Гималайхэр
Гималайхэр | |
---|---|
ЗдэщыӀэр: | Афганистэн Бутан Индиэ Хъутейй Мианма Непал Пакистэн |
КӀыхьэгъыр: | 2,900 км |
Бгъуагъыр: | 350 км |
Ӏуащхьэ нэхъ лъагэр: | Джомолунгма м |
Лъэгагъэр: | 8848 м |
Гималайхэр Уикисурэтылъэм |
Гималайхэр (санскрит हिमालय «уэсым и шӀыналъэ», хин-бзэ. हिमालय, неп-бз. हिमालय, хъут.-бз. 喜馬拉雅山脈) — ШӀыгум и Ӏуашъхьэ нэхъ индыдэхэра. Гималайхэр Тибет бгылъэмрэ Индрэ Гангрэ я сэтей зэхуакум дэт.
Гималайхэм я шӀыпӀэр Индиэм, Непалым, Хъутеим (Тибетыр), Пакистэным, Бутаным хеубыдэ.
Гималай Ӏуашъхьэхэр Курытымрэ Ипшъэ Азиэмрэ я зэхуэзэпӀэм дежь хэт, и кӀыхьэгъыр км 2,400 фӀокӀыр, и бгъуагъыр км 350 хуэдиз мэхъу. Шытххэм я курытыгъуэ лъэгагъыр метрэ 6, 000 хуэдиз мэхъур, нэхъ лъагэдыдэр 8, 848 метрэ - Ӏуашъхьэ Джомолунгмара. Абым пэмыкӀыу Ӏуашъхьипшъ хэт зи лъэгагъхэр метрэ 8, 000 фӀэкӀыу.
Дуней зэхэтыкӀэм къышъхьэхэм дежь джылэ дэсым хьэцэпэцэ лӀэужъыгъэ зытӀущрэ кӀэртофрэ нэхъ ямгъэкӀыф шъхьэкӀэ я нэхъыбэр мэкъумэшым лэжьыгъэм пылъхэ, Ӏуашъхьэ задагъэм губгъуэ террасахэр трашъыхьу.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гималайхэр Индрэ Гангрэ я сэтейм я шъхьэщыту макӀуэ, щэуэ я лъэгагъыр хэхъурэ дэкӀуеуэ, япэрытхэр Шивалик Ӏуашъхьэхэра, абыхэм яужкӀэ кӀуэхэр Гималай цӀыкӀухэр ( абым хэту шытххэр Пир Панджал, Дхаоладхар пэмыкӀхэри) абыхэм къахэгъэкӀауэ къуэ кӀыхьхэмкӀэ (Катманду, Кашмир пэмыкӀхэр) Гималаишхуэхэр ирокӀуэ, ар мэгуэчыр лъэныкъуэху - Ассам, Непал, Кумаон, Пенджаб ГималайхэмкӀэ джоуэ.
Ӏуашъхьэ метрэ 8, 000 фӀэкӀхэр Гималаишхуэхэм хэтхэра, дэкӀыпӀэ нэхъ лъахъчэ дыду а къушъхьэхэм яӀэхэм я лъэгагъыр метрэ 4, 000 фӀокӀхэ. Гималаишхуэхэм нэхъыбу я зэхэтыкӀэр алп шытхху кӀуэуэ Ӏуашъхьэхэр, лъэгапӀэхэр ину зэшъхьэщыкӀху, мылэшъ инхэр ятелъу (я инагъыр мин 33 км² фӀэкӀху). КъуэкӀыпӀэмкӀэ а шытхыр Брахмапутра и къуэладжэм пеупкӀыр, къуэхьэпӀэмкӀэ Индым ем (а псы лъэшитӀым шытхым и лъэныкъуитӀыр къахъуреихь мэхъур).
Гималай цӀыкӀухэм я Ӏуашъхьэхэр нэхъыбэм метрэ 2, 400 носхэ, къуэхьэпӀэ лъэныкъуэ къуэдем дежь метрэ 4, 000 фӀокӀхэ.
Нэхъ лъахъчэ дыдэр шытхищым Ширваликыра - къушъхьэ псом и лъэныкъуагъкӀэ ирокӀуэ Брахмапутрэм щыкӀэдзауэ Индым нэс, лъэгагъкӀэ тэнэ деи метрэ 2, 000 фӀэмыкӀыу.
Гималайхэм Ипшъэ Азиэм и псы нэхъ лъэшхэр къахожыр — Брахмапутрар, Гангыр, Индыр.
Хьэйуар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гималайхэм Индиэ губгъуэжъымрэ Тибет бгылъэмрэ зэпечыр. Ӏуашъхьэхэм я ипшъэ егъэзыхыгъуэхэр жьыбгъэ гъэхэмкӀэ къеуэхэм я тегуплӀэныгъэм кӀохуэхэ, я цӀэр а жьыбгъэхэм муссон. Гъэмахуэм уэ бжыгъэ къохыр а лъэныкъуэм - къуэкӀыпӀэмкӀэ мм 4, 000 носыр, къуэхьэпӀэмкӀэ мм 1, 000 носхэр. Абым емылъытауэ ишъхъэрэ егъэзыхыгъуэхэр континент хьэйуам пышъа - шӀыӀу, гъушъу щытым.
