Унэбзу хэкӀыгъуэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Унэбзу хэкӀыгъуэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Латин цӀэр
Passeriformes
(Linnaeus, 1758)


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178265
NCBI 9126

Унэбзу теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Passeriformes) — къызэщӀеубыдэ лъэпкъ, лӀэужьыгъуэ куэд дыдэ.

Хьисэп къызэращӀамкӀэ, щӀыгум къуалэбзу лӀэужьыгъуэ тетым и процент 63 унэбзу хэкӀыгъуэщ, дэни уащыпэщӀэхуэнущ, Антарктидэм къинэмыщӀауэ. Я нэхъыбэр жьгъейщ, курытхэри яхэтщ, г. 3-4-м къыщыщӀэдзауэ 1,100-1,600-рэм нэс къашэч.

Унэбзу хэкӀыгъуэхэр моногамнэщ, хьэӀулэщӀхэщ. Шырхэр джэдыкӀэм къопщ цыншэу, я нэхэр къэмыпщӀауэ. МахуипщӀ хуэдизкӀэ ягъашхэ, апщӀондэхункӀэ цы къатокӀэри абгъуэм къолъэтыкӀ. Къуаргъым къинэмыщӀа, адрей унэбзу хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм кӀэцӀын яублэ илъэс нэбжым иту. Къуаргъхэм — илъэситӀым. Илъэсым зэщ цы зэрапхъыжыр. Ӏусыр хуабжу зэщымыщщ.

ХэкӀыгъуэм къызэщӀеубыдэ лӀэужьыгъуэ 5,100-рэ, лъэпкъ 66-рэу, хэкӀыгъуэ къуэдзэ плӀыуэ гуэшыжауэ. Ищхъэрэ Къаукъазым икум узщыхуэзэ унэбзу хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм ятеухуащ орнитолог Молэмусэ Хьэжмурат и лэжьыгъэ щхьэхуэ.

ХэкӀыгъуэ къуэдзэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.