Бланэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бланэ
Бланэ
КъуэкӀыпӀэ-Америкэ Бланэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: ГъэнышкӀухэ
Лъэпкъ: Шъыхьхэ
Лъэпкъыгъуэ: Бланэхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Бланэ
Латин цӀэр
Alces alces Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт

Wikispecies-logo.svg
Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм

Commons-logo.svg
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 180703
NCBI 9852

Бланэ (лат-бз.: Alces alces, ур-бз.: Лось) — къэкӀыгъэшх псэушъхьа, шэрыпӀ, шъыхь лъэпкъым ящыщ.

Аплъэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бланэхъум икӀыхьагъыр м. 3 носыр, илъэгагъыр м. 2, 3, икӀапэр см. 12 - 13, ихьалъагъыр кг. 360 - 600; Урысейм идей КъуэкӀыпӀэ Джыжьэмрэ, Канадáмрэ кг. 900 носхэр. Бланэбзхэр нэхъ цӀыкӀу щытхэ. ИзэфӀэтыкӀэмкӀэ бланэхэр яшъхьащокӀыр пэмыкӀ шъыхьхэм куэдкӀэ. Ипкъымрэ ипшъэмрэ кӀэкӀыу щыт, икӀыбым джабэ тет, лъакъуэхэр кӀыхь Ӏэуэ щыт, абы шъхьакӀэ псы щефэнум идежь псым кууэ хэхьан хуэй иэ лъэгуанджэмышъхьакӀэ увын. Ишъхьар ину щыт, пэшхуэ пыту, Ӏупашъхьар ину, къыпылэлу щыту. Ифэр гъуабджэ-фӀыцӀу щыт, лъакъуэхэр псыфэнэхуэ щыт, хужьым нэхъ хуэкӀу.

Бланэхъухэм ин Ӏэуэ ( иджырей шэрыпӀпсэушъхьахэм я нэхъ ин ) бжъакъуэ ятет, я кӀапэ зэхуакухэм см. 180 дэлъу носыр, я хьалъагъыр кг. 20 - 30. Илъэс къэс бжъакъуэхэр похур шъакӀуэгъуэ - дыгъэгъазэхэм, гъатхэпэ – мэлыжьыхьам бжъакъуэкӀэ къытекӀэн кӀадзэ. Бланэбзхэр бжъакъуэншэ.

Здэпсохэмрэ зэрзэшъхьащыкӀхэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бланэр инэхъыбэм мэзхэм щопсоу ШӀыгум и Ишъхъэрэ, нэхъ макӀыу мэзкъуихэм, губгъуэхэм. Еуропэм здэпсохэр: Полшэм, Балтикэ къэралхэм, Чехым, Урысыхум, Украинэм, Скандинавхэм, Урысейикум; Азиэм - Ишъхъэрэ Монголым, КъуэкӀыпӀэ Китайм къыщыкӀэдзауэ Ишъхъэрэ Сыбырым нэгъунэ. Ишъхъэрэ Америкэм идей Аласкэм, Канадáм, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэм нэгъунэ АШЗ-м иштат Колорадом нэгъунэ.

Урысейм щыпсор мин 730 хуэдиз (дунем тетым иныкъуэм хуэдиз), езы дуней псом тетыр милыуан 1, 5 хуэдизу ялъытэ.

Лъэпкъу зэрзэшъхьащыкӀхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]