Jump to content

КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Жъынду къызыхэкӀар)
КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр
Латин цӀэр
Strigiformes Wagler, 1830
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177848
NCBI 30458

КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Strigiformes) — мыбы хохьэ жэщкӀэ щакӀуэ псэущхьэшх къуалэбзу лӀэужьыгъуэхэр. Абы тегъэпсыхьащ пкъым и гъэпсыкӀэри.

Я нэхэр пӀащэщ, гупэмкӀэ гъэзащ, тхьэкӀумэ гъуанэхэр инщ, тхьэкӀумэ къыпфӀощӀ бзий Ӏэрамэ пӀийхэу я щхьэбгъухэм тетыр. Дамэ кӀыхьхэщ, кӀагуэхэщ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ. Цы Ӏув щабэ ятетщ. Хъумрэ анэмрэ зэфэгъущ, ауэ анэр нэхъ пӀащэщ.

Здэпсэухэмрэ шэнымрэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Щопсэу мэз, къум, тундрэ, бхыгэм. Лъэтэжу яхэтыр мащӀэщ. Моногамнэхэщ. Абгъуэ лӀэужьыгъуэ нэхъыбэм ящӀкъым, щогъуалъхьэ жыг гъуанэхэм, къыр зэгуэкӀыпӀэхэм, абгъуэ ябгыныжахэм, псэуалъэхэм.

Я Ӏусыр псэущхьэщкъуалэбзу, гъудэбадзэ. КӀукӀумяухэр зэрыз дыдэ къанэмыщӀа, икъукӀэ сэбэп мэхъу, абы папщӀэ къэрал нэхъыбэм щахъумэ.

ЛъэпкъитӀ мэхъу, лӀэужьыгъуи 134 къызэщӀиубыдэу. Лъэпкъхэр:


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.