Jump to content

Ганг

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Ганг
गङ्गा
Сурэт
Варанаси къалэм нэхушъыр зэрекӀуэкӀыр
КӀыхьагъыр: 2,700 км
Псыхъуэм и инагъыр: 1,060,000[1][2] км²
Псыуэ ихьыр: 12 мин м³/с[3]
И пэр: Бенгал хыжэ
Хэкур: Индиэ
Бангладеш
Непал
Хэку къедзыгъуэхэр: Индиэм и штатхэр:
Уттаракханд, Уттар Прадеш, Бихар, КъуэхьэпӀэ Бенгал
ЩӀыпӀэтхыпхъэ
Ганг Уикисурэтылъэм

Га́нг (хин-бз. गंगा) — дунем и нэхъ инхэм ящыщ (Брахмапутрар хэту ещанэрей мэхъур псы ихьымкӀэ и инагъыр Амазонэмрэ Конгомрэ яуж).

Нэхъышъхьэ тепсэлъыхьыгъуэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Гангыпшъэ
Гангыпшъэ

Псыхъуэмрэ ПсыежэхыпӀэ лэныкъуэмрэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гангыр и псыхъуэм и нэхъыбэмкӀэ губгъуэ псыуэ хъуас яхьчу щыт, и псыр хому, шъэху ежэху, и къыхэжыпӀэр Гималайхэм и лъэгапӀэхэм зэрхэлъым емылъытауэ, псы бжыгъи зыхештэ, есым хуэдуи къушъхьэхэм къыхэжу щытхэр. Индо-Ганг гъубгъуэр, псым и нэхъыбэ ежэхыпӀэр зи Ӏэхьэ хъуам, зандэфӀу щыт. Зэхуэлъытэгъуэ яхуэшъамэ лъэгапӀэ Дели идежь щыӀэмрэ (Джамна псым) Бенгал хыжэмрэ зи зэхуакухэм км 1,600 дэлъхэм, зэшъхьэщыкӀыгъу я лъэгапӀэхэр зэрыхъур 210 метру.

Ганг и гъогур бжыгъэгъэ зэрихъуэкӀыурэ йожэхыр, и къыхэжыпӀэм щыкӀэдзауэ ипшъэ-къуэхьэпӀэмкӀэ йожэх, Харидварым щыкӀэдзауэ ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ, апхуэду Аллахабадым нэс йожэхыр, яужым Кошим нэс занкӀыу къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ, Кошим яужкӀэ ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ. Абы пэтрэ и псыхъуэ нэхъышъхьэмрэ и жэ гуэрэхэмрэ ипшъэ-къуӀкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ йожэххэ, яужым ипшъэмкӀэ ягъазу Бенгал хыжэм идежь, пэмыкӀ псы хэлъадэхэр Бхагиратхирэ Джалангирэ хуэдэхэр зкӀыпӀи ямыгъазурэ, занкӀыу ипшъэмкӀэ йожэххэ. Жэхэм ящыщ гуэрэхэр Брахмапутрарэ Мегхнарэ я жэхэм хэлъадурэ зэгъусу хыжэм хохуэхэ. Псым и бгъуагъыр и кум и дежь, нэхъ индыду здэщытым здынэсыр метрэ 800 щыкӀэдзауэ 1,500 метрэм носыр. Псыхъуэм и кӀагъымкӀэ жэ бжыгъу зэхэкӀын кӀедзэ, Брахмапутра дэкӀыгъу зы пэуэ зэхэлъадэху, а пэм и кӀыхьэгъыр км 300 мэхъур, и бгъуагъыр км 350 хуэдиз.[4][5].

Псы ихьымрэ псы зыхичэмрэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Гангыр Ришикеш къалэм де.

Ганг и пыхъуэр Ипшъэ Азиэм и нэхъ ину щыт. КӀыхьэгъкӀэ Гангыр Индымрэ Брахмапутрамрэ нэхъри нэхъ цӀыкӀу щыт щхьэкӀэ, и псыхъуэм и инагъкӀэ япэ ярыт, шӀыпӀу иубыдыр - 1,060,000 км², Брахмапутрам и псыхъуэри хэтмэ (зы дэкӀыгъу Гангым зы пэ зиӀэр) зэрыхъур 1,643,000 км².

