БжэнщӀэф
БжэнщӀэф | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Caprimulgus europaeus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
БжэнщӀэф (лат-бз.: Caprimulgus europaeus, ур-бз.: Козодой) — жэшбзу, бжэнщӀэф-лъэпкъым ящыщ, гъэмахуэкӀэ Еуразием икумкӀэ, Африкэм ишъхъэрэ-къуэхьапӀэ щопсохэ. Я инагъымкӀэ бзуупцӀэм хуэдиз мэхъухэр, ифэр гъуабджэ-псыфу щыту, пхъафэм, тхьампэ пыхуахэм къыхимгъэщу. Адрей бзу лъэпкъым хэтхэм хуэдууи нэшхуэхэр иӀа, пэ кӀэкӀ пыт (кӀэкӀ шъхьакӀэ бгъууэ щыт), и лъакъуэхэри кӀэкӀыу, шӀым къыщикӀухьын, иэ къудамэр пиубыдыкӀын тегъэпсыхьакъым (абы шъхьакӀэ къудамэм икӀыхьагъымкӀэ тотӀысхьахэ, адрей бзухэм хуэмыду). Здэпсохэр уэздыгъэмэз нэхухэм, мэз здырахахэм, мэзыку губгъуэхэм, Ипшъэ Еуропэм - тхьмпэпымыху, гъэпсом удзыфу щыт пабжъэ-банэхэм хэсхэ. ШӀымахуэм мэкуэчхэ, Африкэм Сахарэ пшахъуалъэм нэхъ ипшъэмкӀэ. Ишххэр хьапацӀэ, цӀыв Ӏамэ, здэлъатэм яшъакӀу.
ЗэрзэфӀэтыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏэплъэпкъыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ИкӀыхьагъыр см. 26 - 28 мэхъу, дамэ зэгуэхахэм я бгъуагъыр см. 54 - 60 мэхъу, я хьэлъагъыр г. 60 - 110 мэхъур. ИкӀыфэр тӀэкӀу кӀыхьу щыт, кӀыгуугум ем хуэду, дамэ кӀыхь-памцӀэхэмрэ, кӀапэ кӀыхьрэ иӀу. Пэр кӀэкӀ Ӏэй икӀы лӀахуэу щыт, ауэ бгъуэшхуэ. Лъакъуэхэр кӀэкӀ Ӏэуэ щыт, шӀым тес бзум уэплъмэ шӀыгум икӀыфэмкӀэ зыкӀэрикъузауэ тес хуэду щыт. Лъэхъуамбэ курытыр адрейхэм нэхъри нэхъ кӀыхьу щыт, пэмыкӀ лъэхъуамбэхэмрэ абырэ я зэхуакур фэкӀэ зэрыубыдауэ. Ицыр шъабу, пхъашу щыт, жьындум ям хуэду, абы шъхьакӀэ нэхъ ин хуэду къыпщохъур зэрщытым нэхърэ. Ифэр зэр хэгъуэщэным, къыхэмщыным тегъэпсыхьа, бзу мыхъеуэ жыг къудамэм тесыр, иэ тхьампэ гъуа шӀым телъым хэсмэ къэплъэгъун гугъ Ӏэй. ИкӀыфэм ишъхьар гъуабджэ-псыфу щыт, уэгу гъуэплъ, фӀыцӀэ, гъуабджэ хэпхъауэ. Ныбафэр гъуабджэ-пшахъуафэ, уэгу нэхъ кӀынфӀу хэпхъауэ. ИнэкӀагъхэм фӀыуэ къыхэщу, хужьу цӀэла хуэду щыт. Ипшъэ лъэныкъуитӀым хужьыбзу хъуреитӀ хэлъ (хъухэм), плъыжь (бзыхэм). Абы пэмыкӀыу хъухэм я дамэпэхэми хужь хэлъ, кӀапэц гъунэхэми япэм, адрей псомкӀи хъухэмрэ бзыхэмрэ зэхуэду щытхэ. Бзу нэхъ кӀалэхэр я сурэтымкӀэ бзым нэхъ ехьчу щытхэ.Я пэр фӀыцӀэ, нэ хъуреягъхэр фӀыцӀэ-гъуабджу щыт.
ЦӀыху иэ псэушъхьа шъакӀуэ къыбгъэдыхьу къышъэмэ бзу щысым, зыхегъэгъуащэ шӀым иэ къудамэм зыкӀэрикъузу. Ауэ гъунэгъущу бгъэдыхьамэ, бзур псынкӀыу, шъэху долъэтей, мэ джыжьу зыкӀыпэ олъэтыкӀ.
Макъыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ИфэмкӀи бжэнщӀэфыр къыхэмыщу щыт шъхьакӀэ иуэрэд джэӀакӀэмкӀэ цӀэрыӀу щыт, адрей бзу макъхэм емыхьчу 1 км. ипэджыжьу ущыӀами зэхэпху. Къэгор хъура, жыг гъуа къудамэм тесу мэзыку губгъуэм иэ мэзгъунэм итым. Иуэрэдыр мы джану, кӀыхьу щыт «тр-р-р-р-р-р-р» джоуэ, хьандыркъуакъуэхэм джаӀам ехьчу ауэ нэхъ ину. Апхуэдэ уэрэдыр зэпимыуду бджэхьашъхьам къыщыкӀэдзауэ пщэджыжь нэгъунэ джеӀа, имакъ инагъымрэ, уэрэдым икӀыхьагъымрэ зэрихъуэкӀыурэ. Бзу гъэщтам иуэрэдыр гомакъ «фирр-фирр-фирр...» хуэду зэпиудыфыну. Къэкуэча яуж хъум махуэ зытӀущ дигъэкӀауэ уэрэд джиӀан кӀедзэ, апхуэду гъэмахуэ псор йокӀуэкӀыр, тӀэкӀу щызэпиудыр бадзэуэгъуэм икум къыщыкӀэдзауэ икӀэм нэгъунэ.
Здэпсохэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]БжэнщӀэфыр абгъуэ здишъыр, здэпсор ишъхъэрэ-къуэхьапӀэ Африкэмрэ Еуразиэмрэ я хуабэ, курыт лъэныкъуэхэм, къуэкӀыпӀэмкӀэ Байкалым нэсху. Еуропэ псом щопсоухэ, Хы Курытым ихы тӀыгухэри хэту, ауэ Еуропэ курытым нэхъ макӀыу. Нэхъ кӀасу здэпсохэр Переней хы тӀыгуныкъуэм, КъуэкӀыпӀэ Еуропэм. Здэмыпсохэр Ислэндым, Шотлэндымрэ Скандинавымрэ я ишъхъэрэ лъэныкъуэхэмрэ.
ШӀыпӀэ здыхэсхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Здыхэсхэр шӀыпӀэ зэӀухауэ, гъушъу щытхэм, дыгъэм фӀыуэ къыгъэхуабэхэм. Абгъуэхэр яшъыным шъхьакӀэ нэхъ къахуэсэбэпыр тхьампэ гъушъэ шӀым телъыр, иэ езы лъэгур гъушъэфу щыту, хъуреягъыр фӀыуэ къаплъыхьыфу, абгъуэм занкӀыу, пари зэран хуэмыху дэлъэтеифыкӀыну абы пэмыкӀыу джэщ цӀыв-хьапӀацӀэхэр куэду щыӀану, игъуэтыфыну.
КӀасу уэздыгъэ мэзхэм кӀотӀысхьа иэ мэзкъуийхэм, зи лъэгу пшахъу щытхэм, мэз ихахэм я лъэныкъуэ гъунэхэм, губгъуэ гъунэхэм, псыхъуэхэм, псыпцӀэхэм ягъунэгъу. Ипшъэ, ипшъэ-къуэкӀыпӀэ Еуропэм куэду гъэ псом удзыфу щыт, тхьмпэпымыху пабжъэхэм хэс "Макитахэм", я лэгур ныву иэ пшахъу щыту. ИИшъхъэрэ Африкэм нэхъыбу здыхэсыр бжъэпэхэм пабжъэ мы инхэр ятету, лъэгур ныву. Губгъуэхэм здэпсохэр псыхъуэхэм дэт мэзхэм, къуэхэм жыг гуп къыздэкӀхэм иэ пабжъэхэм.
Здэкуэчхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]БджэнкӀэфыр бзу-куэчыхъуам хуэду, илъэс къэс джыжьу мэкуэчхэ бжыхьам. Лъэпкъым инэхъыбу Еуропэм иде абгъуэ зышъхэр шӀымахуэр къуэкӀыпӀэ иэ ипшъэ Африкэм щыӀахэ, бзухэм яныкъуэр къуэхьапӀэ лъэныкъуэмкӀэ мэлъатэхэ. ЛъэпкъцӀыкӀу meridionalis-хэр, Хы Курытым, Къаукъазым щыпсохэр шӀымахуэр ипшъэ иэ курыт Африкэм мэкуэчхэ, макӀыу къуэхьапӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀахэ. ЛъэпкъцӀыкӀу sarudnyi, unwini, dementievi губгъуэхэм иэ къушъхьа Азиэ Курытым щыпсохэр ипшъэ-къуэкӀыпӀэ Африкэм мэкуэчхэ. Абы пэмыкӀыу Джуртейм, Пакистаным, ишъхъэрэ-къуэхьапӀэ Индиэм unwini-хэм ящыщ мэлъатэхэ. Ипшъэ-къуэкӀыпӀэ Африкэм plumipes-хэми шӀымахуэр яхьыр. Куэду куэчыр йокӀуэкӀыр, ауэ бзухэр гупу зэхэту лъатэхэкъым, зэрызурэ мэкуэчхэ.
Зэрзэпыхьахэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЩызэфӀэувэхэр етӀуанэ илъэсур щекӀуэкӀым идежь ауэ шъхьагъусэ лъыхъуэн щыкӀадзэр иджыри зы илъэс текӀауэ абы яуж. Абгъуэхэм тӀурытӀу исхэ, инэхъыбэм япэгъэрей гъусэхэр зэхэхьажьурэ. Хъухэр махуэ 10 хуэдизкӀэ бзыхэм нэхърэ нэхъ псынкӀыу къагъэзэжьыр, абгъуэ здашъын пӀэ лъыхъуу, яужкӀэ уэрэд джэӀан кӀадзэ. Уэрэдхэр кӀыхьурэ ирачажьэ, я дамэхэмкӀэ ину тоуэхэ, зэгъачэрэзурэ къалъэтыхьхэ. Бзым пылъын щыкӀидзэкӀэ бджэнкӀэфыр хьантӀрабгъуэм хуэду хому мэлъатэ, зы пӀэм имыкӀыу жьм ерсу, апхуэдэм идежь ипкъыр занду щыт идамэхэр ину зэгуиху идамэцхэм хужь хъурей хэлъхэр игъэлъагъу.
Езы абгъуэр адрей бзухэм хуэду яшъкъым, джэдыкӀэхэр шӀым телъхэ: тхьампэхэм, уэздыгъей банэхэ къэшэшэхахэм яхэлъу. Нэхъыбэм пабжъэцӀыкӀу кӀагъым иэ къудамэ къэхуэхахэм хэт "абгъуэр", ауэ ихъуреягъкӀэ зэӀухауэ (зиплъыхьыфын шъхьакӀэ) иэ гузавэгъуэм шъэху, псынкӀыу дэлъэтеифын.
ДжэдыкӀэ щыгъэтӀылъыр накъыгъэм – мэкъуауэгъуэм, зэрыхъур нэхъыбэм 2, хуэкӀыхьу щытху. Яфэр цӀанлъу, лыду, хужьу иэ псыфу щыт нэхъ кӀынфӀу къуэлъэн хэлъу. Зэр тесыр махуэ 17 - 18 хуэдиз. Нэхъыбэм тесыр бзыра, зэзэмызэкӀэ пщэджыжьым иэ бджэхьашъхьам хъум зэрехъуэкӀыр.
Яшхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ЗэшъакӀуэхэр цӀыв, хьапацӀэ лъэтэхэм бадзэхэм кӀынфӀ щыхъум идежь. Нэхъыбу яубыдхэр джэщ-хьантӀрабгъуэхэмрэ джэщ-цӀывхэмрэ, нэхъ мыкӀыу аргъуейхэр, гъудэхэр, бжъэхэр...
ШъакӀуэн щыкӀыдзэр джэщ рэрыхъум хуэду нэху мыхъу кӀышъэ. Джэщым ишхын ирикъу игъуэтмэ зэпиудурэ зегъэпсэхур къудамэм иэ шӀым тесу. ЦӀывхэр нэхъыбэм щылъатэм идежь еубыд, зэзэмызэкӀэ къудамэм, нывэм, иэ пэмыкӀ гуэрэм тесу кӀэлъыплъурэ. Джэщым шъэкӀуа нэуж бджэнкӀэфхэр махуэм мэжейхэ ауэ жыгкӀуэцӀ гъуэхэм, бгъуэнкӀагъхэм жъындухэм хуэду загъэпшкӀукъым, къудамэм, шӀым тотӀысхьахэ.
Лъэпкъыр зэрзэшъхьащыкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Лъэпкъым ицӀэр лат-бз. Caprimulgus. Абы лъэпкъцӀыкӀу 6 къыхагъэкӀыр, я инагъхэмкӀэ яфэмкӀэ зэшъхьащыкӀху:
- C. e. europaeus - Курыт, ишъхъэрэ Еуропэм щопсоу къуэкӀыпӀэмкӀэ Байкалым нэгъунэ
- C. e. meridionalis - Ишъхэрэ-къуэхьапӀэ Африкэ, Переней хы тӀыгуныкъуэ, Хы Курытым ишъхъэрэ Ӏуфэр, Кърым, Къаукъаз.
- C. e. sarudnyi - Азиэ курытым къыщыкӀэдзауэ Алтай къушъхьахэм нэгъугэ
- C. e. unwini - Азиэм Иранымрэ Иракымрэ къыщыкӀэдзауэ къуэкӀыпӀэм Тян-Шан къушъхьахэм нэс.
- C. e. plumipes - Ишъхъэрэ-къуэхьапӀэ Хъутэймрэ; къуэхьапӀэ, ишъхъэрэ-къуэхьапӀэ Монголымрэ
- C. e. dementievi - Байкалым икъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмрэ, ишъхъэрэ-къуэкӀыпэ Монголымрэ