КӀупхъ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
КӀупхъ
КӀупхъ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Дудакъ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: КӀупхъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: КӀупхъ
Латин цӀэр
Tetrax tetrax Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 563379
NCBI 172684
Tetrax tetrax

КӀупхъ (лат-бз. Tetrax tetrax) — дудакъ хэкӀыгъуэм щыщщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хъунгъарым хуэдизынщ, дамэ лъэныкъуэр см. 25-28 нос. ТхыцӀэр фӀыцӀафэщ нэрынэ пшахъуэ-гъуэжьыфэхэр хэлъу, хъум и пщэм кусэ хужитӀ зэтету ирокӀуэкӀ, ныбэ щӀагъыр, дамэку къабзийхэм я кӀэхэр, кӀащхьэр хужьщ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

УщыпэщӀохуэ КъухьэпӀэ Еуропэм, Хы Курытым и Ӏуфэхэм, Кърымым, Хы ФӀыцӀэ къуэдмэзым, Къаукъазым деж — Азэрбиджаным. Нэхъыбэу здэпсэур щӀы тафэ зытемылэжьыхьхэращ. Ищхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэхэм щӀымахуэр Африкэм щырах, Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Къаукъазым щӀымахуэми щыплъагъунущ.

ПсынщӀэу къежыхьыф. ЩӀылъэрыгъуалъхьэщ, къизышыр анэращ, хъум шырхэр анэм депӀ.

КӀупхъхэр иужьырей зэманым икъукӀэ мащӀэ хъуащ, губгъуэхэр нэхъыбэу зэравэм, куэду къызэраущэкӀум къыхэкӀыу. Ахэр Къаукъазым бэгъуауэ зэрыщыӀам и щыхьэтщ Стрепетово къуажэцӀэр (иджы Николо-Александровскэ, Ставропол къэралым).

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏусым хохьэ къэкӀыгъэ, хьэпщхупщ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.