Псым и ныкъуэр къызхэкӀыр уэшхыпс, ипшъэ-къуэхьэпӀэ муссонхэмрэ тропик циклонхэмрэ къахуэхэм (и пэм и лъэныкъуэгъуэмкӀэ) мэкъуауэгъуэм щыкӀэдзауэ джэпуэгъуэм нэс, адрей и ныкъуэр ткӀуэпсым къыхокӀ, Гималайхэм телъ уэсым къыхэжу мэлъыжъыхьымрэ бадзэуэгъуэмрэ я зэхуакум. Дыгъэгъазэмрэ шӀычылэмрэ псыхъуэм макӀэдыдэ уэпсу хэхьэр. Нэхъыбэм зэрыхъумкӀэ псыхъуэм и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм уэуэ къехыр 760 мм/гъэм мэхъур, къуэкӀыпӀэм 2,300 мм/гъэм фӀокӀыр. Псыхъуэм и нэхъыбэм , и пэм щымыхъукӀэ уэуэ къехыр зэрыхъур 760-1,500 мм/гъэм. И пэм циклон уэшхышхуэхэр къошхыр муссонхэм я гъэми, яужми, гъатхэпэмрэ джэпууэгъуэмрэ я зэхуакум.

Уэхэм я гъэр зэпыуду зэрекӀуэкӀым шъхьэкӀэ, псыр илъэс къэс къиуа мэхъур, зэгъэпшэгъуэкӀэ Нил къызэриум хуэду ину щымытми. Зэпхахэр псы зэманыгъуэ нэхъышъхьитӀ — мэлыжъыхьымрэ бадзэуэгъуэмрэ я зэхуакум (уэсыр къушъхьэхэм щыткӀум), мэкъуауэгъуэмрэ фокӀадэмрэ я зэхуакум (муссонхэр щекӀуэкӀым). Абым хуэду муссонхэм я гъэм къалэ Варанасирэ Аллахабадымрэ ядежь, псыр метрэ 15-16 къиуфыну[6]. ШӀымахуэм псыр нэхъ цӀыкӀу дыдэ мэхъур.

Псыуэ ихьыр иныфӀу щыт, къэлъытэгъуэм шъхьэкӀэ Варанаси къалэм идежь и пэм 1,224 км пэщылъым, гъушъэгъуэ гъэми Гангым и бгъуагъыр 430-440 метрэ мэхъур, и кууагъыр метрэ 12 носыр, уэшххэм я гъэм и бгъуагъыр 900-950 метрэм носыр, кууагъыр метрэ 20-м. Бенгал хыжэм псыуэ хихьэу къэлъытэр 12, 000 м³/с.

Илъэс псоми Ганг и псыр утхъуа Ӏэуэ щыт, уэпсхэм къахэкӀауэ емытӀысэх фӀеигъуэхэр зэрыхэлъым шъхьэкӀэ. Гъэ къэс и пэм хохуэ 180 млн м³ уэуэ абым теухуа, Бенгал хыжэм и фэм зыкӀизэрихъуэкӀыр, Ӏуфэм км 150 пэщылъу гулъытэгъуэ зэптыфынум. Псыр къиуа яуж щехыжькӀэ, ятӀэгъуэ куэд къегъанэр псыхъуэм, губгъуэ лэжьыгъэхэм куэду къыхуэшъхьэпэр.

Алакнандамрэ Бхагиратхимрэ я зэхэлъэдэпӀэр, Ганг къезгъажьэхэр
Тадж Махалыр Агра къалэм, Джамна и уфэм Ӏутыр.

Ганг хэлъадэ псыхэр зэмыхьчу щытхэ, къызхэкӀахэмкӀи зэхэтыкӀэмкӀи.

Гангыр лъэныкъуищу мэгуэчыр: пшъэ лъэныкъуэ (км 800 хуэдиз, къыздыхэжым щыкӀэдзауэ Канпур къалэм нэс), курыт лъэныкъуэ (1,500 км хуэдиз, Канпурым щыкӀэдзауэ Индиэмрэ Бангладешымрэ я гъунапкъэм нэс), кӀэ лъэныкъуэ (км 300 хуэдиз, Бангладеш гъунапкъэм щыкӀэдзауэ псым и пэм нэс).

Гаумукх - Бхагиратхи и къыхэжыпӀэр Ганготхри мылыжъым идежь, Ганготхри-хьэблэм и гъунэгъу.