Ӏуашъхьэхэм я лъагапӀэхэм дежь, гъэмахуэм шӀэӀэгъуэр -25 °C фӀокӀхэ, шӀымахуэм -40 °C фӀэкӀыу йохухыр. Абым пэмыкӀыу бэуэ жьы уае къоуэ, жым и псынкӀагъыр 150 км/сэхь. нэсу, дуней кӀэх зэхъуэкӀыгъуи.
Мылэщхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гималайхэм я мылэщхэм я инагъыр мин 33 км² мэхъур, уэсу ярылъыр абыхэм - мин 6,6 км³ хуэдиз. Мылыщэхэр я нэхъыбэм Ӏуэашъхьэ нэхъ инхэм, лъагэхэм я шъхьэгу хъуреягъым телъхэ. Мылыщэ нэхъ кӀыхьу щытхэр - Ганготримрэ Земамрэ (км 26), Ронгбук-ри яхэту, Джомолунгмам и ишъхъэрэ егъэзыхыгъуэм телъыр. Мыл къуэхэр, мыл ехуэххэмрэ мыл дурэчхэмрэ счыгъуи зызэрахъуэкӀ. ТкӀуэпс мылыщэхэм къакӀэжыр псышхуэ мэхъухэ — Брахмапутра, Ганг, Инд.
Ӏуашъхьэ нэхъ лъагэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Аранэ | Лъэгагъэр (м) | Къэралыр |
---|---|---|
Джомолунгма | 8 848 | Непал • Хъутей |
Канченджанга | 8 586 | Непал • Индиэ |
Лхоцзе | 8 516 | Непал • Хъутей |
Макалу | 8 463 | Непал • Хъутей |
Чо Ойу | 8 201 | Непал • Хъутей |
Дхаулагири | 8 167 | Непал |
Манаслу | 8 156 | Непал |
Нанга Парбат | 8 126 | Пакистэн |
Аннапурна | 8 091 | Непал |
Шиша Пангма | 8 012 | Хъутей |
КъэкӀыгъэхэм я пӀашъхьэгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гималайхэм фӀыуэ гъэлъэгъуэгъуэ ират къэкӀыгъэхэм я пӀэшъхьэгъуэ зэхэкӀыгъэр: лъэгухэм щыкӀэдзауэ аранэхэм нэгъунэ — терайхэм (псыпцӀэ джунглэхэр) зэрахъуэкӀ тропик мэзхэм, гъэ псом уджыфу щытхэр, яуж мэз тхьэмпэ пкӀашъхьэхэр макӀуэ, тӀанэ тхьэмпэбанэхэр, мэз зэхэтхэр, яужыреуэ къушъхьэхъу губгъуэхэр.
Ишъхъэрэ зандэгъуэхэм, нэхъ гъушъу щытхэм, муссонхэм я лъэшыгъэр здэкӀуэдым щӀынэкӀыгъуэхэмрэ губгъуэхэмрэ нэхъыбу ятелъ. Ӏуашъхьэ лъэгухэм саваннэ сурэту иэ тхьэмпэбанэ мэзхэр якӀэт, аткӀэ нэхъ мэз Ӏувхэр тхьэмпэ пкӀашъхьэхэр макӀуэхэр. КъуэхьэпӀэ лъэныкъуэм, лъэгапӀэ метрэ 1, 000 нэс бгыхэр псыпцӀэ мэзхэр ятет, джунглэхэм яхьчу, я цӀэр "терайхэ". Нэхъ лъагу тропик мэзхэр кӀадзэ тобылыгъухэр, чыцӀыбжъейхэр, енэб жыгейхэр якӀэту. Метрэ 2, 000 лъэгапӀэм щыкӀэдзауэ тхьэмпэ пкӀашъхьэ мэзхэр къожьэ жыгейхэр, магнолиэхэр, жыгдэгухэр, блачэхэр якӀэту. Метрэ 2, 600 здыфӀэкӀым тхьэмпэбанэ жыгхэр къожьэ, ябыхэми яхэту Гималай уэздыгъейрэ, Гималай псейрэ. ЛъэгапӀэ 3, 500 щыкӀэдзауэ 4, 000 нэс аӀуейгъурцхэмрэ, пабжъэ лъахъчэхэмрэ, къешъхьэ лыцхэмрэ къыщокӀхэ. Метрэ 5, 000 здыфӀэкӀ лъэгапӀэхэм шӀыпӀэр нэкӀыгъу мэхъухэр. Уэс мыткӀухэр здытелъ шӀыпӀэхэм я гъунапкъэр метрэ 4, 500 щыкӀэдзауэ (ипщъэ лъэныкъуэм), метрэ 6, 000 (ишъхъэрэмкӀэ) ирокӀуэхэ.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |