Бзуудзыфэ
Бзуудзыфэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Carduelis chloris Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
Бзуудзыфэ (лат-бз. Carduelis chloris) — бзупэгъум лъэпкъщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Унэбзум хуэдизщ, и теплъэм удзыфэ къыщӀоуэ гъуэжьыфи хэту. Анэр нэхъ фагъуэщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Ищхъэрэ-КъуэхьэпӀэ Африкэм. Къаукъазым гъунэжу щыӀэщ мэзхэм, жыг хадэхэм, паркхэм. Лъэтэжкъым. Ди хэгъуэгухэм бзуудзыфэр зэгуэгъу мэхъур гъатхэпэ мазэм и етӀуанэ Ӏыхьэм къыщыщӀэдзауэ. Апщыгъуэми анэхэм абгъуэ ухуэн яублэ щӀыгум пэмыжыжьэу жыг (нэхъыбэу псей) къудамэ зэгуэкӀыпӀэхэм. ХьэӀулэщӀ бзу лӀэужьыгъуэ псоми яхуэдэу шырхэр тхьэмахуитӀ хуэдизкӀэ абгъуэм исщ, анэми хъуми зэдагъашхэу. Абгъуэр къагъэна иужь зы тхьэмахуэкӀэ фӀыуэ лъэтэф хъуа шырхэм езыр-езыру псэун яублэ, анэр етӀуанэу мэкӀэцӀыж.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Я Ӏусыр лӀэужьыгъуитӀу зэхэтщ, гъэмахуэм — цӀыв хэкӀыгъуэ, хъумпӀэцӀэдж, нэмыщӀ, гъэмахуэкӀэмрэ бжыхьэмрэ — мэракӀуэхэкӀ, къэкӀыгъэ жылэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.