Нэхъышъхьу къызыхэкӀыр Гангыр Бхагиратхирар (Ганг и жэ Бхагиратхым хумыгъэгъуащэ), Гаумукхым дежь кӀидзу лъэгапӀэ 7,756 метрэм (Ганготхри мылыжьым и лъабжъэ лъэныкъуэ) Гималайхэм, индиэ штат Уттаракхандым. КъыкӀэжыпӀэм гъунэгъу бгъэдэлъ мылыжъым ицӀэ зезыхьэ хьэблэ Ганготри - Ганга гуащэм и псэупӀэ, хиндудиным пылъ цӀыхухэм я зы тхьэлъэӀупӀэхэм ящыщу.

Ишъхьэрэ-къуэхьэпӀэмкӀэ ежэху Бхагиратхир, хьэблэ Бхайронгхатим дежь, лъэгапӀэ 2,770 метрэм хеубыдэ Джадх Ганга - уэр псыр, япэрей зэмэнэгъуэхэм еуропейхэм Ганг и къэхыжыпӀу къалъытэтэр. ЯужкӀэ псыр Гималай ЛъэбжъэгъуэмкӀэ йожэхыр 2,478 метрэ лъэгапӀэхэм, Девпраяг хьэблэм дежь, лъэгапӀэ 636 метрэм хеубыдэ псы Алакнандар, гималай мылыжъхэм къыхэжыр. А пӀэм щыкӀэдзауэ псым и цӀэр «Ганг».

Гангыр Гималайхэм хэт къалэ Ришикешым дежь

Бхагиратхимрэ Алакнандамрэ я псы зэхэлъэдахэр бгы Шиваликхэм хожыр, лъэгапӀэ 403 метрэм хуэдизым ауш къалэ Харидварым дежь, яужым псыпцӀэ губгъуэ Терам холъадэ, абым хэжа нэуж Инд Ганг губгъуэм хохьэ. И пшъэ лъэныкъуэм Гангыр уэр псыуэ йожэхыр, и нэхъыбэм ипшъэ лъэныкъуэм, къушъхьэхэм къыхэжа яуж, нэхъ хом мэхъури ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ егъазэ. Губгъуэм илъэда яуж псым кхъухьхэр ирикӀуэфын щыхъур, ауэ, Ганг каналыр ямышъа кӀышъэ кхъухьхэр, псымкӀэ дэкӀуэифхэт иджырей Раджаджи паркым нэгъунэ.

Гангыр Аллахабад къалэм и пэм

И ку лъэныкъуэм Гангыр нэхъ хому ежэхын кӀедзэ, хыжэм ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэгъымкӀэ хуэку, бжыгъэрэ игъэчу и гъогур, а гъэчыгъэхэм къалэ инхэр тет: Канпур, Аллахабад, Мирзапур, Варанаси, Патна, Бхагалпур, Раджшахи пэмыкӀхэри. ЗандэгъуэкӀэ псым а и лъэныкъуэгъуэм и кӀыхьэгъыр 1,529 км нэхъ мыхъуми, гъэчыгъэхэмкӀэ кӀыхьэгъыр бжамэ зэрыхъур 2,597 км. Каннауджым нэмысу сэмырабгъу лъэныкъуэмкӀэ Гангым псышхуэ Рамгангэр холъадэ. АткӀэ, Аллахабадым дежь, Гангым и нэхъ ину хэлъадэ псыр зыхеубыдэ - Джамна, Гангым дэкӀыгъу хиндудиным пылъхэм шъхьэкӀэ ауш «Сангам» мэхъур, и псы къабзэмкӀэ Ганг утхъуам и псыхъуэр метрэ 800 нэхъ бгъуэ ешъыр. Гангым и псыр куэду зэрыхахым шъхьэкӀэ, Джамнам тӀоуэ нэхъыбу псы ехьыр Гангым нэхърэ я зэхэлъэдэпӀэм дежь, абым шъхьэкӀэ гидрологиэ хабзэмкӀэ, абыдем щыкӀэдзауэ псым цӀэуэ зэрихьэн хуэр «Джамна», ауэ, хабзэжъ джылэм хэлъымрэ, динымрэ теухуауэ а Ӏохум гулъытэгъуэ ираткъым. Аллахабадым дежь Гангым и сэмырабгъумкӀэ холъадэ Гамти, ижьырабгъумкӀэ Тамсара Карманашара, Патнам и шъхьэмкӀэ - сэмырабгъумкӀэ Гхагхра, ижьырабгъумкӀэ Сон, Патнам пэщылъ Хаджипурым дежь псышхуэ Гандакир холъадэ.

