ. Жьэгъум къыщыщӀэдзауэ, бгъэгур, ныбэщӀагъыр хужьщ.
Здэпсэухэмрэ щэнымрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Ипщэ-КъухьэпӀэ Африкэм я бгылъэхэм. Псыбзухэм абгъуэ щащӀ щӀыпӀэ зэхуэщӀахэм, и нэхъыбэм блын зэгуэкӀыпӀэ цӀыкӀухэм, е псым и гъунэгъу дыдэ дэхьэпӀэхэм.
Абгъуэ ихьэпӀэр зэхуещӀ псыкъелъэм икӀи абы кӀуэжын папщӀэ бзур ену псы блыным пхырылъэтын хуей мэхъу. Ар гъэщӀэгъуэнкъым, езы бзум къуршыпс уэрым и щӀагъым хуиту къызэрыщикӀуфыхьыр къэплъытэмэ.
Абгъуэр зэпэхъурей инщ, жыглыц псыӀэм къыхэщӀыкӀауэ, ихьэпӀэр ибгъумкӀэ щыӀэу. Зыухуэр хъуращ. Абгъуэ кӀуэцӀым анэм гъуэлъхьэпӀэ щещӀ, хьэцэпэцэ къэкӀыгъэхэм япкъхэмрэ тхьэпэхэмрэ къыхех.
Къаукъазым щымыкуэдми мылъэтэжу щыӀэщ.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.