Бжьэшх

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бжьэшх
Бжьэшх
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къуаргъкъащхъуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Щу лъэпкъ
Лъэпкъыгъуэ: Щухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бжьэшх
Латин цӀэр
Merops apiaster
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 554661
NCBI 265611
Merops apiaster
Merops apiaster

Бжьэшх (лат-бз. Merops apiaster) — щу лъэпкъым хохьэ, нэхъ пӀащэхэм ящыщщ, бжэндэхъум хуэдизынщ.

И пэр Ӏувщ, мащӀэу къэгъэшауэ, кӀэ кӀыхь дахэщ. Жыгыщхьэпысщ, щӀылъэм щытӀысыр зэзэмызэ дыдэщ, жьажьэурэ зегъазэ, мэлъатэ. Хъум и теплъэр плъыжь-мамкъутыфэ, щхъуафэ мащӀэ къыщӀэурэ жыпӀэу. Нэхъ плъыфэщхулъащхьэр, жьэгъур, гъэр. Анэр гъуэжьыфэ-щхъуантӀафэщ. Щылъэтэжхэр хэкӀэсауэщ щакӀуэгъуэ-дыгъэгъазэм.

Ӏус нэхъыщхьэр бжьэ, хьэдзыгъуэнэ, гъудэбадзэ, пкӀауэ, цӀывхэращ. ГапкӀэрэ бжьаӀуэхэм ятеуэурэ зэран ин щырах щыӀэщ. АпщыгъуэкӀи ахэр гъэшынэгъуафӀэкъым, уеблэмэ фоч уэ макъым имыгъащтэу.

Бжьэшххэр щыӀэщ Еуропэм, Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм. Здэгъуалъхьэр мэзхэращ. Къаукъаз бжьэшххэр мэлъэтэж.

  • «Бжьэ уиӀэмэ щунэфыр (бжьэшхыр) зи щӀысыр пщӀэнщ» — адыгэ псалъэжь.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.