Гангым телъ кхъуафэхэр, Варанаси къалэм и гъунэгъу.

Бхагалпур къалэм дежь, Гангым псышхуэ Кошир еубыдыр, Гималай къушъхьэхэм къыхэжыр. И курыт лъэныкъуэгъуэм бгъуагъ метрэ 1,500 щынэсым и кууагъри метрэ 10 здыфӀэкӀым, Гангым фӀыуэ ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ егъэч, Инд Ганг губгъуэм и нэхъ занкӀэ лъэныкъуэм ихьу. Абдежьы щыкӀэдзауэ и кӀэ лъэныкъуэр щыкӀедзэ, жэ бжыгъэкӀэ зэхэкӀыу. Сахебганджым дежь, сэмырабгъумкӀэ Бхагиратхи-жэ ин хокӀыр, Гангым и псыхъуэ нэхъышъхьэм абы щыкӀэдзауэ цӀэ зэрихьэр Падма. Км 100 фӀэкӀауэ Падмэм щыкӀэдзауэ иджыри зы жэ ин хокӀыр Даланги ицӀу.

КӀэ лъэныкъуэмрэ псыпэмрэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Мегхна жэр, Ганг и делтэм
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Ганг и делтэр

Губгъуэ лъашӀэм км 160 хэкӀа яуж Бжагиратхирэ Джаланги жэхэр зыуэ зэхолъадэхэ Хугли жэ джоуэ, абым къалэ Калкуттар тет. Псы Дамодарым Хуглимрэ зэхэлъэда яуж, къалэ Чанданнагарым де, хы кхъухьхэр ирикӀуэфын мэхъур Хуглим, хы тӀыгу Сагар идежь, Калкуттам и кӀагъымкӀэ ехамэ Бенгал хыжэм холъадэ. Псым и ныкъуэр жэ Хуглим ирита яуж Ганг и жэ нэхъ ин Падмар ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лэныкъуэм темыкӀыу йожэх, жэ цӀыкӀу бжыгъэкӀэ зэхэжу, сэмэгурабгъумкӀэ псы иныфӀ Махананду зыхиубыду, къалэ Раджбаромэ дежь Джамунар зыхеубыдэ, Брахмапутрам и жэр.

Ганг и делтэр

ПситӀыр зэхэлъэда яуж, зэдэкӀыгъху Бенгал хыжэм холъадэхэ Мегхнари ядэкӀыгъу. Раджбаромэ щыкӀэдзауэ Гангрэ Брахмапутрарэ я делтэдыдэр кӀедзэ, дунем и нэхъ ину, и нэхъ лъэшу щытыр, счыгъуи зэзыхъуэкӀыр. Хуглирэ Мегхнэрэ я зэхуакум шӀыпӀэ дэлъым цӀэ зэрихьэр Сундарбан - бжыгъэ псыкӀэ, псыпцӀэкӀэ, хыблыгукӀэ зэхэту, Бенгал хыжэм и гъунэм ирикӀу км 265-кӀэ, и бгъуагъыр км 350 хъууэ, псыгу бжыгъэхэр ятӀэгъуэм зэтрихьам ящыщу кӀэху къэхэкӀху къэзэрхэкӀам хуэду кӀэхуи кӀуэдыжьху, мэз дэгушхуэ къэкӀхэр псыр къыщикӀым дежь зэкӀештэр, щехыжьым ятэгъуэ псэушъхьэ, къэкӀыгъэ къихьахэр къигъану.

Ганг и делтэр къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмрэ (нэхъ уэрыр) къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмрэ (нэхъ хомыр) джоуэ мэгуэчыр. Сундарбаныр дунем и нэхъ ину щыт хэку мангрохэм я мэзхэмкӀэ, Ганг и делтэм и зы лъэныкъу щыт, делтэ кӀуэцӀым шӀыр кӀэху мэгъушъыр псыр къикӀа яуж, Бенгалиэм и шӀы нэхъыфӀхэр къыхэкӀыу абым. Джыпсту а хэкур зыкъэмыну джыпӀэ хъуну аграриэм шъхьэкӀэ къагъэсэбэпыр, лъэныкъуэ цӀыху здимысу къэнахэр мэз дэгу бэлыхьэкӀэ зэкӀэкӀауэ щытхэ. Псыдэм, хыдзэм, тропик циклонхэм ямылъытауэ Ганг и делтэм дэмыкӀыу 145 млн цӀыху дэс (апхуэду 1961, 1991 гъэхэм апхуэдэ уаиэхэм цӀыху 700 мину хэкӀуэдат).

