Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
БабыщыпцӀэкъуэлэн (лат-бз. Podiceps cristatus) — бабыщыпцӀэхэм я нэхъ пӀащэщ.
Къешэч ч. 1,4-м нэс. И теплъэр гъуэбжафэ-фӀыцӀэщ, щӀагъыр хужьщ, дамэхэм хужь кусэ тӀурытӀ ирокӀуэ. Зэуэ гу лъыботэр и щхъумч-гъуэжьыфэ пщампӀэм, натӀэмрэ щхьэщыгумрэ къэзэщӀэзубыдэ цы Ӏув хьэгуагуэ дыкъуакъуэм. ЩӀымахуэм пщампӀэр фӀокӀуэд.
Щопсэу Урысейми, апхуэдэуи Аустралиэм, Африкэм, Еуропэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Ищхъэрэ Къаукъазым щогъуалъхьэ къамылылъэ псы хуэмхэм. Ищхъэрэ щӀыпӀэхэм щыгъуалъхьэхэм щӀымахуэр Хы Каспий, Хы ФӀыцӀэ Ӏуфэхэм щрах.
Podiceps cristatus
Podiceps cristatus
Podiceps cristatus
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.