КъикӀыхэкӀ
КъикӀыхэкӀ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
КъикӀыхэкӀ (лат-бз. Saxicola rubetra) — жьыкъан лъэпкъ, къикӀыхэкӀ лъэпкъэгъущ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Теплъэр къызэрыкӀуэу дахэщ. Хъухэм я тхыцӀэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, къабзий, цы гъунэхэр — щхъуэ-улъияфэщ. Пэ лъэдакъэм къыщыщӀэдзауэ нащхьэмкӀэ набдзэ хужь ирокӀуэкӀ. Дамэхэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ ӀэпапӀэ хужь тӀурытӀ яхэсу. Жьэгъур, хулъащхьэр, джабэхэр гъуэжьыфэщ, ныбэ, кӀэ щӀагъхэр хужь-гъуэжьыфэщ. КӀэ къыхэкӀыпӀэр хужьщ, ауэ кӀапэ дыдэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ. Анэхэм я теплъэр нэхъ фагъуэщ. Унэбзум нэхърэ нэхъ цӀыкӀущ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу мэз лъапэхэм, мэз гъэуапӀэ чыцэу зэхэкӀэжахэм, удз кӀыр здэщыӀэ хъупӀэхэм, бгыхэм. Еуропэ псом ущыпэщӀохуэ, щӀымахуэр Африкэ Курытым щрехыр. Къаукъазым деж м. 2000-м нэс зи лъэгагъ къущхьэхэм щыӀэщ. Абгъуэ щащӀ удз Ӏув щӀагъым, зэзэмызи — жыг уахэм я лъабжьэ щӀагъым.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъыщхьэу и Ӏусыр гъудэбадзэ, хьэпщхупщ, нэщӀэпкӀэ, бэдж нэмыщӀыуи мэракӀуэхэкӀ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.