Къажьыкъ лъэпкъыр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къажьыкъ лъэпкъыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къажьыкъ лъэпкъыр
Латин цӀэр
Laniidae Rafinesque, 1815


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178509
NCBI 9193

Къажьыкъ лъэпкъыр (лат-бз. Laniidae) — унэбзу хэкӀыгъуэщ, адрей лъэпкъхэм ӀупщӀу къагуощхьэхукӀ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Я пэхэр лъэщщ, цыр щабэ мыӀувщ, дамэхэр кӀэщӀ хъурейщ. Хъухэмрэ анэхэмрэ теплъэкӀэ зэхуэдэщ. Лъэбжьанэхэр лъэщщ, папцӀэ гъэшащ. Илъэсым зэ цы япхъыж.

Здэпсэухэмрэ шэнымрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЛӀэужьыгъуэ 67-рэм щыщу 10-м Урысейм и щӀыналъэхэм уащыпэщӀохуэ. Я нэхъыбэр псэущхьэшхщ, лъэтэж къахокӀ. Абгъуэр егугъуу щащӀ гъурцхэм, е жыг къудамэхэм, мэз Ӏувхэм зыпыӀуадз. Шхын гъэтӀылъыгъэ ящӀ, банэхэм, жыг къудамэ папцӀэхэм къаущэкӀур фӀаӀуурэ.

Щопсэу Африкэм, Азиэм, Аустралиэм, Ишъхъэрэ Америкэм, Еуропэм я гъурцхэм, мэз лъапэхэм, мэз кусэхэм.

ЗэхэгъэкӀыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Лъэпкъыгъуищу зэхагъэкӀ, ахэр:


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.