Гавиал.

Тхыдэ тхылъхэм къызэрикӀым Гангрэ Джамнарэ я псыхъуэхэм мэзышхуэхэр къыщыкӀхэт, XVI-XVII лъэхъэнэхэм нэс мы лъэныкъуэм шӀыпӀэ цӀыхур здынэмӀэсахэр иджыри щыӀэт. А мэзхэм бэуэ щыпсохэт - пылхэр, хывхэр, лиуанхэр, къаплъэнхэр, риноцеросхэр. Ганг и псыхъуэ бэгъуам бзу лӀэужъыгъэ бжыгъэхэр щопсо, бжъэжъеуэ лӀэужъыгъу 140 мы нэхъ мыкӀыу, рептилэхэм 35 ящыщ лӀэужъыгъу, шэрыпӀхэм 42 лӀэужъыгъу.

Мы шӀыпӀэм псэушъхьэ кӀуэдыжьэм ящыщхэр щопсо, хъумэныгъэ ӀэнатӀэм щӀэтхэр, абыхэм ящыщ: бабуин, мышъэ гъуабджэ, бажьэ, щомышъ, ирбис. Шъыхьхэм ящыщ лӀэужъыгъуэ зытӀущ (абыхэм ящыщ Шъыхь уэгу), кабарга, хистрикс пэмыкӀхэр джоуэ. Абыхэм пэмыкӀыу бэуэ щопсохэр хьэнтӀрабгъуэхэмрэ адрей хьэпӀацӀэ къуэлэныфу щытхэмрэ.

Ганг хыкхъуэ.

Джылэ къэралым дэсым и бжыгъэр куэду зэрхэхъуэм шъхьэкӀэ Гангым и псыхъуэм иса фаунэр хомурэ мэз къэнэжьахэмкӀэ хэхьэжьа. Инд Ганг губгъуэм пэкӀэхуэ хъуну зэзэмызэкӀэ шъыхь, мэзыкхъуэ, мэз джэду, дыгъужь, бажьэ лӀэужъыгъуэ бжыгъэхэр. Псым хэм псэушъхьэхэм ящыщхэр: ганг хыкхъуэ лӀэужъытӀ, ганг хыхьэ пэмыкӀхэр джоуэ.

Нэхъыбу псэушъхьэ-къэкӀыгъуэ зэхэтыкӀэр къыздэнар псыпэм дежь, Бенгал хыжэм здыпэкӀэхуэм, Сундарбан дежь. А лъэныкъуэм иджыри къэна фӀыуэ зэрамгъэшъа флорэм щыщ лӀэужъыгъэхэр, абыхэм пэмыкӀыуи псэущхьэхэм я пщы хэкум щыщ бенгал къаплъэн. Хэкум щыщу бжъэжъэй къебжэкӀа хъынухэм я щыщхэр: нотоптэридхэр (лат-бз. Notopteridae), ципринидэхэр (лат-бз. Cyprinidae), клариэ батрачусхэр (лат-бз. Clarias batrachus), анабантидэхэр (лат-бз. Anabantidae), чанос (лат-бз. Chanos chanos) джоуэ.

Лъэпкърэ динрэкӀэ зэхэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ганг и псыхъуэм джылу дэсым 2201 гъэмкӀэ я бжыгъэр зэрыхъуар млн 500 цӀыху, Индиэм, Непалым, Бангладешым я шӀыпӀэхэм, абым пэмыкӀыу мыкуэду Хъутэймрэ Бутанымрэ. НэхъыбаӀуэм мыбдежьым лъэпкъ зэхэдзыгъуэ яшъкъым, лъыпкъ зыщыщыр (лъэпкъ цӀыкӀухэм щымыхъукӀэ) ямытху джылэбжыгъэ щырагъэкӀуэкӀкӀэ, гупхэр къызэрахагъэкӀхэр динымкӀэ иэ я бзэмкӀэ.

Ганг и псыхъуэм дэс джылэр зэхэпхъауэ щыт. КъуэхьэпӀэмрэ курыт лъэныкъуэмрэ джылэ дэсхэр я нэхъыбэм пэсырей дравид лъэпкъхэм къахэкӀахэра, яужым ариэ лъэпкъхэр яхэхьэри зы хъуахэ. Зэманыгъуэ текӀауэ турукхэр, монголхэр, афганхэр, къажэрхэр, хьэрыпхэр къахэхьэуэ щытат. КъуэкӀыпӀэмрэ ипшъэмрэ, нэхъыбэӀу Бенгалиэм, дравидхэр арийхэмрэ тибет бирма бзэхэм ящыщ лъэпкъхэм хэтӀысхьэхэт. Еуропей яужыреуэ къэкӀуахэтэр хэкум джылэм и нэхъ макӀэхэм ящыщхэ.

Псоуэ къапштэмэ псыхъуэм и джылэр бзэ пшъищым фӀэкӀыу мэпсалъэхэ, я нэхъыбэр инд-арий гумым ящыщу, абым фӀэкыу псалъэкӀэ 200 нэхъри нэхъыбэ зэрахьу. Псом нэхъри нэхъыбу щыт бзэр хиндубзэ (51-61 %), бенгалыбзэ (25 %, нэхъыбэм Бенгалиэм къагъэсэбэп), урду (6%), майтхили (3 %, нэхъыбэм Непалым), непалыбзэ (3 %, нэхъыбэм Непалым), панджаби (0,7 %), бходжпури (0,4-7,5%), тхару (0,3 %), тамангыбзэ (0,3 %), ория (0,3 %)[7]. Инджылыбзэр джылэбжыгъэм къамылъытами тӀуанэ бзэуэ, куэду къагъэсэбэпу щыт тхыбзэм.

Хэкум дэсым я нэхъыбэр хиндуигъэм пылъхэ, 75 % хуэдиз, бжыгъэкӀэ яуж итыр мыслъымэныгъэм пылъхэра 23 % хуэдиз, а псом я щанэ хуэдизыр Бангладешым дэсхэ, къэралым и нэхъыбу щыту. Дин гуп нэхъ цӀыкӀухэм ящыщхэр буддэныгъэ (0,8 %), сикхыгъэмрэ чыристэныгъэмрэ (0,5 % тӀуми яӀу), джайныгъэ (0,1 %)[8].

Псы хэлъадэхэм я тхылъ
КӀыхьэгъымкӀэ псыхэр зэхэдзауэ
КӀыхьэгъыр км. ЦӀэр Къэралыр
1 1376 Джамна Индиэ
2 950 Гхагхра Хъутэй (Тибет) • Индиэ
3 900 Гомати Индиэ
4 780 Сон Индиэ
5 630 Гандаки НепалИндиэ
6 592 Дамодар Индиэ
7 264 Тамса Индиэ
8 235 Карманаша Индиэ
9 205 Бхагиратхи Индиэ
10 200 Алакнанда Индиэ
Гъэлъэгъуа псыхэр зи кӀыхьэгъыр км 200-м фӀэкӀ
  1. Брахмапутрa и псыхъуэр хэмыту. Брахмапутрэ ер хэту — 1 643 000 км².
  2. Севетхэм я Энциклопедиэшхуэ
  3. Ganges discharge at Farakka station, India, 1949-1973. River Discharge Database
  4. Ganges-Brahmaputra River Delta Earth from Space (индж.)
  5. Британикэ Энциклопедиэм (индж.)
  6. Брокгауз-Ефрон и энциклопедиэ (урыс.)
  7. КъэӀохугъуэр къызхэхар Индиэ и джылэбжыгъэр 2001 гъэмкӀэ Непал и джылэбжыгъэр 2001 гъэмкӀэ, Бангладеш дэс джылэр бангладешыбзэ зезыхьэху ябжа псори — US dept. of State Background Note.
  8. КъэӀохугъуэр къызхэхар Индиэ и джылэ бжыгъэ 2001 гъэм, Бангладеш и джылэбжыгъэр 2000 гъэм (хъыбархэр Banglapedia) Непал и джылэбжыгъэр 2001 гъэм.